къуаншагъэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

yanlışlık
Ortakтэрэзыджагъ(э)
Doğuпхэнжыгъэкъуаншагъэ
Batıпхэнджыгъэкъончагъ
Kitapta geçtiği hali

пхэнджыгъэ/пхэнжыгъэ, къончагъ/ къуаншагъэ, ТЭРЭЗЫДЖАГЪ(Э); YANLIŞLIK

къончагъ(э)/къуаншагъэ → пхэнджыгъэ; YANLIŞLIK

къуаншагъэ/къончагъ(э) → пхэнджыгъэ; YANLIŞLIK

Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: пхэнджыгъэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Пкъыгъуэ гуэрыр мызанщӀэу щытыныгъэ.

рукривизна

ГъуэгущӀэ пхрышам къуаншагъэ щиӀи къохъу.— Щомахуэ Амырхъан

2. Къуаншэу щытыныгъэ.

рувина

Къуаншагъэр зыбгъэдэлъыр зэхэгъэкӀын.

Bu maddedeki ifadeler (1)

къуаншагъэ кӀэрылъын

рулежать на ком-л. - о чьей-л. вине.

Kitapta geçtiği hali

къуаншагъ(э) 1. кривизна / Пкъыгъуэ гуэрыр мызанщӀэу щытыныгъэ. * ГъуэгущӀэ пхрышам къуаншагъэ щиӀи къохъу. Щ. Ам. 2. переносное вина / Къуаншэу щытыныгъэ. Къуаншагъэр зыбгъэдэлъыр зэхэгъэкӀын. Къуаншагъэ кӀэрылъын лежать на ком-л. - о чьей-л. вине.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Къуаншэу щытыныгъэ.

Жьыбгъэм къуаншагъэу зэрихьэрщ Жыг захуэр къуаншэу зыгъэкӀыр— Жыг къэкӀагъащӀэр занщӀабзэщ. «Батырыбжьэ», 23

+3 örnek

ПэгунитӀ мыгъуэр схуэӀыгъакъым, жиӀэу Диси и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыжыр, къуаншагъэшхуэ ӀэщӀэщӀыхьа хуэдэу, езыр ягъэудэӀуным и пӀэкӀэ и нысэм и гур дахэ хуищӀыну и ужь итщ— ГущӀэгъу, 420

[Судьям Федя жреӀэ:] ЖыӀэт мыдэ уи къуаншагъэр, Ар бгъэпщкӀуныр уэ плъэкӀынкъым— Бдзэжьеящэм ипхъу, 159

ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэшхэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт— Нэгъуху, 33

Deyimler (2)

къуаншагъэ бгъэдэлъын

ЗыгуэркӀэ къуаншэу щытын.

Инус и фызыр щӀэлӀар и гъунэгъум трилъхьэ щхьэкӀэ, езым къуаншагъэ бгъэдэлъри ящӀэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 81

+2 örnek

[Федя судья жреӀэ:] Сэ холопу сыкъалъхуащи Арщ къуаншагъэу сэ збгъэдэлъыр— Бдзэжьеящэм ипхъу, 159

[Локотош Якъуб жреӀэ:] Дэ къуаншагъэ дбгъэдэлъу нэгъуэщӀхэр дауэ зэрыбгъэкъуэншэнур— Нал къута, 296

къуаншагъэ кӀэрымылъын

Захуэу щытын.

[Локотош Якъуб жреӀэ:] Уэри сыщӀэбгъэкъуэншэн скӀэрылъкъым— Нал къута, 295

Kitapta geçtiği hali

КЪУАНШАГЪЭ (17). Къуаншэу щытыныгъэ. Жьыбгъэм къуаншагъэу зэрихьэрщ Жыг захуэр къуаншэу зыгъэкӀыр. Жыг къэкӀагъащӀэр занщӀабзэщ. «Батырыбжьэ», 23. ПэгунитӀ мыгъуэр схуэӀыгъакъым, жиӀэу Диси и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыжыр, къуаншагъэшхуэ ӀэщӀэщӀыхьа хуэдэу, езыр ягъэудэӀуным и пӀэкӀэ и нысэм и гур дахэ хуищӀыну и ужь итщ. ГущӀэгъу, 420. [Судьям Федя жреӀэ:] ЖыӀэт мыдэ уи къуаншагъэр, Ар бгъэпщкӀуныр уэ плъэкӀынкъым. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 159. ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэшхэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт. Нэгъуху, 33. ◊ Къуаншагъэ бгъэдэлъын (7). ЗыгуэркӀэ къуаншэу щытын. Инус и фызыр щӀэлӀар и гъунэгъум трилъхьэ щхьэкӀэ, езым къуаншагъэ бгъэдэлъри ящӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. [Федя судья жреӀэ:] Сэ холопу сыкъалъхуащи Арщ къуаншагъэу сэ збгъэдэлъыр. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 159. [Локотош Якъуб жреӀэ:] Дэ къуаншагъэ дбгъэдэлъу нэгъуэщӀхэр дауэ зэрыбгъэкъуэншэнур? Нал къута, 296. Къуаншагъэ кӀэрымылъын (1). Захуэу щытын. [Локотош Якъуб жреӀэ:] Уэри сыщӀэбгъэкъуэншэн скӀэрылъкъым. Нал къута, 295.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

eğrilik

Düzeltme Öner

къуаншагъэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.