кӀыхьагъ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КӀЫХЬАГЪ/кӀыхьыгъэ; BOY 2
кӀыхьыгъэ/КӀЫХЬАГЪ; BOY 2
КӀЫХЬАГЪ(э); UZUNLUK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. КӀыхь 1 псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.
рудлина чего-л.
Мы си лъакъуитӀым махуэ къэс ди губгъуэр и кӀыхьагъи и бгъуагъи зэпаупщӀ, жиӀащ Думэсарэ..— Щомахуэ Амырхъан
+1 örnek
Гъуэгум и кӀыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ.— Псалъэжьхэр
2. КӀыхь 2 псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.
рупродолжительность чего-л.
Махуэм и кӀыхьагъ. ГъащӀэм и кӀыхьагъ.
Kitapta geçtiği hali
кӀыхьагъ 1. длина чего-л. / КӀыхь 1 псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. * Мы си лъакъуитӀым махуэ къэс ди губгъуэр и кӀыхьагъи и бгъуагъи зэпаупщӀ, жиӀащ Думэсарэ.. Щ. Ам. Гъуэгум и кӀыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ. (погов.) 2. продолжительность чего-л. / КӀыхь 2 псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. Махуэм и кӀыхьагъ. ГъащӀэм и кӀыхьагъ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыгуэр зэрыкӀыхь мардэ, пщалъэ. -253.
Чопракъ аузыр быдапӀэ хьэзыру природэм и Ӏэдакъэм щӀэкӀа хуэдэт, езэгъырабгъу имыӀэу дэнэ лъэныкъуэкӀи бгы нэпкъ задэт, и кӀыхьагъыр километр бжыгъэкӀэ плӀыщӀ е щэ ныкъуэ хъунут— Нал къута, 252
+2 örnek
Къуажэбгъум псым и гъунэгъуу мэжджыт тӀэкӀуи дэтт, чы-бжэгъу унэм и кӀыхьагъыр и кӀыхьагъыу, кӀэлындор Ӏуту, бгъэни телъу, щхьэгъубжэхэм щӀыхуу ла Ӏупхъуэ яӀулъу— Лъапсэ, 57
Псышхуэу къуэм дэтым и кӀыхьагъри Гъуэгу я нэхъ кӀыхьым хуэдгъэдэнщ— ЦӀыху гуауэ. «Дамыгъэ», 46
2. Зыгуэр зэманкӀэ зэрыкӀыхь мардэ, пщалъэ.
[Алыджыкъуэ:] Жэщ закъуэм илъэсым и кӀыхьагъыр и кӀыхьагъ къысфӀэщӀауэ, мычэму щхьэгъубжэм сыдоплъ, нэхулъэ къимыщӀу пӀэрэ, жызоӀэри— МелыӀыч, 462
+1 örnek
Зы джыдэфӀи иӀыгъыу махуэр зи кӀыхьагъым пхъэ екъутэ [Астемыр], пэшхьэкухэр егъэплъ, пщыхьэщхьэкӀэ къэрэгъулу щысщ бжэ щӀыхьэпӀэм деж— Хъуэпсэгъуэ нур, 183
Kitapta geçtiği hali
КӀЫХЬАГЪ (11). 1. (7). Зыгуэр зэрыкӀыхь мардэ, пщалъэ. Чопракъ аузыр быдапӀэ хьэзыру природэм и Ӏэдакъэм щӀэкӀа хуэдэт, езэгъырабгъу имыӀэу дэнэ лъэныкъуэкӀи бгы нэпкъ задэт, и кӀыхьагъыр километр бжыгъэкӀэ плӀыщӀ е щэ ныкъуэ хъунут. Нал къута, 252-253. Къуажэбгъум псым и гъунэгъуу мэжджыт тӀэкӀуи дэтт, чы-бжэгъу унэм и кӀыхьагъыр и кӀыхьагъыу, кӀэлындор Ӏуту, бгъэни телъу, щхьэгъубжэхэм щӀыхуу ла Ӏупхъуэ яӀулъу. Лъапсэ, 57. Псышхуэу къуэм дэтым и кӀыхьагъри Гъуэгу я нэхъ кӀыхьым хуэдгъэдэнщ. ЦӀыху гуауэ. «Дамыгъэ», 46. 2. (4). Зыгуэр зэманкӀэ зэрыкӀыхь мардэ, пщалъэ. [Алыджыкъуэ:] Жэщ закъуэм илъэсым и кӀыхьагъыр и кӀыхьагъ къысфӀэщӀауэ, мычэму щхьэгъубжэм сыдоплъ, нэхулъэ къимыщӀу пӀэрэ, жызоӀэри. МелыӀыч, 462. Зы джыдэфӀи иӀыгъыу махуэр зи кӀыхьагъым пхъэ екъутэ [Астемыр], пэшхьэкухэр егъэплъ, пщыхьэщхьэкӀэ къэрэгъулу щысщ бжэ щӀыхьэпӀэм деж. Хъуэпсэгъуэ нур, 183.