къыхуэкӀуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыхуокӀуэ)

1. Зыгуэрым къыхуэунэтӀауэ, къыхуэзанщӀэу къэкӀуэн, зыгуэрым папщӀэ, и хьэтыркӀэ къэкӀуэн.

руидти, направляться к кому-чему-л.

МафӀэгур станцым къыхуокӀуэ.

2. КъыӀэрыхьэн, и цӀэкӀэ къэкӀуэн.

руприйти (напр. о письме)

Тхылъ къыхуэкӀуэн.

3. Зыгуэр къыкӀэлъыкӀуэн, и деж къэкӀуэн.

руприйти (напр. о госте)

ХьэщӀэ къыхуэкӀуэн. Лъагъунлъагъу къыхуэкӀуэн.

4. Къыпкърыхьэн, къеуэлӀэн.

русхватить (о болезни)

КӀулацэ кӀэкуакуэу щӀыӀэлӀэ къыхуэкӀуати, и анэм и ӀэлъэщӀ Ӏувыр зришэкӀри гъуэлъащ.— КӀэрашэ Тембот

Bu maddedeki ifadeler (2)

лъапсэрыхыр къыхуэкӀуэн

Еплъ: лъапсэрых

{и} махуэр къыхуэкӀуэн

Еплъ: махуэ

Kitapta geçtiği hali

къыхуэкӀуэн (къыхуокӀуэ) неперех. гл. 1. идти, направляться к кому-чему-л. / Зыгуэрым къыхуэунэтӀауэ, къыхуэзанщӀэу къэкӀуэн, зыгуэрым папщӀэ, и хьэтыркӀэ къэкӀуэн. МафӀэгур станцым къыхуокӀуэ. 2. прийти (напр. о письме) / КъыӀэрыхьэн, и цӀэкӀэ къэкӀуэн. Тхылъ къыхуэкӀуэн. 3. прийти (напр. о госте) / Зыгуэр къыкӀэлъыкӀуэн, и деж къэкӀуэн. ХьэщӀэ къыхуэкӀуэн. Лъагъунлъагъу къыхуэкӀуэн. 4. схватить (о болезни) / Къыпкърыхьэн, къеуэлӀэн. * КӀулацэ кӀэкуакуэу щӀыӀэлӀэ къыхуэкӀуати, и анэм и ӀэлъэщӀ Ӏувыр зришэкӀри гъуэлъащ. КӀ. Т. Лъапсэрыхыр къыхуэкӀуэн см. лъапсэрых. {И} махуэр къыхуэкӀуэн см. махуэ Ӏ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыхуокӀуэ)

1. Зыгуэрым и хьэтыркӀэ кӀуэн.

Яшхэр абы хуэдизкӀэ увыӀати, къахуэмыкӀуэу шхуэмылакӀэкӀэ къалъэфырт, шым тесари къепсыхауэ.— Нал къута, 213

+1 örnek

Жэмым и лъабжьэр фӀигъэнауэ къыхуэкӀуэркъым, щӀэтӀысыкӀмэ, и быдзыр щӀым нэсырт, шэ къыпыткӀуу.— Щынэхужьыкъуэ, 16

2. КъыӀэрыхьэн, и цӀэкӀэ къэкӀуэн.

Тхылъ къыхуэкӀуа пэтми, зэзэмызэ Думэсарэ гупсысэшхуэ къытеуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191

+1 örnek

Мыбы [Астемыр] къахуэкӀуэ хьэпшыпыр дэнэ къикӀрэ, жиӀэу старшинэр бампӀэурэ зэгуэудынт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160

3. Зыгуэрым къыкӀэлъыкӀуэн, Ӏуэху гуэркӀэ и деж къэкӀуэн.

Махуэ гуэрым имыщӀэххэу ЛӀыжьым хьэщӀэ къыхуэкӀуат.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 148

+2 örnek

Тенджызи къурши къызэпачри, Ныбжьэгъу, фи лӀыкӀуэр къысхуэкӀуащ, Зытхам и ӀитӀым хэлъ хуабагъэр МыкӀуэду къихьри къызитащ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 178

Илъщ джэд фермэр [Линэ] и ӀэмыщӀэ, Арщ щӀэхъуари ар цӀэрыӀуэ, Абы плъакӀуэ куэд къыхуокӀуэ, Ӏей хъыджэбзым тырамыӀуэ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 38

4. Зыгуэр къэхъун, къэсын.

Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым, жыхуаӀэм хуэдэу, Мусэрэ Нурхьэлийрэ я Ӏуэхур псыхэкӀуадэ хъуами, къуажэм гуфӀэгъуэ куэд зэуэ къахуэкӀуащ: КӀэпӀий Андулыхь, Пэщ ЛутӀэ, Дзэгъэщтокуъэ Алим, фызабэ Бабыху сымэ я къуэхэу Къэбэрдей полъкум хэту «Туземнэ дивизэм» хэтахэр къэкӀуэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 208

+1 örnek

[Думэсарэ:] ГуӀэгъуэжь мыгъуэр къытхуэкӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 75

Deyimler (1)

[и] махуэр къыхуэкӀуэн

Еплъ: махуэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЫХУЭКӀУЭН (къыхуокӀуэ) лъэмыӀ. (31). 1. (2). Зыгуэрым и хьэтыркӀэ кӀуэн. Яшхэр абы хуэдизкӀэ увыӀати, къахуэмыкӀуэу шхуэмылакӀэкӀэ къалъэфырт, шым тесари къепсыхауэ. Нал къута, 213. Жэмым и лъабжьэр фӀигъэнауэ къыхуэкӀуэркъым, щӀэтӀысыкӀмэ, и быдзыр щӀым нэсырт, шэ къыпыткӀуу. Щынэхужьыкъуэ, 16. 2. (4). КъыӀэрыхьэн, и цӀэкӀэ къэкӀуэн. Тхылъ къыхуэкӀуа пэтми, зэзэмызэ Думэсарэ гупсысэшхуэ къытеуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. Мыбы [Астемыр] къахуэкӀуэ хьэпшыпыр дэнэ къикӀрэ, жиӀэу старшинэр бампӀэурэ зэгуэудынт. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. 3. (19). Зыгуэрым къыкӀэлъыкӀуэн, Ӏуэху гуэркӀэ и деж къэкӀуэн. Махуэ гуэрым имыщӀэххэу ЛӀыжьым хьэщӀэ къыхуэкӀуат. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 148. Тенджызи къурши къызэпачри, Ныбжьэгъу, фи лӀыкӀуэр къысхуэкӀуащ, Зытхам и ӀитӀым хэлъ хуабагъэр МыкӀуэду къихьри къызитащ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 178. Илъщ джэд фермэр [Линэ] и ӀэмыщӀэ, Арщ щӀэхъуари ар цӀэрыӀуэ, Абы плъакӀуэ куэд къыхуокӀуэ, Ӏей хъыджэбзым тырамыӀуэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 38. 4. (4). Зыгуэр къэхъун, къэсын. Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым, жыхуаӀэм хуэдэу, Мусэрэ Нурхьэлийрэ я Ӏуэхур псыхэкӀуадэ хъуами, къуажэм гуфӀэгъуэ куэд зэуэ къахуэкӀуащ: КӀэпӀий Андулыхь, Пэщ ЛутӀэ, Дзэгъэщтокуъэ Алим, фызабэ Бабыху сымэ я къуэхэу Къэбэрдей полъкум хэту «Туземнэ дивизэм» хэтахэр къэкӀуэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. [Думэсарэ:] ГуӀэгъуэжь мыгъуэр къытхуэкӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 75. ◊ [И] махуэр къыхуэкӀуэн (2). Еплъ махуэ I.

Düzeltme Öner

къыхуэкӀуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.