кӀэрэхъуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэкӀэрахъуэ)
1. Хъурейуэ къеджэрэзэкӀын, зыгуэрым и хъуреягъым къыдекӀуэкӀыу псынщӀэу кӀуэн.
рувращаться, вертеться
Дунейр шэрхъщи, мэкӀэрахъуэ.— Псалъэжьхэр
2. ПсынщӀэу джэрэзын, хъурейуэ екӀуэкӀыурэ псынщӀэу зыгъэзэн.
рукружиться
Уэгум ит бзур мэкӀэрахъуэ.— Нартхэр
3. Хутыкъуэн, гъуэщэн.
рупотерять ориентир, заблудиться
ЛӀыжьым здиунэтӀынур имыщӀэу кӀэрэхъуат.
Bu maddedeki ifadeler (1)
щхьэр кӀэрэхъуэн
Еплъ: щхьэ
Kitapta geçtiği hali
кӀэрэхъуэн (мэкӀэрахъуэ) неперех. гл. 1. вращаться, вертеться / Хъурейуэ къеджэрэзэкӀын, зыгуэрым и хъуреягъым къыдекӀуэкӀыу псынщӀэу кӀуэн. * Дунейр шэрхъщи, мэкӀэрахъуэ. (погов.) 2. кружиться / ПсынщӀэу джэрэзын, хъурейуэ екӀуэкӀыурэ псынщӀэу зыгъэзэн. * Уэгум ит бзур мэкӀэрахъуэ. Нарт. 3. переносное потерять ориентир, заблудиться / Хутыкъуэн, гъуэщэн. ЛӀыжьым здиунэтӀынур имыщӀэу кӀэрэхъуат. Щхьэр кӀэрэхъуэн см. щхьэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэкӀэрахъуэ)
Хъурейуэ къеджэрэзэкӀын, зыгуэрым и хъуреягъым къыдекӀуэкӀыу псынщӀэу кӀуэн.
Аращ зыхуэкӀуэр дэ ди гъащӀэр, Дызыхуэзэнур сэ слъагуащ: Лъэпкъ псори хъунущ зы бынунэ, ЩӀыр щӀэкӀэрахъуэри аращ.— Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99
+2 örnek
«Дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ», жиӀэу Астемыр и псалъафэр Думэсарэ и гум къэкӀыжащ, ди натӀэ илъым дыхуэзэнщ, жиӀащ абы игукӀэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 239
ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 268
Kitapta geçtiği hali
КӀЭРЭХЪУЭН (мэкӀэрахъуэ) лъэмыӀ. (5). Хъурейуэ къеджэрэзэкӀын, зыгуэрым и хъуреягъым къыдекӀуэкӀыу псынщӀэу кӀуэн. Аращ зыхуэкӀуэр дэ ди гъащӀэр, Дызыхуэзэнур сэ слъагуащ: Лъэпкъ псори хъунущ зы бынунэ, ЩӀыр щӀэкӀэрахъуэри аращ. Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99. «Дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ», жиӀэу Астемыр и псалъафэр Думэсарэ и гум къэкӀыжащ, ди натӀэ илъым дыхуэзэнщ, жиӀащ абы игукӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. ЦӀыхухъу щӀагъуэ къуажэм къыдэнатэкъыми, лэжьыгъэри тэмэм мыхъуу, цӀыхубзхэр зэхуэсрэ зэхуэтхьэусыхэу, Чачи зэрылъэкӀкӀэ унафэ ищӀу, абы къедаӀуэри нэхъыбэжу, дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ, жыхуаӀэр арати, уи нэр темыпыӀэу кӀэрахъуэу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268.