лъытэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЫТЭН (ылъытагъ/илъытащ: saygı gösterdi, kıymet verdi, saydı; ЕЛЪЫТЭ: saygı gösteriyor, kıymet veriyor, sayıyor/sayar); ЛЫТЭНЫГЪЭ фэшӀын/хуэщӀын; шъхьащэ фэшӀын/щхьэщэ/щхьэгъэщхъ хуэщӀын; пкӀэ фэшӀын/пщӀэ хуэщӀын (~ фишӀыгъ/хуищӀащ: saygı gösterdi, kıymet verdi, saydı; ~ фешӀы/хуещӀыр: saygı gösteriyor, kıymet veriyor, sayıyor/sayar); SAYGI GÖSTERMEK (saymak, kıymet vermek)
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(елъытэ)
Зэрыхъур, зыхуэдизыр бжын (ахъшэ).
русчитать, подсчитывать что-л. (напр. деньги)
Хъужэ ахъшэр илъытэри, зы кӀэпӀейкӀэ чэмт.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Къэрней бэзэрым къикӀыжауэ сату ищӀар илъытэрт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
(елъытэ)
ПщӀэ хуэщӀын зыгуэрым, фӀыкӀэ гу лъытэн.
рууважать, чтить кого-л.
Нэфисэт къуажэм щилъагъу щӀалэхэм ящыщу Дэгъуэтлъыкъуэ зыми хуимыгъадэу нэхъ елъытэ.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Узэралъагъу уафӀощӀ, узэрафӀэщӀу уалъытэ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
гу лъытэн
Еплъ: гу
Kitapta geçtiği hali
лъытэн I (елъытэ) перех. гл. считать, подсчитывать что-л. (напр. деньги) / Зэрыхъур, зыхуэдизыр бжын (ахъшэ). * Хъужэ ахъшэр илъытэри, зы кӀэпӀейкӀэ чэмт. Къэб. фольк. Къэрней бэзэрым къикӀыжауэ сату ищӀар илъытэрт. Къ. Хь. II (елъытэ) перех. гл. уважать, чтить кого-л. / ПщӀэ хуэщӀын зыгуэрым, фӀыкӀэ гу лъытэн. * Нэфисэт къуажэм щилъагъу щӀалэхэм ящыщу Дэгъуэтлъыкъуэ зыми хуимыгъадэу нэхъ елъытэ. КӀ. Т. Узэралъагъу уафӀощӀ, узэрафӀэщӀу уалъытэ. (погов.) Гу лъытэн см. гу II.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(елъытэ)
Зэрыхъур, зыхуэдизыр бжын.
Нурхьэлий кӀасэм къыбгъэдэмыкӀыу абы къыдэна ахъшэр илъытэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 228
+1 örnek
Къамылапщэу плӀы къашати, зэпымычу тӀурытӀурэ къепхъых къыщрапхъыхым къащыпа ахъшэ жьгъейр ялъытэу, зэныкъуэкъуу къуэгъэнапӀэм къуэст.— Лъапсэ, 117
(елъытэ)
1. Зыгуэру къыщыхъун, бжын, къидзэн, къыгурыӀуэн.
ЩӀыхьу тлъытэр дэ лэжьыгъэрщ, Арщ нэмысри дэ зыхуэтщӀыр, Арщ мычэму ди щӀэщыгъуэр, Арщ ди гуэныр щӀэмынэщӀыр.— Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20
+2 örnek
А ятӀэр здихьрэ Саният щыпсэуну къуажэм я кхъэм дикӀутэмэ, и адэ-анэр и щӀыналъэм щыӀэ хуэдэу илъытэну арат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
Езы Иринэ и дежкӀэ нэхъыфӀт, къэнэжа пэш закъуэри яритрэ езыр къуажэм къэкӀуэжмэ, арщхьэкӀэ къалэм укъыдэкӀмэ лэжьапӀэ тӀэкӀури пфӀэкӀуэдауэ лъытэ.— Щынэхужьыкъуэ, 28
2. ПщӀэ хуэщӀын, и щӀыхьыр Ӏэтын.
Дэ гъуэгу къэткӀуахэр къигъэлъагъуэу Зи кхъащхьэ щыгум къытеднам И щӀыхь ди щӀэблэм илъытэнщ.— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 6
3. КӀэлъыплъын, зэгъэзэхуэн.
ЗымащӀэу пабжьэр къэсысми, Къэтлъагъуми жыжьэу фӀыцӀагъэ, Бзу макъхэр мэзым къыщыӀуми, Е лейуэ чыцэ къолъагъуэ, Е губгъуэм хуэтщӀу гурыщхъуэ Дыгъужь сурэтхэм къакӀухьми, Псы Ӏуфэм Ӏусми зы хьэщхъуэ, Зы пхыр тфӀэлейуэ къэтлъагъуми – Дэ псоми доплъыр дысакъыу, Мычэму псори долъытэ.— Умыгузавэ, си анэ. «Бгы лъапэхэм деж», 48
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЫТЭН I (елъытэ) лъэӀ. (2). Зэрыхъур, зыхуэдизыр бжын. Нурхьэлий кӀасэм къыбгъэдэмыкӀыу абы къыдэна ахъшэр илъытэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 228. Къамылапщэу плӀы къашати, зэпымычу тӀурытӀурэ къепхъых къыщрапхъыхым къащыпа ахъшэ жьгъейр ялъытэу, зэныкъуэкъуу къуэгъэнапӀэм къуэст. Лъапсэ, 117.
ЛЪЫТЭН II (елъытэ) лъэӀ. (19). 1. (16). Зыгуэру къыщыхъун, бжын, къидзэн, къыгурыӀуэн. ЩӀыхьу тлъытэр дэ лэжьыгъэрщ, Арщ нэмысри дэ зыхуэтщӀыр, Арщ мычэму ди щӀэщыгъуэр, Арщ ди гуэныр щӀэмынэщӀыр. Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20. А ятӀэр здихьрэ Саният щыпсэуну къуажэм я кхъэм дикӀутэмэ, и адэ-анэр и щӀыналъэм щыӀэ хуэдэу илъытэну арат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Езы Иринэ и дежкӀэ нэхъыфӀт, къэнэжа пэш закъуэри яритрэ езыр къуажэм къэкӀуэжмэ, арщхьэкӀэ къалэм укъыдэкӀмэ лэжьапӀэ тӀэкӀури пфӀэкӀуэдауэ лъытэ. Щынэхужьыкъуэ, 28. 2. (1). ПщӀэ хуэщӀын, и щӀыхьыр Ӏэтын. Дэ гъуэгу къэткӀуахэр къигъэлъагъуэу Зи кхъащхьэ щыгум къытеднам И щӀыхь ди щӀэблэм илъытэнщ. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 6. 3. (1). КӀэлъыплъын, зэгъэзэхуэн. ЗымащӀэу пабжьэр къэсысми, Къэтлъагъуми жыжьэу фӀыцӀагъэ, Бзу макъхэр мэзым къыщыӀуми, Е лейуэ чыцэ къолъагъуэ, Е губгъуэм хуэтщӀу гурыщхъуэ Дыгъужь сурэтхэм къакӀухьми, Псы Ӏуфэм Ӏусми зы хьэщхъуэ, Зы пхыр тфӀэлейуэ къэтлъагъуми – Дэ псоми доплъыр дысакъыу, Мычэму псори долъытэ. Умыгузавэ, си анэ. «Бгы лъапэхэм деж», 48.