къыхэшын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыхеш)
1. Къапшэурэ къыхэгъэкӀын, къыхэгъэхутыкӀын. Мэзым къыхэшын.
рувывести
кого-что-л. откуда-л. из чего-л. (напр. из леса)
2. Къыхэгъэжын (псы).
руотвести (напр. рукав от реки)
Жыжьэу Тэрчым псыр къыхашри Арыкъ щӀагъым къыщӀагъэж.— ПащӀэ Бэчмырзэ
3. Еплъ: къыхэхын 2
Фызышэ тхьэмадэр къыхаш.— ӀуэрыӀуатэ
4. Зыгуэр зыгуэрым къыхэгъэкӀын, къегъэлын.
рувыручить, спасти кого-л.
Ягъэкъуаншэр уэчылым къыхишащ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
лъы къыхэшын
Еплъ: лъы
Kitapta geçtiği hali
къыхэшын (къыхеш) перех. гл. 1. вывести кого-что-л. откуда-л. из чего-л. (напр. из леса) / Къапшэурэ къыхэгъэкӀын, къыхэгъэхутыкӀын. Мэзым къыхэшын. 2. отвести (напр. рукав от реки) / Къыхэгъэжын (псы). * Жыжьэу Тэрчым псыр къыхашри Арыкъ щӀагъым къыщӀагъэж. П. Б. 3. см. къыхэхын 2. * Фызышэ тхьэмадэр къыхаш. фольк. 4. переносное выручить, спасти кого-л. / Зыгуэр зыгуэрым къыхэгъэкӀын, къегъэлын. Ягъэкъуаншэр уэчылым къыхишащ. Лъы къыхэшын см. лъы.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхеш)
1. Къапшэурэ къыхэгъэкӀын.
Шу къыхашахэр сотнэ-сотнэурэ иувыкӀат, Ӏэщэ-фащэкӀэ зэгъэпэщауэ, сэшхуэ Ӏэпщэр вындыпэм ещхьу къэгъэшауэ я сэшхуэ фӀыцӀэхэр гуэлът, къамэри абы хуэдэу, карабин кӀэщӀхэр я щӀыбым илът, бащлъыкъ щӀагъым къыщӀэплъу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125
+1 örnek
[Дэфэрэдж Гуащэ жреӀэ:] – НтӀэ мыгъуэ хьэгъуэлӀыгъуэм укъыхашащ.— Лъапсэ, 35
2. Къыхэгъэжын.
АузитӀым къыдэжауэ Ди Шэрэджи месыр пӀащӀэу, И нэхъыбэр бгыщхьэ гуэлым Къыхишами псы и мащӀэщ.— Терек. «Партыр ди пашэу», 116
+1 örnek
Къуажэр къуажэ цӀыкӀуу щытыху, псым щхьэкӀэ гугъу ехьыр куэдтэкъым, сатыритӀ-щы Ӏусмэ, нэхъ жыжьэр нэхъ гугъу ехьмэ, псышхуэм псыӀэрышэ къыхашырти, зэфӀэкӀат.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЭШЫН (къыхеш) лъэӀ. (7). 1. (4). Къапшэурэ къыхэгъэкӀын. Шу къыхашахэр сотнэ-сотнэурэ иувыкӀат, Ӏэщэ-фащэкӀэ зэгъэпэщауэ, сэшхуэ Ӏэпщэр вындыпэм ещхьу къэгъэшауэ я сэшхуэ фӀыцӀэхэр гуэлът, къамэри абы хуэдэу, карабин кӀэщӀхэр я щӀыбым илът, бащлъыкъ щӀагъым къыщӀэплъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. [Дэфэрэдж Гуащэ жреӀэ:] – НтӀэ мыгъуэ хьэгъуэлӀыгъуэм укъыхашащ. Лъапсэ, 35. 2. (3). Къыхэгъэжын. АузитӀым къыдэжауэ Ди Шэрэджи месыр пӀащӀэу, И нэхъыбэр бгыщхьэ гуэлым Къыхишами псы и мащӀэщ. Терек. «Партыр ди пашэу», 116. Къуажэр къуажэ цӀыкӀуу щытыху, псым щхьэкӀэ гугъу ехьыр куэдтэкъым, сатыритӀ-щы Ӏусмэ, нэхъ жыжьэр нэхъ гугъу ехьмэ, псышхуэм псыӀэрышэ къыхашырти, зэфӀэкӀат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524.