къытеудын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къытреуд)
1. ШынагъэкӀэ, нэмыукӀытагъэкӀэ зыгуэрым зыгуэр къыпыхын.
ру2. переносное просторечие содрать что-л. с кого-л. (напр. деньги)
Ахъшэ къытеудын. Щауей бэлэбанэжьым ар {Тотрэш} щыхуэзэм еплъщ, къеплъри къытриудын зыри кӀэригъуэтакъым.— Нартхэр
Еплъ: теудын. 2
Kitapta geçtiği hali
къытеудын (къытреуд) перех. гл. 1. см. теудын. 2. переносное просторечие содрать что-л. с кого-л. (напр. деньги) / ШынагъэкӀэ, нэмыукӀытагъэкӀэ зыгуэрым зыгуэр къыпыхын. * Ахъшэ къытеудын. Щауей бэлэбанэжьым ар {Тотрэш} щыхуэзэм еплъщ, къеплъри къытриудын зыри кӀэригъуэтакъым. Нарт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къытреуд)
ШынагъэкӀэ, нэмыукӀытагъэкӀэ зыгуэрым зыгуэр къыпыхын.
МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ [шым, шыдым] я хулъэр нэщӀу мэпсэури, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ.— Кхъухь пхэнж, 495
+1 örnek
Дауэ ищӀми сомитӀыр [Чачэ] къытриудыну мурад ищӀат [Нахъуэ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509
Kitapta geçtiği hali
КЪЫТЕУДЫН (къытреуд) лъэӀ. (2). зэхь. къызэр. ШынагъэкӀэ, нэмыукӀытагъэкӀэ зыгуэрым зыгуэр къыпыхын. МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ [шым, шыдым] я хулъэр нэщӀу мэпсэури, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ. Кхъухь пхэнж, 495. Дауэ ищӀми сомитӀыр [Чачэ] къытриудыну мурад ищӀат [Нахъуэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509.