кӀэрылъын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(кӀэрылъщ)

1. КӀэрыгъуэлъхьауэ щытын.

рулежать около какой-л. вертикальной или наклонной поверхности

Языныкъуэ шыщӀэхэр дыгъэм зрагъэухэу джабэм бгъукӀэ кӀэрылъхэт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

2. ФӀэдзауэ, кӀэрыщӀауэ щытын.

рувисеть на ком-чем-л.

КӀэмыргъуокъуэр.., уэсят къызэрищӀам ипкъ иткӀэ, и Ӏэщэ-фащэр кӀэрылъу и шым тесу щӀалъхьащ.— Нэгумэ Шорэ

3. КӀэрыцӀэлъауэ, щыхуауэ, кӀэрищӀауэ щытын.

рубыть испачканным, вымазанным чем-л.

Вакъэм ятӀэ кӀэрылъщ.

Bu maddedeki ifadeler (2)

дахагъэ жыхуаӀэ кӀэрымылъын

Еплъ: дахагъэ

къуаншагъэ кӀэрылъын

Еплъ: къуаншагъэ

Kitapta geçtiği hali

кӀэрылъын (кӀэрылъщ) неперех. гл. 1. лежать около какой-л. вертикальной или наклонной поверхности / КӀэрыгъуэлъхьауэ щытын. * Языныкъуэ шыщӀэхэр дыгъэм зрагъэухэу джабэм бгъукӀэ кӀэрылъхэт. Къ. Хь. 2. висеть на ком-чем-л. / ФӀэдзауэ, кӀэрыщӀауэ щытын. * КӀэмыргъуокъуэр.., уэсят къызэрищӀам ипкъ иткӀэ, и Ӏэщэ-фащэр кӀэрылъу и шым тесу щӀалъхьащ. Н. Ш. 3. быть испачканным, вымазанным чем-л. / КӀэрыцӀэлъауэ, щыхуауэ, кӀэрищӀауэ щытын. Вакъэм ятӀэ кӀэрылъщ. Дахагъэ жыхуаӀэ кӀэрымылъын см. дахагъэ. Къуаншагъэ кӀэрылъын см. къуаншагъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(кӀэрылъщ)

1. Зыгуэрым и щӀыӀум телъын.

Пщэдджыжьым зиужьри дыгъэр къыдэкӀуэтеяти, бжьыхьэкӀапэм къыпылэл мылхэм псыр къыпыткӀурт е къыпыхурти щащэрт, жыгхэм кӀэрылъ мылри къыкӀэрыхурт— Хъуэпсэгъуэ нур, 312

2. Зыгуэрым кӀэрыпщӀауэ щытын.

Езы Нартыхур хъуэхъум едаӀуэххакъым, пщафӀэр къриджауэ жьэжьейр зыкӀэрылъ лым и гъэвэкӀэр гуригъаӀуэрти— Лъапсэ, 80

3. ЗыщӀыпӀэ фӀэдзауэ, кӀэрыщӀауэ щытын.

Старшынэри шууэ абы и ужьым итт, Ӏэщэ-фащэу иӀэр кӀэрылъу— Хъуэпсэгъуэ нур, 211

+1 örnek

Ӏэщэ-фащэ кӀэрылъыр шы шытепхъуэ телъ хуэдэт, шыгъэцӀыв и шырыкъуитӀым илъым игъэлъэпэрапэрт, зылъагъур игъэдыхьэшхыу— Нал къута, 251

4. КӀэрыцӀэлъауэ, щыхуауэ щытын.

[Фэуаз:] Сэри унэм сыщӀыхьэжыным и пэкӀэ шэщым сыщӀыхьэрти, шы псэфым сытелъэщӀыхьырт, и сокур, и шыкӀэр хуэзгъэкъабзэрт, кӀэрымылъын кӀэрылъмэ, шытхъунщӀ сытхэр сиӀэт— Анка, 382

+2 örnek

Дисэ и закъуэпцӀийуэ унэм щӀэлът, фӀейуэ кӀэрылъар кӀэрыгъужауэ, псы зэфэн къудей имыӀэу— ГущӀэгъу, 421

Зы сабэ Ӏейуэ пкӀэрылъу А унэм и бжэм уемыӀэ, Къэбзагъэр уи гум имылъу уэ удигъусэу жумыӀэ— Коммунизмэм ирихьэлӀэм. «Партыр ди пашэу», 10

5. Зыгуэр иӀэн, бгъэдэлъын.

[Алыджыкъуэ:] «Сыту пӀэрэ иджы мы фочымкӀэ ищӀэну и хьисэпыр?» - жысӀэу согупсыс, сихъунщӀэмэ, скӀэрылъ щыӀэкъым, щыгъын жыпӀэнущи, сыфейцейщ, пызыхыжари ахъшэщ— МелыӀыч, 457

+2 örnek

[Машинэм ис лӀым Дзэшу жреӀэ:] Машинэм щыщ къэмынэу кӀэрылъыр кӀэрахыну пӀэрэ, жызоӀэри нэхъ сегъэгузавэ— КӀапсэ кӀапэ, 6

А щӀалищри зэныбжьэгъухэщ, Хэт нэ фӀыцӀэщ, хэти нагъуэщ, Я къалэнхэр зэрызыхэщ, ЯкӀэрылъкъым зым зы дагъуэ— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39

6. Къуаншэн.

[Дэфэрэдж:] Сэри сыт щхьэкӀэ япэ къезгъэжьэн, къезгъажьэрэ къызжьэдигуэжмэ, схуэфащэ дыдэщ, зыри хэзмыщӀыкӀ хуэдэу фэ зытезгъауэмэ, нэхъыфӀщ, студентхэр жыпӀэнущи, хъарзынэу къысхущытщ, фӀей лъэпкъ зэрыскӀэрымылъыр тыншу ящӀэ, гулъытэ дахэри къысхуащӀыр, «Гиппократ и тхьэлъанэм» сызэрытемыкӀынур хьэкъкӀэ я фӀэщ мэхъур, езыхэри абыкӀэ си акъылэгъушхуэщ— Лъапсэ, 9

+2 örnek

[ЛэтӀифэ:] – Уи закъуэщ, тӀасэ, уэ зым фӀэкӀа Дэфэрэдж зи цӀэ хэкум искъым: дыщӀэупщӀащ, зэдгъэщӀащ, зыумысыжи нэхъыфӀщ. [Дэфэрэдж:] - ЛӀо скӀэрылъыр зызумысыжыну?— Лъапсэ, 26

[Астемыр Къэбэрдей тетым жреӀэ:] ПцӀы уупсынум лӀам телъхьэ жаӀэми, пцӀы схуэупсынукъым. НэгъуэщӀ скӀэрылъ щыӀэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 120

Deyimler (1)

къуаншагъэ кӀэрылъын

Еплъ: къуаншагъэ

Kitapta geçtiği hali

КӀЭРЫЛЪЫН (кӀэрылъщ) лъэмыӀ. (29). 1. (1). Зыгуэрым и щӀыӀум телъын. Пщэдджыжьым зиужьри дыгъэр къыдэкӀуэтеяти, бжьыхьэкӀапэм къыпылэл мылхэм псыр къыпыткӀурт е къыпыхурти щащэрт, жыгхэм кӀэрылъ мылри къыкӀэрыхурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. 2. (1). Зыгуэрым кӀэрыпщӀауэ щытын. Езы Нартыхур хъуэхъум едаӀуэххакъым, пщафӀэр къриджауэ жьэжьейр зыкӀэрылъ лым и гъэвэкӀэр гуригъаӀуэрти. Лъапсэ, 80. 3. (5). ЗыщӀыпӀэ фӀэдзауэ, кӀэрыщӀауэ щытын. Старшынэри шууэ абы и ужьым итт, Ӏэщэ-фащэу иӀэр кӀэрылъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 211. Ӏэщэ-фащэ кӀэрылъыр шы шытепхъуэ телъ хуэдэт, шыгъэцӀыв и шырыкъуитӀым илъым игъэлъэпэрапэрт, зылъагъур игъэдыхьэшхыу. Нал къута, 251. 4. (6). КӀэрыцӀэлъауэ, щыхуауэ щытын. [Фэуаз:] Сэри унэм сыщӀыхьэжыным и пэкӀэ шэщым сыщӀыхьэрти, шы псэфым сытелъэщӀыхьырт, и сокур, и шыкӀэр хуэзгъэкъабзэрт, кӀэрымылъын кӀэрылъмэ, шытхъунщӀ сытхэр сиӀэт. Анка, 382. Дисэ и закъуэпцӀийуэ унэм щӀэлът, фӀейуэ кӀэрылъар кӀэрыгъужауэ, псы зэфэн къудей имыӀэу. ГущӀэгъу, 421. Зы сабэ Ӏейуэ пкӀэрылъу А унэм и бжэм уемыӀэ, Къэбзагъэр уи гум имылъу уэ удигъусэу жумыӀэ. Коммунизмэм ирихьэлӀэм. «Партыр ди пашэу», 10. 5. (9). Зыгуэр иӀэн, бгъэдэлъын. [Алыджыкъуэ:] «Сыту пӀэрэ иджы мы фочымкӀэ ищӀэну и хьисэпыр?» - жысӀэу согупсыс, сихъунщӀэмэ, скӀэрылъ щыӀэкъым, щыгъын жыпӀэнущи, сыфейцейщ, пызыхыжари ахъшэщ. МелыӀыч, 457. [Машинэм ис лӀым Дзэшу жреӀэ:] Машинэм щыщ къэмынэу кӀэрылъыр кӀэрахыну пӀэрэ, жызоӀэри нэхъ сегъэгузавэ. КӀапсэ кӀапэ, 6. А щӀалищри зэныбжьэгъухэщ, Хэт нэ фӀыцӀэщ, хэти нагъуэщ, Я къалэнхэр зэрызыхэщ, ЯкӀэрылъкъым зым зы дагъуэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39. 6. (6). Къуаншэн. [Дэфэрэдж:] Сэри сыт щхьэкӀэ япэ къезгъэжьэн, къезгъажьэрэ къызжьэдигуэжмэ, схуэфащэ дыдэщ, зыри хэзмыщӀыкӀ хуэдэу фэ зытезгъауэмэ, нэхъыфӀщ, студентхэр жыпӀэнущи, хъарзынэу къысхущытщ, фӀей лъэпкъ зэрыскӀэрымылъыр тыншу ящӀэ, гулъытэ дахэри къысхуащӀыр, «Гиппократ и тхьэлъанэм» сызэрытемыкӀынур хьэкъкӀэ я фӀэщ мэхъур, езыхэри абыкӀэ си акъылэгъушхуэщ. Лъапсэ, 9. [ЛэтӀифэ:] – Уи закъуэщ, тӀасэ, уэ зым фӀэкӀа Дэфэрэдж зи цӀэ хэкум искъым: дыщӀэупщӀащ, зэдгъэщӀащ, зыумысыжи нэхъыфӀщ. [Дэфэрэдж:] - ЛӀо скӀэрылъыр зызумысыжыну? Лъапсэ, 26. [Астемыр Къэбэрдей тетым жреӀэ:] ПцӀы уупсынум лӀам телъхьэ жаӀэми, пцӀы схуэупсынукъым. НэгъуэщӀ скӀэрылъ щыӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 120. ◊ Къуаншагъэ кӀэрылъын (1). Еплъ къуаншагъэ.

Düzeltme Öner

кӀэрылъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.