лъэдакъэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭДАКЪ(Э); TOPUK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Лъакъуэр зэрытеувэ щӀыбагъ лъэныкъуэр.
рупятка (ноги)
Абы зэ лъапэкӀэ, зэ лъэдакъэкӀэ теуэу Къэрэжан и пащхьэм зыщегъэуфафэ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
2. Туфлъэ, къатыр лъэгухэм щӀэукӀа къытелъэгыкӀыр.
рукаблук
Нал зыщӀэукӀа шырыкъу лъэдакъэхэр мэтӀыркъэ ину.— Ӏуащхьэмахуэ
3. КъэкӀыгъэ лъэдий пыупщӀам и кӀапэ нэхъ гъум лъабжьэм и гъунэгъуу щытыр.
рутолстый конец бревна
Зы бжэгъу кӀэщӀ щӀым хаукӀэр и лъэдакъэр занщӀэу пыхауэ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Жыг лъэдакъэжь гуэрым тест ар {хъыджэбзыр}.. спэмыжыжьэу.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (6)
лъэдакъэкӀэ гъэвэн
русильно наказать кого-л. (букв. заставить пахать пятками).
лъэдакъэ махуэ къыщынэн
русчастливо уйти из родного дома (о выходящей замуж девушке).
лъэдакъэм егъэпхъуэжын
рудать кому-л. жару.
УкъыкӀэрымыху, .. уи лъэдакъэм уезгъэпхъуэжынщ.— КӀыщокъуэ Алим
лъэдакъэм (лъэдакъэпэм) теувэн
лъэдакъэпэр пычын
2 ifade daha
лъэдакъэпэр пычын
рунаступать на чьи-л. пятки, настигать, догонять кого-л.
Бажэр ирахужьащ и лъэдакъэпэр пачу.— Дыщэ кӀанэ
псэр лъэдакъэм кӀуэжын
Еплъ: псэ
Kitapta geçtiği hali
лъэдакъэ 1. пятка (ноги) / Лъакъуэр зэрытеувэ щӀыбагъ лъэныкъуэр. * Абы зэ лъапэкӀэ, зэ лъэдакъэкӀэ теуэу Къэрэжан и пащхьэм зыщегъэуфафэ. Хь. Хь. 2. каблук / Туфлъэ, къатыр лъэгухэм щӀэукӀа къытелъэгыкӀыр. * Нал зыщӀэукӀа шырыкъу лъэдакъэхэр мэтӀыркъэ ину. Ӏуащхь. 3. толстый конец бревна / КъэкӀыгъэ лъэдий пыупщӀам и кӀапэ нэхъ гъум лъабжьэм и гъунэгъуу щытыр. * Зы бжэгъу кӀэщӀ щӀым хаукӀэр и лъэдакъэр занщӀэу пыхауэ. Къэб. фольк. Жыг лъэдакъэжь гуэрым тест ар {хъыджэбзыр}.. спэмыжыжьэу. Ӏуащхь. ЛъэдакъэкӀэ гъэвэн сильно наказать кого-л. (букв. заставить пахать пятками). Лъэдакъэ махуэ къыщынэн счастливо уйти из родного дома (о выходящей замуж девушке). Лъэдакъэм егъэпхъуэжын дать кому-л. жару. * УкъыкӀэрымыху, .. уи лъэдакъэм уезгъэпхъуэжынщ. КӀ. А. Лъэдакъэм (лъэдакъэпэм) теувэн = лъэдакъэпэр пычын. Лъэдакъэпэр пычын наступать на чьи-л. пятки, настигать, догонять кого-л. * Бажэр ирахужьащ и лъэдакъэпэр пачу. Дыщэ кӀ. Псэр лъэдакъэм кӀуэжын см. псэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Лъакъуэр щӀым зэрытеувэ щӀыбагъ Ӏыхьэр.
Си лъагъуныгъэм, щӀалэ лъапцӀэу, Уэшхыпсым хэту къиущыхьырт, Лъэдакъэр плъыжьу щӀыӀэм исырт, ИтӀани мафӀэр псэкӀэ нихьырт.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216
+2 örnek
ПщӀантӀэм дэт къомыр щалъагъум, мо тӀуми нэхъ псынщӀэ защӀащ, Тембот и лъэдакъэр плъыжьыбзэу гъуанэ хъуа гуэншэрыкъым къиплъырт, итӀани, здэкӀуар апхуэдизкӀэ фӀэгъэщӀэгъуэнти, щӀыӀэр зыкӀи зыхищӀэжыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 152
Лъэдакъэр лъыпсу теудами, Дзэр зэтескъузэу гъуэгу хызошыр, Къарууэ сиӀэр текӀуэдами.— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17
2. Вакъэ (туфлъэ, къатыр) лъэгухэм щӀэукӀа нэхъ къытеӀэтыкӀар. -42.
Япэ иту унэм къыщӀыхьар, бжэнынэм ещхьу и нэр къихуу, афицар ныбаджэ гуэрт, джэдыгу кӀагуэ щыгъыу, дамэтелъ телъу, лъэдакъэ лъагэ хъужауэ къатыр фӀыцӀитӀ лъыгъыу, маузер кӀэрахъуитӀи гуэлъу, щӀопщ быдэфӀи иӀыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 288
+2 örnek
Берд шым къелъэтэхри, шыр щӀалэ гуэрым иритауэ мафӀэм къела блынхэр зэпиплъыхьу ежьащ, абы и ужьым кӀэщӀу итт Аралпыр, ротмистрыр, дамэтелъ телъу, къатыр лъэдакъэ лъагэ лъыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 291
[Хьэбибэ] Лъэдакъэ лъагэщ жумыӀэмэ, дэбгъуэн щыӀэкъым, щӀэрыпсщ жыпӀэнщ шырыкъу лъапщэр мэлыдри.— Щынэхужьыкъуэ, 41
3. Жыг, удз къуэпс, лъэнцхъ, дакъэ.
Жыг лъэдакъэ гуэрым шым и кӀэбдз лъакъуэр фӀэнати, шыр игъакӀуэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 164
+1 örnek
Якъуб жиӀэр Локотош зэригъэщӀэгъуэнур имыщӀэу, и нитӀыр тенауэ еплъырт: - Япэр арауэ, - жиӀэрт Локотош, - жыг лъэдакъэ псоми къадэжыжыркъым.— Нал къута, 260
4. Фоч, кӀэрахъуэ с.ху. я тӀыгур.
Машинэ Ӏэуэлъауэр гъунэгъу дыдэ мэхъу, бжэми кӀэрахъуэ лъэдакъэкӀэ зыгуэр къоуӀу.— Щынэхужьыкъуэ, 66
+1 örnek
[Хьэкурынэ] Ӏэдэ-уадэ иӀыгъыр плӀанэпэм дидзащ, и фочыр къасщтэу фоч лъэдакъэмкӀэ и щхьэр щхьэ зэгуэзмыудрэ мы емынэунэм [Къэрэжь] жиӀэу.— Лъапсэ, 103
5. ПапцӀапӀэр мыхъуу и пагуэ ухыпӀэр.
Астемыр щыгъ цейм хьэзырылъэм изу пӀэтӀрон илът, я лъэдакъэр къыдэгъэзеяуэ, сэшхуэри гуэлът, сэшхуэ дакъэр къэгъэшыжауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 247
Deyimler (2)
лъэдакъэкӀэ гъэвэн
Зыгуэрым (п.п. шым) лъэдакъэр пэщӀэгъэувауэ ирилъэфэжьэн.
Астемыр зыри жимыӀэу шым шэсыну щыбгъэдыхьэм, емылыджым лӀитӀри лъэдакъэкӀэ игъавэу ирилъэфэжьауэ илъэфу хуежьащ, арщхьэкӀэ аргуэру зэ дэлъеигъуэм лӀыр уанэгум къихутащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 164
лъэдакъэм къытеувэн
КӀэщӀу и ужьым иту, къыкӀэлъысыпауэ.
[Хьэбибэ:] Нэмыцэр фи лъэдакъэм къытеувэу къожэ, фэри фыкъожэ.— Нал къута, 225
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭДАКЪЭ (14). 1. (3). Лъакъуэр щӀым зэрытеувэ щӀыбагъ Ӏыхьэр. Си лъагъуныгъэм, щӀалэ лъапцӀэу, Уэшхыпсым хэту къиущыхьырт, Лъэдакъэр плъыжьу щӀыӀэм исырт, ИтӀани мафӀэр псэкӀэ нихьырт. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. ПщӀантӀэм дэт къомыр щалъагъум, мо тӀуми нэхъ псынщӀэ защӀащ, Тембот и лъэдакъэр плъыжьыбзэу гъуанэ хъуа гуэншэрыкъым къиплъырт, итӀани, здэкӀуар апхуэдизкӀэ фӀэгъэщӀэгъуэнти, щӀыӀэр зыкӀи зыхищӀэжыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 152. Лъэдакъэр лъыпсу теудами, Дзэр зэтескъузэу гъуэгу хызошыр, Къарууэ сиӀэр текӀуэдами. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17. 2. (4). Вакъэ (туфлъэ, къатыр) лъэгухэм щӀэукӀа нэхъ къытеӀэтыкӀар. Япэ иту унэм къыщӀыхьар, бжэнынэм ещхьу и нэр къихуу, афицар ныбаджэ гуэрт, джэдыгу кӀагуэ щыгъыу, дамэтелъ телъу, лъэдакъэ лъагэ хъужауэ къатыр фӀыцӀитӀ лъыгъыу, маузер кӀэрахъуитӀи гуэлъу, щӀопщ быдэфӀи иӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 288. Берд шым къелъэтэхри, шыр щӀалэ гуэрым иритауэ мафӀэм къела блынхэр зэпиплъыхьу ежьащ, абы и ужьым кӀэщӀу итт Аралпыр, ротмистрыр, дамэтелъ телъу, къатыр лъэдакъэ лъагэ лъыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 291. [Хьэбибэ] Лъэдакъэ лъагэщ жумыӀэмэ, дэбгъуэн щыӀэкъым, щӀэрыпсщ жыпӀэнщ шырыкъу лъапщэр мэлыдри. Щынэхужьыкъуэ, 41-42. 3. (2). Жыг, удз къуэпс, лъэнцхъ, дакъэ. Жыг лъэдакъэ гуэрым шым и кӀэбдз лъакъуэр фӀэнати, шыр игъакӀуэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 164. Якъуб жиӀэр Локотош зэригъэщӀэгъуэнур имыщӀэу, и нитӀыр тенауэ еплъырт: - Япэр арауэ, - жиӀэрт Локотош, - жыг лъэдакъэ псоми къадэжыжыркъым. Нал къута, 260. 4. (2). Фоч, кӀэрахъуэ с.ху. я тӀыгур. Машинэ Ӏэуэлъауэр гъунэгъу дыдэ мэхъу, бжэми кӀэрахъуэ лъэдакъэкӀэ зыгуэр къоуӀу. Щынэхужьыкъуэ, 66. [Хьэкурынэ] Ӏэдэ-уадэ иӀыгъыр плӀанэпэм дидзащ, и фочыр къасщтэу фоч лъэдакъэмкӀэ и щхьэр щхьэ зэгуэзмыудрэ мы емынэунэм [Къэрэжь] жиӀэу. Лъапсэ, 103. 5. (1). ПапцӀапӀэр мыхъуу и пагуэ ухыпӀэр. Астемыр щыгъ цейм хьэзырылъэм изу пӀэтӀрон илът, я лъэдакъэр къыдэгъэзеяуэ, сэшхуэри гуэлът, сэшхуэ дакъэр къэгъэшыжауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 247. ◊ ЛъэдакъэкӀэ гъэвэн (1). зэхь. Зыгуэрым (п.п. шым) лъэдакъэр пэщӀэгъэувауэ ирилъэфэжьэн. Астемыр зыри жимыӀэу шым шэсыну щыбгъэдыхьэм, емылыджым лӀитӀри лъэдакъэкӀэ игъавэу ирилъэфэжьауэ илъэфу хуежьащ, арщхьэкӀэ аргуэру зэ дэлъеигъуэм лӀыр уанэгум къихутащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 164. Лъэдакъэм къытеувэн (1). КӀэщӀу и ужьым иту, къыкӀэлъысыпауэ. [Хьэбибэ:] Нэмыцэр фи лъэдакъэм къытеувэу къожэ, фэри фыкъожэ. Нал къута, 225.