къыщӀэшын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыщӀеш)
1. Пшэуэрэ зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын.
рувывести, вывезти кого-что-л. откуда-л.
КъыщӀэфш ди нысэ махуэр.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
+1 örnek
Шэщым шы къыщӀашащ.
2. Ӏэщым и шхуэлым шэ къыщӀэгъэкӀын.
рувыдоить (молоко)
Жэмым шэ къыщӀэшын.
3. Еплъ: къыщӀэфыкӀын
И пэ псыгъуэр Ӏэм хеукӀэ, аргъуейм, лъыуэ щӀэтыр къыщӀишыну.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Kitapta geçtiği hali
къыщӀэшын (къыщӀеш) перех. гл. 1. вывести, вывезти кого-что-л. откуда-л. / Пшэуэрэ зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын. * КъыщӀэфш ди нысэ махуэр. Хь. Хь. Шэщым шы къыщӀашащ. 2. выдоить (молоко) / Ӏэщым и шхуэлым шэ къыщӀэгъэкӀын. Жэмым шэ къыщӀэшын. 3. см. къыщӀэфыкӀын. * И пэ псыгъуэр Ӏэм хеукӀэ, аргъуейм, лъыуэ щӀэтыр къыщӀишыну. Къэб. п. и ант.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщӀеш)
1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын.
Хъыджэбз цӀыкӀу къомыр гуэщым къыщӀашри пщӀантӀэм къыдашауэ ябж, нэхъ фейцеиӀуэхэр иужьымкӀэ ягъэув.— Лъапсэ, 35
+2 örnek
Думэсарэрэ Нанэрэ хуэм цӀыкӀуу зыгуэрхэр яжриӀэу щысурэ нэху щати, шыр къыщӀишщ [Астемыр], уанэ трилъхьэри еуэри ежьэжащ, фызхэр тхьэ хуелъэӀуу куэбжэм деж къыщинэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 112
ЯгъэтӀысахэм я хъыбар аузым дэсхэм я деж нэсати, ахэри къызэхуэсащи, школым деж Ӏутхэщ, щӀыунэм щӀэс тутнакъхэр къыщӀашу тлъагъуну пӀэрэ, жаӀэу.— Нал къута, 263
2. Ӏэщым и шхуэлым шэ къыщӀэгъэкӀын.
Хьэсэпэхъумэм зи жагъуэ ищӀа яхэтт, зым и жэм мэшым хыхьауэ щилъагъум къыхехури жэмыр зыхэта хьэсэр зейр ищӀэрти, ехури жреӀэ: «Мы жэмыр уи хьэсэм хэтащи, жэмыр зейм къадыр егъэтхьэкъу е жэмыр къэши, шэ къыщӀэпшыр уи хьэлэлщ», - жиӀэу.— Хьэсэпэхъумэ, 417
+1 örnek
Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 97
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭШЫН (къыщӀеш) лъэӀ. (22). 1. (16). Зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын. Хъыджэбз цӀыкӀу къомыр гуэщым къыщӀашри пщӀантӀэм къыдашауэ ябж, нэхъ фейцеиӀуэхэр иужьымкӀэ ягъэув. Лъапсэ, 35. Думэсарэрэ Нанэрэ хуэм цӀыкӀуу зыгуэрхэр яжриӀэу щысурэ нэху щати, шыр къыщӀишщ [Астемыр], уанэ трилъхьэри еуэри ежьэжащ, фызхэр тхьэ хуелъэӀуу куэбжэм деж къыщинэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. ЯгъэтӀысахэм я хъыбар аузым дэсхэм я деж нэсати, ахэри къызэхуэсащи, школым деж Ӏутхэщ, щӀыунэм щӀэс тутнакъхэр къыщӀашу тлъагъуну пӀэрэ, жаӀэу. Нал къута, 263. 2. (6). Ӏэщым и шхуэлым шэ къыщӀэгъэкӀын. Хьэсэпэхъумэм зи жагъуэ ищӀа яхэтт, зым и жэм мэшым хыхьауэ щилъагъум къыхехури жэмыр зыхэта хьэсэр зейр ищӀэрти, ехури жреӀэ: «Мы жэмыр уи хьэсэм хэтащи, жэмыр зейм къадыр егъэтхьэкъу е жэмыр къэши, шэ къыщӀэпшыр уи хьэлэлщ», - жиӀэу. Хьэсэпэхъумэ, 417. Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 97.