къыхэплъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхоплъэ)
Зэхэту щыт гуэрым еплъын.
Аралпыр тутнакъэщым кърашахэм къахэплъэри, чырбышитӀ хуэдизи зы лъэбакъуэ ныкъуэкӀэ фӀэкӀа адрейхэм япэмыжыжьэу игъэтӀылъащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
+2 örnek
Тхьэр уэгум иту къахоплъэ, Хэт сыт къищтами елъагъур: Хэт дэм ехъуапсэу къефыщӀыр, Дэ купщӀэр яшхмэ, загъэнщӀ. «— Индийскэ поэмэ, 360
Си вагъуэр уафэм имызагъэ, КӀыфӀым къыхэплъэм нур егуэш.— Си вагъуэр уафэм имызагъэ… Щхьэлыкъуэ, 404
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЭПЛЪЭН (къыхоплъэ) лъэмыӀ. (20). Зэхэту щыт гуэрым еплъын. Аралпыр тутнакъэщым кърашахэм къахэплъэри, чырбышитӀ хуэдизи зы лъэбакъуэ ныкъуэкӀэ фӀэкӀа адрейхэм япэмыжыжьэу игъэтӀылъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 293. Тхьэр уэгум иту къахоплъэ, Хэт сыт къищтами елъагъур: Хэт дэм ехъуапсэу къефыщӀыр, Дэ купщӀэр яшхмэ, загъэнщӀ. «Индийскэ поэмэ», 360. Си вагъуэр уафэм имызагъэ, КӀыфӀым къыхэплъэм нур егуэш. Си вагъуэр уафэм имызагъэ… «Щхьэлыкъуэ», 404.