къыщӀэхын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыщӀех)

1. ЗыщӀыпӀэ зыгуэр пӀыгъыу къыщӀэкӀын.

рувынести кого-что-л. откуда-л.

Пэшым къыщӀэхын.

2. ЩӀым щӀэлъ гуэр (мывэ фӀамыщӀ) къыдэхьеин. Дыщэ къыщӀэхын.

руизвлечь, добыть что-л. (напр. уголь) из-под земли

3. Зыгуэрым зыгуэр (щӀэбзэр) къыщӀэгъэкӀын, къыщӀэтхъын. Налхэр шым къыщӀэхын.

руоторвать что-л. из-под чего-л. (напр. подкладку)

4. Зыгуэрым пэкӀуэу зыгуэр къыхэхъуэн. Ахъшэшхуэ къыщӀэхын.

рувыручить что-л. за что-л.

Kitapta geçtiği hali

къыщӀэхын (къыщӀех) перех. гл. 1. вынести кого-что-л. откуда-л. / ЗыщӀыпӀэ зыгуэр пӀыгъыу къыщӀэкӀын. Пэшым къыщӀэхын. 2. извлечь, добыть что-л. (напр. уголь) из-под земли / ЩӀым щӀэлъ гуэр (мывэ фӀамыщӀ) къыдэхьеин. Дыщэ къыщӀэхын. 3. оторвать что-л. из-под чего-л. (напр. подкладку) / Зыгуэрым зыгуэр (щӀэбзэр) къыщӀэгъэкӀын, къыщӀэтхъын. Налхэр шым къыщӀэхын. 4. выручить что-л. за что-л. / Зыгуэрым пэкӀуэу зыгуэр къыхэхъуэн. Ахъшэшхуэ къыщӀэхын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыщӀех)

1. ЗыщӀыпӀэ зыгуэр пӀыгъыу къыщӀэкӀын.

Ӏэдэм щхьэлым щӀохьэри нартыху матэр зыщӀыпӀэкӀэ хекӀутэри хьэжыгъэ матэ къыщӀех.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631

+2 örnek

НысащӀэ цӀыкӀур, щхьэтепхъуэшхуэр телъу, Мэш унэм къыщӀихыу щалъагъум, бжэӀупэм Ӏутхэм фоч ягъауэу, пшынэ еуэу, къафэу щӀадзащ, Ӏэгури щӀауд.— Лъапсэ, 117

МафӀэ ящӀауэ унэм къыщӀах архивыр ягъэсырт, папкэхэр зэрыпапкэу хадзэурэ.— Нал къута, 216

2. ЩӀым щӀэлъ гуэр къыдэхьеин.

Ди хэкум къыгуагъэхьа районыщӀэ Ӏэджэ, псалъэм папщӀэ: щӀы дагъэ къыщӀэзыххэм я къалэу Мэлгъэбэг, Мэздэгу районыр, Курп район сыт жыхуэпӀэри къыдэкӀуэу, ди цӀыхур тӀукӀэ нэхъыбэ хъунущ!— Лъапсэ, 88

+1 örnek

Дзэлыкъуэ хъупӀэм ди Ӏэщхэр Минищэ Ӏэджэу зэхэтхэщ, Пемзэ къыщӀэтхыу мес шахтхэр, Дэ колхоз инхэр тхутахэщ.— ТекӀуахэм сэлам. «Бгы лъапэхэм деж», 35

3. Зыгуэрым и лъабжьэм щыӀэр къэщтэн.

Зы сэлэт гуэрым и пӀэщхьагъым къамэ къыщӀихауэ щилъагъум, пщафӀэр шынащ, Гуэбэшы къэкъеижу шхами, гузэвэжат, бэлыхь гуэр къохъури сыхокӀуадэ, жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173

+2 örnek

АрщхьэкӀэ фызыжьым щэху цӀыкӀуу ӀэлъэщӀ кхъуакӀэм къыщӀихщ кхъуей тыкъыри и жьэм жьэдилъхьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512

Куэд дэмыкӀыу жыг лъабжьэм и щӀагъым щӀалъхьа и лъэпкъыр Чокэ къыщӀихащ.— Щынэхужьыкъуэ, 72

4. Зыгуэрым пэкӀуэу зыгуэр къыхэхъуэн.

Блыщхьэу Инус бэзэрым кӀуэри, сату тӀэкӀуи ищӀауэ къыщӀэкӀынти, ахъшэ къыщӀихамкӀэ зыхуей къищэхуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 81

+1 örnek

Махуэ псом [портым щылажьэхэм] я пэр хъыданкӀэ щыпхауэ (лэчым мэ Ӏей къыпех), къешхми къесми, тенджызыпсым щхьэщыт защӀэу мэлажьэ жумыӀэмэ, [Исуф] и улахуэри зебгъэзэгъын хуэдэу хъарзынэщ, Ӏэщ укӀыным къыщӀихыу щытам нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэщ.— Лэчымэ, 392

Deyimler (1)

нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын

Еплъ: нэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЫЩӀЭХЫН (къыщӀех) лъэӀ. (32). 1. (16). ЗыщӀыпӀэ зыгуэр пӀыгъыу къыщӀэкӀын. Ӏэдэм щхьэлым щӀохьэри нартыху матэр зыщӀыпӀэкӀэ хекӀутэри хьэжыгъэ матэ къыщӀех. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631. НысащӀэ цӀыкӀур, щхьэтепхъуэшхуэр телъу, Мэш унэм къыщӀихыу щалъагъум, бжэӀупэм Ӏутхэм фоч ягъауэу, пшынэ еуэу, къафэу щӀадзащ, Ӏэгури щӀауд. Лъапсэ, 117. МафӀэ ящӀауэ унэм къыщӀах архивыр ягъэсырт, папкэхэр зэрыпапкэу хадзэурэ. Нал къута, 216. 2. (4). ЩӀым щӀэлъ гуэр къыдэхьеин. Ди хэкум къыгуагъэхьа районыщӀэ Ӏэджэ, псалъэм папщӀэ: щӀы дагъэ къыщӀэзыххэм я къалэу Мэлгъэбэг, Мэздэгу районыр, Курп район сыт жыхуэпӀэри къыдэкӀуэу, ди цӀыхур тӀукӀэ нэхъыбэ хъунущ! Лъапсэ, 88. Дзэлыкъуэ хъупӀэм ди Ӏэщхэр Минищэ Ӏэджэу зэхэтхэщ, Пемзэ къыщӀэтхыу мес шахтхэр, Дэ колхоз инхэр тхутахэщ. ТекӀуахэм сэлам. «Бгы лъапэхэм деж», 35. 3. (6). Зыгуэрым и лъабжьэм щыӀэр къэщтэн. Зы сэлэт гуэрым и пӀэщхьагъым къамэ къыщӀихауэ щилъагъум, пщафӀэр шынащ, Гуэбэшы къэкъеижу шхами, гузэвэжат, бэлыхь гуэр къохъури сыхокӀуадэ, жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. АрщхьэкӀэ фызыжьым щэху цӀыкӀуу ӀэлъэщӀ кхъуакӀэм къыщӀихщ кхъуей тыкъыри и жьэм жьэдилъхьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512. Куэд дэмыкӀыу жыг лъабжьэм и щӀагъым щӀалъхьа и лъэпкъыр Чокэ къыщӀихащ. Щынэхужьыкъуэ, 72. 4. (5). Зыгуэрым пэкӀуэу зыгуэр къыхэхъуэн. Блыщхьэу Инус бэзэрым кӀуэри, сату тӀэкӀуи ищӀауэ къыщӀэкӀынти, ахъшэ къыщӀихамкӀэ зыхуей къищэхуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. Махуэ псом [портым щылажьэхэм] я пэр хъыданкӀэ щыпхауэ (лэчым мэ Ӏей къыпех), къешхми къесми, тенджызыпсым щхьэщыт защӀэу мэлажьэ жумыӀэмэ, [Исуф] и улахуэри зебгъэзэгъын хуэдэу хъарзынэщ, Ӏэщ укӀыным къыщӀихыу щытам нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэщ. Лэчымэ, 392. ◊ Нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын (2). Еплъ нэ.

Düzeltme Öner

къыщӀэхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.