лъэбжьанэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
лъэбжъан(э)/лъэбжьанэ; AYAK TIRNAĞI
лъэбжьанэ/лъэбжъан(э); AYAK TIRNAĞI
лъэбжьанэ/лъэбжъан(э); TIRNAK (ayak ~ğı)
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Хьэ лъэпкъ, джэду лъэпкъ псэущхьэхэм, бзухэм я лъакъуэм пыт бжьакъуэхэкӀ папцӀэр.
рукоготь у птиц и некоторых животных
Джэд лъэбжьанэ.
+1 örnek
Машхэ бажэр, лыкӀэ матхъэ, и лъэбжьанэр егъэпӀастхъэ.— Щомахуэ Амырхъан
2. Шы лъабжьэм къыпыкӀыкӀыр.
рувырост на копыте лошади
Шы лъэбжьанэр и чэзум къамыупщӀыхьмэ, зэгуоч, шы лъабжьэр егъэкӀуэд.
3. ЦӀыхум и лъэхъуамбэхэм къытекӀэр.
руногти (на ногах)
Лъэбжьанэр пыупщӀын.
+1 örnek
Лъэбжьанэм ихъуреягъкӀэ къыдэбэгыкӀырт, лъакъуэр пщтырт.— Къущхьэ СулътӀан
Bu maddedeki ifadeler (2)
лъэбжьанэ фӀэгъэнапӀэ щӀын
русделать кого-л. объектом преследования.
лъэбжьанэр хэукӀэн
рувцепиться, не упустить.
Kitapta geçtiği hali
лъэбжьанэ 1. коготь у птиц и некоторых животных / Хьэ лъэпкъ, джэду лъэпкъ псэущхьэхэм, бзухэм я лъакъуэм пыт бжьакъуэхэкӀ папцӀэр. Джэд лъэбжьанэ. * Машхэ бажэр, лыкӀэ матхъэ, и лъэбжьанэр егъэпӀастхъэ. Щ. Ам. 2. вырост на копыте лошади / Шы лъабжьэм къыпыкӀыкӀыр. Шы лъэбжьанэр и чэзум къамыупщӀыхьмэ, зэгуоч, шы лъабжьэр егъэкӀуэд. 3. анат. ногти (на ногах) / ЦӀыхум и лъэхъуамбэхэм къытекӀэр. Лъэбжьанэр пыупщӀын. * Лъэбжьанэм ихъуреягъкӀэ къыдэбэгыкӀырт, лъакъуэр пщтырт. Къу. С. Лъэбжьанэ фӀэгъэнапӀэ щӀын сделать кого-л. объектом преследования. Лъэбжьанэр хэукӀэн вцепиться, не упустить.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Хьэ, джэду лъэпкъ псэущхьэхэм, бзухэм я лъакъуэм пыт бжьакъуэхэкӀ папцӀэр.
Къаплъэным и лъэбжьаниплӀым яуӀар сэшхуэкӀэ плӀэ къеуэу яуӀа хуэдэт – кусиплӀ хъууэ.— Нал къута, 218
+2 örnek
Хъыджэбз цӀыкӀур гуфӀэу щыдэкӀыжым, Джэлил жьэхэлъадэщ и щӀыбагъымкӀи «къыкъыкъ-сыкъыкъ» жиӀэу хъыджэбз цӀыкӀум и пщэдыкъым дэлъейри лъэбжьанэкӀэ къритхъащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477
Арыншами абы и ӀупэфӀэгъу мэлыхъухьэм и лъэбжьанэр зыхуэдэр зымыщӀэ зэӀущӀэм хэткъым.— Кхъухь пхэнж, 506
2. Шы лъабжьэм къыпыкӀыкӀыр.
[Къыдырым:] ЩӀымахуэр къихьэрэ псори уэсым щӀиубыда нэужь, щӀы щтар лъэбжьанэкӀэ уигъэвэнщ, укъэмэжэлӀа нэужь.— Кхъухь пхэнж, 503
+1 örnek
КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, - жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъэгъуащ.— Кхъухь пхэнж, 506
Deyimler (1)
лъэбжьанэр хэукӀэн
Быдэ дыдэу убыдын, кӀуапӀи-жапӀи емытын.
[Адакъэ хужьым Джэлил жриӀэу:] Бажэр къызэрыщӀыхьэу, сэ селъэтэхынщи, си лъэбжьанэр и фэм хэзукӀауэ и щхьэм сеуӀунщ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭБЖЬАНЭ (6). 1. (4). Хьэ, джэду лъэпкъ псэущхьэхэм, бзухэм я лъакъуэм пыт бжьакъуэхэкӀ папцӀэр. Къаплъэным и лъэбжьаниплӀым яуӀар сэшхуэкӀэ плӀэ къеуэу яуӀа хуэдэт – кусиплӀ хъууэ. Нал къута, 218. Хъыджэбз цӀыкӀур гуфӀэу щыдэкӀыжым, Джэлил жьэхэлъадэщ и щӀыбагъымкӀи «къыкъыкъ-сыкъыкъ» жиӀэу хъыджэбз цӀыкӀум и пщэдыкъым дэлъейри лъэбжьанэкӀэ къритхъащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. Арыншами абы и ӀупэфӀэгъу мэлыхъухьэм и лъэбжьанэр зыхуэдэр зымыщӀэ зэӀущӀэм хэткъым. Кхъухь пхэнж, 506. 2. (2). Шы лъабжьэм къыпыкӀыкӀыр. [Къыдырым:] ЩӀымахуэр къихьэрэ псори уэсым щӀиубыда нэужь, щӀы щтар лъэбжьанэкӀэ уигъэвэнщ, укъэмэжэлӀа нэужь. Кхъухь пхэнж, 503. КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, - жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъэгъуащ. Кхъухь пхэнж, 506. ◊ Лъэбжьанэр хэукӀэн (1). Быдэ дыдэу убыдын, кӀуапӀи-жапӀи емытын. [Адакъэ хужьым Джэлил жриӀэу:] Бажэр къызэрыщӀыхьэу, сэ селъэтэхынщи, си лъэбжьанэр и фэм хэзукӀауэ и щхьэм сеуӀунщ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484.