къыщӀэнэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм е псэуалъэ с. ху. я кӀуэцӀым зыгуэр къыщыгъэнэн. б) (къыщӀонэ) Зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм е псэуалъэ с. ху. я кӀуэцӀым зыгуэр къыщынэн.
руа) (къыщӀенэ) перех. гл. оставить кого-что-л. под чем-л., внутри чего-л.
неперех. гл. остаться где-л., под чем-л. или в чем-л.
+1 örnek
Зи лӀыр зауэм яхуа фызыр джафэу унэм къыщӀэнат.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Къэблэн, лыгъэ хидзэн, къызэщӀэстын.
ру: (къыщӀонэ) неперех. гл. воспламениться, загореться
Унэм мафӀэ къыщӀэнащ. Уэздыгъэр къыщӀэнащ.
Kitapta geçtiği hali
къыщӀэнэн I а) (къыщӀенэ) перех. гл. оставить кого-что-л. под чем-л., внутри чего-л. / Зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм е псэуалъэ с. ху. я кӀуэцӀым зыгуэр къыщыгъэнэн. б) (къыщӀонэ) неперех. гл. остаться где-л., под чем-л. или в чем-л. / Зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм е псэуалъэ с. ху. я кӀуэцӀым зыгуэр къыщынэн. * Зи лӀыр зауэм яхуа фызыр джафэу унэм къыщӀэнат. Къэб. п. и ант. Лъы ӀэмпӀэ къыщӀэмынэжыху см. лъы. II: (къыщӀонэ) неперех. гл. воспламениться, загореться / Къэблэн, лыгъэ хидзэн, къызэщӀэстын. Унэм мафӀэ къыщӀэнащ. Уэздыгъэр къыщӀэнащ. МафӀэ къыщӀэнэн см. мафӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщӀенэ)
ЗыщӀыпӀэ зыгуэр къэгъэнэн.
Мы слъагъур мэзым къыщӀэднэмэ, хьэм яшхынкӀэ мэхъу жиӀэри Дэфэрэдж шыр къиубыдыжри зыкъомрэ Ӏэдэжу ишащ, итӀанэ мывэшхуэ гуэр хуэзати, шыр абы иришалӀэри, езыри мывэм тету шэсри ежьэжащ, зейр къытхуэзэмэ, еттыжынщ, къытхуэмызэмэ, шыр тхьэм къыдитащи, ПӀатӀыкъуей срикӀуэнщ жиӀэри.— Лъапсэ, 57
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:] Ай, бетэмал, къэмытэджыххауэ, срихьэлӀэжатэмэ, сыту фӀыт, занщӀэу шхыӀэн щӀагъым къыщӀэзна сэшхуэр къыщӀэсхыжынти, сыгъуэлъыжынт…— МелыӀыч, 444
Иринэ къалэм кӀуащ, хьэпшыпу унэ ныкъуэкъутэм къыщӀинам кӀэлъыплъыну.— Нал къута, 234
(къыщӀонэ)
ЗыщӀыпӀэ къэнэн.
Агрономыр щӀэкӀыжри Алий классым къыщӀэнати, дызэджа сытхэм щӀэупщӀащ, журналыр къищтэри ди цӀэ-унэцӀэхэм къеджащ, зэзэмызэ «дэнэ къуажэ, уи адэм и цӀэр хэт?»— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521
+2 örnek
Зыми здимыгъашхэу, зыбгъэдимыгъэхьэу щӀалэр мэл щхьэзэм хуэдэу сымаджэщым къыщӀэнащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173
Кхъухьлъатэхэр къыщылъатэм, Данизэт, и закъуэу унэм къыщӀэнэн шынэри, Хьэбибэ деж къэжащ.— Нал къута, 223
(къыщӀонэ)
Къэблэн, лыгъэ хидзэн.
А нур дахэм «Ура» инкӀэ Дэ идохыр ди сэламыр, ШкӀэщ нэгъунэ нэху къыщӀонэ, Мэхъур дахэ ди уэрамыр.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32
+1 örnek
Абдеж, мафӀаер къыщӀэнауэ, Зы самолетым къелъэтыхь, Иса лӀыхъужьыр, мес, къелъауэ И парашютыр пшэм хехухь.— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭНЭН I (къыщӀенэ) лъэӀ. (18). ЗыщӀыпӀэ зыгуэр къэгъэнэн. Мы слъагъур мэзым къыщӀэднэмэ, хьэм яшхынкӀэ мэхъу жиӀэри Дэфэрэдж шыр къиубыдыжри зыкъомрэ Ӏэдэжу ишащ, итӀанэ мывэшхуэ гуэр хуэзати, шыр абы иришалӀэри, езыри мывэм тету шэсри ежьэжащ, зейр къытхуэзэмэ, еттыжынщ, къытхуэмызэмэ, шыр тхьэм къыдитащи, ПӀатӀыкъуей срикӀуэнщ жиӀэри. Лъапсэ, 57. [Алыджыкъуэ:] Ай, бетэмал, къэмытэджыххауэ, срихьэлӀэжатэмэ, сыту фӀыт, занщӀэу шхыӀэн щӀагъым къыщӀэзна сэшхуэр къыщӀэсхыжынти, сыгъуэлъыжынт… МелыӀыч, 444. Иринэ къалэм кӀуащ, хьэпшыпу унэ ныкъуэкъутэм къыщӀинам кӀэлъыплъыну. Нал къута, 234.
КЪЫЩӀЭНЭН II (къыщӀонэ) лъэмыӀ. (22). ЗыщӀыпӀэ къэнэн. Агрономыр щӀэкӀыжри Алий классым къыщӀэнати, дызэджа сытхэм щӀэупщӀащ, журналыр къищтэри ди цӀэ-унэцӀэхэм къеджащ, зэзэмызэ «дэнэ къуажэ, уи адэм и цӀэр хэт?» Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521. Зыми здимыгъашхэу, зыбгъэдимыгъэхьэу щӀалэр мэл щхьэзэм хуэдэу сымаджэщым къыщӀэнащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. Кхъухьлъатэхэр къыщылъатэм, Данизэт, и закъуэу унэм къыщӀэнэн шынэри, Хьэбибэ деж къэжащ. Нал къута, 223.
КЪЫЩӀЭНЭН III (къыщӀонэ) лъэмыӀ. (19). Къэблэн, лыгъэ хидзэн. А нур дахэм «Ура» инкӀэ Дэ идохыр ди сэламыр, ШкӀэщ нэгъунэ нэху къыщӀонэ, Мэхъур дахэ ди уэрамыр. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32. Абдеж, мафӀаер къыщӀэнауэ, Зы самолетым къелъэтыхь, Иса лӀыхъужьыр, мес, къелъауэ И парашютыр пшэм хехухь. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17. ◊ МафӀэ къыщӀэнам хуэдэн (3). Еплъ мафӀэ. МафӀэ къыщӀэнэн (5). Еплъ мафӀэ.