къытефыщӀыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
къытефыщӀыхьын (къытофыщӀыхь) неперех. гл. см. тефыщӀыхьын. Мылажьэм псори къытефыщӀыхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къытофыщӀыхь)
Къытешхыхьын, псалъэ мыхъумыщӀэ куэд тежыӀыхьын.
Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: - ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ?— Нал къута, 273
Kitapta geçtiği hali
КЪЫТЕФЫЩӀЫХЬЫН (къытофыщӀыхь) лъэмыӀ. (1). къызэр. Къытешхыхьын, псалъэ мыхъумыщӀэ куэд тежыӀыхьын. Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: - ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ? Нал къута, 273.