къэгъэчэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
къэгъэчэн каузатив к къэчэн / Къэчэн псалъэм и каузатив. Абджыр къэгъэчэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къегъачэ)
1. Зыгуэрым зыгуэр зэгуиудын, игъэжын; пхъашэ ищӀын, ипхъэхын.
Ӏэхъуэри къыдыхьэжрэ жэмхэр хуэмыпӀащӀэу, щхьэж и куэбжэ бжэн лъакъуэ, жыхуаӀэу, къафӀэӀуэху щымыӀэу, шэм шхуэлыр къигъэчэным хуэдэу къэкӀуэжырт.— КӀапсэ кӀапэ, 5
+1 örnek
Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым— Лъапсэ, 10
2. Зыгуэр гъэбэмпӀэн.
Сыту жыпӀэмэ, Инал зыгуэр къигъачэмэ, тезылъэщӀэфынур, зэзыгъэзэхуэфынур арат [Мэтхъэныр]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530
Kitapta geçtiği hali
КЪЭГЪЭЧЭН (къегъачэ) лъэӀ. (3). 1. (2). Зыгуэрым зыгуэр зэгуиудын, игъэжын; пхъашэ ищӀын, ипхъэхын. Ӏэхъуэри къыдыхьэжрэ жэмхэр хуэмыпӀащӀэу, щхьэж и куэбжэ бжэн лъакъуэ, жыхуаӀэу, къафӀэӀуэху щымыӀэу, шэм шхуэлыр къигъэчэным хуэдэу къэкӀуэжырт. КӀапсэ кӀапэ, 5. Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым. Лъапсэ, 10. 2. (1). къызэр. Зыгуэр гъэбэмпӀэн. Сыту жыпӀэмэ, Инал зыгуэр къигъачэмэ, тезылъэщӀэфынур, зэзыгъэзэхуэфынур арат [Мэтхъэныр]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530.