къэс

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. "Дэтхэнэ", "дэтхэнэри" мыхьэнэ зиӀэ псалъэ.

рукаждый

Пщэдджыжь къэс Лу гимнастикэ ищӀу ялъэгъуати, ар яфӀэгъэщӀэгъуэну къеплъырт.— КӀыщокъуэ Алим

2. "Нэс, нэсыху" мыхьэнэ зиӀэ псалъэ.

рудо (употребляется при указании предела, границы распространения чего-л.)

Бахъсэн къыщыщӀэдзауэ Налшык къэс километр тӀощӀ нэблагъэ дэлъщ. Ӏуащхь.

Bu maddedeki ifadeler (1)

иджыри къэс

Еплъ: иджыри

Kitapta geçtiği hali

къэс послелог. 1. каждый / "Дэтхэнэ", "дэтхэнэри" мыхьэнэ зиӀэ псалъэ. * Пщэдджыжь къэс Лу гимнастикэ ищӀу ялъэгъуати, ар яфӀэгъэщӀэгъуэну къеплъырт. КӀ. А. 2. до (употребляется при указании предела, границы распространения чего-л.) / "Нэс, нэсыху" мыхьэнэ зиӀэ псалъэ. Бахъсэн къыщыщӀэдзауэ Налшык къэс километр тӀощӀ нэблагъэ дэлъщ. Ӏуащхь. Иджыри къэс см. иджыри.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Дэтхэнэ, дэтхэнэри.

Фызышэ макӀуэ жыпӀэнущи, цӀыхубзри сабийри зэщӀогъуагэ, хьэдагъэ макӀуэ жыпӀэнущи, гу къэс сабий бын исщ, шу ябгэ гуэрхэми я щхьэр бащлъыкъ хужькӀэ фӀэпхыкӀауэ я щӀопщыр ягъэдалъэу мэкӀий-мэгуо— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519

+2 örnek

Удз гъэгъахэри къищыпу, Убзэрабзэу махуэ къэс, Псынэ щӀыӀэм нэху мыщыпэу Псыхьэ къокӀуэ зы хъыджэбз— Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 69

Япэ къалъхуам щхьэкӀэ «дызыхуэныкъуэ» зэрыжаӀэр тхьэм и деж нэсауэ ара, е нэгъуэщӀ: Дэфэрэдж и нысэ цӀыкӀур гъэ къэс лъхуэурэ бынунагъуэшхуэ хъуащ, сабийм я цӀэр Дэфэрэдж фӀызэхэгъуащэрэ зым къеджэнумэ, адрейм и цӀэр къыжьэдэхуу.— Лъапсэ, 119

2. Нэс, нэсыху. [

Азизэ тхьэмыщкӀэм и бгым къэс псы мылым хэтщи шкӀэ кърихьэхыр къеубыдри псы Ӏуфэм Ӏутым кърет— Щынэхужьыкъуэ, 54

+2 örnek

Шлоссер:] А-а, Кавказ къуажэцӀэхэр емынэми хузэгъэщӀэнкъым, Ростов къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс нэкӀэ узэплъын зы къуажи щыӀэкъым— Гъуэгуанэ, 100

Дамэтелъыр темылъыжу Щхьэцыр тхъуауэ ар [сэлэт пщащэхэр] щрет, А хъыджэбзхэр пхъэху жыг дахэу Нобэ къэси нэгум щӀэтщ— Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76

Kitapta geçtiği hali

КЪЭС (146). послелог. 1. (117). Дэтхэнэ, дэтхэнэри. Фызышэ макӀуэ жыпӀэнущи, цӀыхубзри сабийри зэщӀогъуагэ, хьэдагъэ макӀуэ жыпӀэнущи, гу къэс сабий бын исщ, шу ябгэ гуэрхэми я щхьэр бащлъыкъ хужькӀэ фӀэпхыкӀауэ я щӀопщыр ягъэдалъэу мэкӀий-мэгуо. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. Удз гъэгъахэри къищыпу, Убзэрабзэу махуэ къэс, Псынэ щӀыӀэм нэху мыщыпэу Псыхьэ къокӀуэ зы хъыджэбз. Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 69. Япэ къалъхуам щхьэкӀэ «дызыхуэныкъуэ» зэрыжаӀэр тхьэм и деж нэсауэ ара, е нэгъуэщӀ: Дэфэрэдж и нысэ цӀыкӀур гъэ къэс лъхуэурэ бынунагъуэшхуэ хъуащ, сабийм я цӀэр Дэфэрэдж фӀызэхэгъуащэрэ зым къеджэнумэ, адрейм и цӀэр къыжьэдэхуу. Лъапсэ, 119. 2. (29). Нэс, нэсыху. Азизэ тхьэмыщкӀэм и бгым къэс псы мылым хэтщи шкӀэ кърихьэхыр къеубыдри псы Ӏуфэм Ӏутым кърет. Щынэхужьыкъуэ, 54. [Шлоссер:] А-а, Кавказ къуажэцӀэхэр емынэми хузэгъэщӀэнкъым, Ростов къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс нэкӀэ узэплъын зы къуажи щыӀэкъым. Гъуэгуанэ, 100. Дамэтелъыр темылъыжу Щхьэцыр тхъуауэ ар [сэлэт пщащэхэр] щрет, А хъыджэбзхэр пхъэху жыг дахэу Нобэ къэси нэгум щӀэтщ. Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

her kez

Düzeltme Öner

къэс
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.