лъапсэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАПСЭ, лъабжъэ/лъабжьэ, шъхьаӀэ/нэхъыщхьэ, ежьыдэд(эр), езы дыдэ, ишъыпкъ(эр)/и пеж(ыр); ASIL
ЛЪАПС(Э), ПКЪЫ; ESAS 1
лъачӀэ/лъащӀэ, ЛЪАПСЭ, лъабжъэ/лъабжьэ; TEMEL
лъащӀэ/лъачӀэ, ЛЪАПСЭ, лъабжъэ/лъабжьэ; TEMEL
ЛЪЭГУ, ЛЪАПСЭ, лъачӀэ/лъащӀэ, лъабжъэ/лъабжьэ; ZEMİN
ЛЪАПСЭ, лъабжъэ/лъабжьэ, лъачӀэ/ лъащӀэ → ЛЪЭГУ; ZEMİN,TEMEL, KÖK
Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: лъэгу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЦӀыхум и псэупӀэ, псэуалъэ щиухуа щӀапӀэ.
руусадьба с жилыми строениями
Ар .. къуажэ гупэмкӀэ Ӏэпхъуэри лъапсэр абы щиухуат.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Bu maddedeki ifadeler (2)
{и} лъапсэм псы игъэжыхьыжын
рустереть с лица земли.
{и} лъапсэр гъэгъун
руполностью уничтожить кого-что-л.
{и} лъапсэр гъэгъущын. {и} лъапсэр гъэгъущын
Kitapta geçtiği hali
лъапсэ усадьба с жилыми строениями / ЦӀыхум и псэупӀэ, псэуалъэ щиухуа щӀапӀэ. * Ар .. къуажэ гупэмкӀэ Ӏэпхъуэри лъапсэр абы щиухуат. Къ. Хь. {И} лъапсэм псы игъэжыхьыжын стереть с лица земли. {И} лъапсэр гъэгъун = {и} лъапсэр гъэгъущын. {И} лъапсэр гъэгъущын полностью уничтожить кого-что-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ПсэупӀэ, цӀыхум унэ, псэуалъэ здрищӀыхьа щӀыпӀэ.
«Фи лъапсэ хэкӀуэдакъэ иджы, зи унагъуэбжэр хуэзыщӀыжын лъэпкъ», - жиӀэрт игукӀэ Елдар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 257
+2 örnek
Зыгуэрым дыкъищӀэмэ, ди лъапсэр ирахынщ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжынщ, жиӀэу Думэсарэ гузавэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 278
[Валерэ:] Псалъэу хэлъыр дыгъэлу, купщӀэшхуэ хэлъу, цӀыхум я гур зэхуэфӀмэ я насыпу, псэкӀэ зэрыӀыгъыу ди лъапсэр быдащэрэт жиӀэу цӀыхур зыхущӀэкъуу щытар тыншу къыбгурегъаӀуэ [адыгэ хъуэхъум].— КӀапсэ кӀапэ, 15
2. КъежьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ.
Урыхупсыр лъапэрисэу Терекыпсым ныхолъадэ Жыжьэ щыӀэщ и псы лъапсэр, И толъкъуни зэи мыжабзэ.— Терек. «Партыр ди пашэу», 116
+1 örnek
Лъапсэр къыщежьэр щӀэгъуейуэ, Псыхэр къохуэхыр губжьауэ, Жьыбгъэм зэрихуэм ещхьыфэу, ТкӀуэпсхэр долъей къызэдэфэу.— Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 97
3. Зыгуэр къызытехъукӀ, лъабжьэ хуэхъу.
ЦӀыхубзыращ лъэпкъыр нэхъыбэу къызытехъукӀыр, лъапсэ хъужыр аращи, лъабжьэм хуэдэжщ къыдэжри, къыдэжам къыпыкӀэри, цӀыхубзыр зымыхъумэ лъэпкъыр мыунэхъуну Ӏэмал иӀэкъым.— Лъапсэ, 44
+2 örnek
[Дэфэрэдж] ЛэтӀифэ си бий зэрыхъурэ мащӀи щӀакъым, диссертацэ щыстха лъэхъэнэм къыщыщӀедзэ, абы лъандэрэ куэд дэкӀами, нобэ къэс гужьгъэжь и гум къысхуилъщ, и нэм бжэгъуу сыкъыщӀоууэ, иджыри къэс щыгъупщэжакъым си диссертацэм тета эпиграфыр: «ЦӀыхубзыр къэралым и лъапсэщ, цӀыхубзыр фӀы хуэзэмэ, къэралри фӀы хуэзащ, цӀыхубзыр дэхуэхмэ, къэралри дэхуэхащ», - жиӀэу.— Лъапсэ, 15
[Мариам:] Дэ мылъкуи диӀэкъым, дызыщыщ лъэпкъым дакъыхэкӀащ, ди лъапсэ ди ӀэкӀэ пытчыжащ.— Лэчымэ, 395
4. Узыщалъхуа хэку, лъахэ, щӀыпӀэ.
Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэ тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ: - Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм зиубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыщӀэкӀэ, - жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ: - Мис: Мэздэгуи Мэлгъэбэги къиубыду ди хэкум къыхэхъуар…— Лъапсэ, 89
Deyimler (5)
лъапсэр кӀуэдын
Лъэужьыншэ хъун.
Сабий зэуакӀуи къытхэту, Ди лъапсэр кӀуэду ди гугъэу, Бийм ди гущӀыӀур игъэуту Арати пащӀэр щылыгъуэр, Зауае ябгэр щежьари Россиери гъусэ щыхъуари.— Россие. «Мывэ хуабэ», 94
[и] лъапсэр гъэгъун
ГъэкӀуэдын, дунейм тегъэкӀыжын, зэӀэщӀэлъхьэн.
Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати, Ар насыпышхуэу уи гугъэжт.— Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… Щхьэлыкъуэ, 400
+2 örnek
Чачи гъумэтӀымэу къиущыхьырт, пщырэ уэркъыу щыӀэр зэхыхьауэ бэлшэвычым я лъапсэр ягъэгъуу, жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239
Тхьэм цӀыху къыпеуэу хуэзакъэ – И лъапсэр къуму егъэгъу.— Индийскэ поэмэ, 364
лъапсэр ихын
Зыгуэр гъэкӀуэдын, Ӏисраф щӀын.
МафӀэсым и закъуэт къуажэм и лъапсэр изыхыр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 278
[и] лъапсэм псы игъэжыхьын
ЗэтеукӀэн, зыӀэщӀэлъхьэн.
Нэмыцэм лъэпкъ ягу иримыхьым я лъапсэм псы ирагъэжыхьыжыну я мурадщ.— Нал къута, 260
лъапсэм псы игъэжыхьыжын
Псыдзэм лъапсэм псы иригъэжыхьыжу псы Ӏуфэм ятеуэми, цӀыхум зыкъаӀэтрэ зызэраупсейми – тӀуми зыкъезыгъэӀэтыр уафэм къех къарущ.— Кхъэлэгъунэ, 378
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАПСЭ (11). 1. (3). ПсэупӀэ, цӀыхум унэ, псэуалъэ здрищӀыхьа щӀыпӀэ. «Фи лъапсэ хэкӀуэдакъэ иджы, зи унагъуэбжэр хуэзыщӀыжын лъэпкъ», - жиӀэрт игукӀэ Елдар. Хъуэпсэгъуэ нур, 257. Зыгуэрым дыкъищӀэмэ, ди лъапсэр ирахынщ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжынщ, жиӀэу Думэсарэ гузавэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 278. [Валерэ:] Псалъэу хэлъыр дыгъэлу, купщӀэшхуэ хэлъу, цӀыхум я гур зэхуэфӀмэ я насыпу, псэкӀэ зэрыӀыгъыу ди лъапсэр быдащэрэт жиӀэу цӀыхур зыхущӀэкъуу щытар тыншу къыбгурегъаӀуэ [адыгэ хъуэхъум]. КӀапсэ кӀапэ, 15. 2. (2). КъежьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ. Урыхупсыр лъапэрисэу Терекыпсым ныхолъадэ Жыжьэ щыӀэщ и псы лъапсэр, И толъкъуни зэи мыжабзэ. Терек. «Партыр ди пашэу», 116. Лъапсэр къыщежьэр щӀэгъуейуэ, Псыхэр къохуэхыр губжьауэ, Жьыбгъэм зэрихуэм ещхьыфэу, ТкӀуэпсхэр долъей къызэдэфэу. Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 97. 3. (2). Зыгуэр къызытехъукӀ, лъабжьэ хуэхъу. ЦӀыхубзыращ лъэпкъыр нэхъыбэу къызытехъукӀыр, лъапсэ хъужыр аращи, лъабжьэм хуэдэжщ къыдэжри, къыдэжам къыпыкӀэри, цӀыхубзыр зымыхъумэ лъэпкъыр мыунэхъуну Ӏэмал иӀэкъым. Лъапсэ, 44. [Дэфэрэдж] ЛэтӀифэ си бий зэрыхъурэ мащӀи щӀакъым, диссертацэ щыстха лъэхъэнэм къыщыщӀедзэ, абы лъандэрэ куэд дэкӀами, нобэ къэс гужьгъэжь и гум къысхуилъщ, и нэм бжэгъуу сыкъыщӀоууэ, иджыри къэс щыгъупщэжакъым си диссертацэм тета эпиграфыр: «ЦӀыхубзыр къэралым и лъапсэщ, цӀыхубзыр фӀы хуэзэмэ, къэралри фӀы хуэзащ, цӀыхубзыр дэхуэхмэ, къэралри дэхуэхащ», - жиӀэу. Лъапсэ, 15. [Мариам:] Дэ мылъкуи диӀэкъым, дызыщыщ лъэпкъым дакъыхэкӀащ, ди лъапсэ ди ӀэкӀэ пытчыжащ. Лэчымэ, 395. 4. (1). Узыщалъхуа хэку, лъахэ, щӀыпӀэ. Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэ тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ: - Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм зиубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыщӀэкӀэ, - жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ: - Мис: Мэздэгуи Мэлгъэбэги къиубыду ди хэкум къыхэхъуар… Лъапсэ, 89. ◊ Лъапсэр кӀуэдын (1). Лъэужьыншэ хъун. Сабий зэуакӀуи къытхэту, Ди лъапсэр кӀуэду ди гугъэу, Бийм ди гущӀыӀур игъэуту Арати пащӀэр щылыгъуэр, Зауае ябгэр щежьари Россиери гъусэ щыхъуари. Россие. «Мывэ хуабэ», 94. [И] лъапсэр гъэгъун (3). зэхь. ГъэкӀуэдын, дунейм тегъэкӀыжын, зэӀэщӀэлъхьэн. Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати, Ар насыпышхуэу уи гугъэжт. Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… «Щхьэлыкъуэ», 400. Чачи гъумэтӀымэу къиущыхьырт, пщырэ уэркъыу щыӀэр зэхыхьауэ бэлшэвычым я лъапсэр ягъэгъуу, жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Тхьэм цӀыху къыпеуэу хуэзакъэ – И лъапсэр къуму егъэгъу. «Индийскэ поэмэ», 364. Лъапсэр ихын (1). Зыгуэр гъэкӀуэдын, Ӏисраф щӀын. МафӀэсым и закъуэт къуажэм и лъапсэр изыхыр? Хъуэпсэгъуэ нур, 278. [И] лъапсэм псы игъэжыхьын (2). ЗэтеукӀэн, зыӀэщӀэлъхьэн. Нэмыцэм лъэпкъ ягу иримыхьым я лъапсэм псы ирагъэжыхьыжыну я мурадщ. Нал къута, 260. Лъапсэм псы игъэжыхьыжын (1). Еплъ [и] лъапсэм псы игъэжыхьын. Псыдзэм лъапсэм псы иригъэжыхьыжу псы Ӏуфэм ятеуэми, цӀыхум зыкъаӀэтрэ зызэраупсейми – тӀуми зыкъезыгъэӀэтыр уафэм къех къарущ. Кхъэлэгъунэ, 378.