къытелъхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къытрелъхьэ)
руКъытралъхьэр зи хьэлъэ выносливый; безропотно переносящий все тяготы жизни.
Къытралъхьэр и хьэлъэу, жэщ, махуэ жимыӀэу лӀыщӀа щхьэкӀи, мыукӀытэу и ныбжьэгъум яхыхьэн хуэдэу зы джанэ е зы гъуэншэдж иӀакъым.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
къытелъхьэн (къытрелъхьэ) перех. гл. см. телъхьэн. Къытралъхьэр зи хьэлъэ выносливый; безропотно переносящий все тяготы жизни. * Къытралъхьэр и хьэлъэу, жэщ, махуэ жимыӀэу лӀыщӀа щхьэкӀи, мыукӀытэу и ныбжьэгъум яхыхьэн хуэдэу зы джанэ е зы гъуэншэдж иӀакъым. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къытрелъхьэ)
1. Зыгуэрым и щӀыӀум зыгуэр щыгъэтӀылъын.
Си сэшхуэм уи Ӏэр къытеплъхьауэ, Хьэзыр Ӏупэхум нэр тенати, ЖысӀэну псалъэр пфӀэгуауати, Нэщхъейуи си пащхьэм уэ уитати.— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61
+2 örnek
[Фэуаз:] Езы шыми и щхьэр си дамэм къытрилъхьэрти, щатэрт е си Ӏэм къепэщэщырт, зыкъысщихъуэрт, къызэӀусэмэ, фӀэфӀу.— Анка, 382
Студентым зегъэпсчэуӀури и тхылъыр къытрелъхьэ [стӀолым].— КӀапсэ кӀапэ, 16
2. Зыгуэрым къалэн гуэр игъэзэщӀэну и пщэм дэлъхьэн, къалэн щыщӀын.
[Щхьэлмывэкъуэ дэсхэм:] Дапщэщ страшынэм ахъшэ хэхыным щыщӀидзэнур, дапщэ бейм лъысыну, дапщэ къулейсызым къытралъхьэнур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 217
+1 örnek
Къуажэм нэхъыжьу дэсыр зэхуэсри унафэ ящӀащ: Кургъуокъуэ иукӀа Мэремкъан Къасбот и унэм ӀукӀыу Ӏэпхъуэну, лъы уасэу шы, жэм, щэкӀ-фэкӀ къытралъхьами итын хуейуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 202
3. Гъэкъуэншэн.
[Дэфэрэдж:] «Халат» жыхуиӀэр «хьэлэч» жиӀэ хуэдэу къыфӀэщӀауэ Ӏэмэпсымэхэр къезыт сестрар къэуӀэбжьащ, зэгуагъэжауэ стӀолым телъ цӀыхубзыр лӀэмэ, къытралъхьэнкӀэ шынауэ ищӀэнур имыщӀэу и нитӀыр къихурт, модрейми маскэр и жьэм Ӏулъщи, дахэ-дахэу жиӀэр къыбгурыӀуэркъым.— Лъапсэ, 8
4. ПцӀы кӀэрылъхьэн.
Езым [мэзхъумэм] хабзэшхуэ хэлът, цӀыхум щӀахэмыхьэри арат, «укъагъапцӀэ», «уагъэпудыж» жиӀэу, мэзым щӀэтрэ хьэкӀэкхъуэкӀэм якӀэлъыплъмэ, нэхъ къайгъэншэу псэун и гугъэу. Иджы игъащӀэм и гум къэмыкӀар къытралъхьэ.— Лъапсэ, 94
5. Гузэвэгъуэ гуэр зыгуэрым къылъыгъэсын.
Бот аргуэру къуажэм дэкӀын идакъым, е и Данизэт къавэу къызэрикӀухьым къигъэна, е нэгъуэщӀ зыгуэркӀэ гузэва, сытми, яхудэкӀакъым, къыттралъхьэр тшэчынщ, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 282
+1 örnek
Гууншэу жэм псэф ящӀыну жаӀэ. Ари хъыджэбз ӀэщӀагъэ. АтӀэ аращ, зауэм къыптрилъхьэмэ, умыщӀэн щыӀэ.— Щынэхужьыкъуэ, 22
Deyimler (2)
алыхьым къытрилъхьэн
Еплъ: алыхь
къытралъхьэ и хьэлъэщ
ЦӀыху жыӀэщӀэм, бэшэчым щхьэкӀэ жаӀэ псэлъафэщ. -28.
[Хьэбибэ Алыхьым йолъэӀу:] Сызэрыфызабэу сылӀэжыху сыкъэгъани, си быным уи нэӀэ къытегъэт. Я гуащӀэрэ гущӀэгъурэ зиӀэ, сыкъыболъагъу, къыстеплъхьэр си хьэлъэу сопсэу.— Щынэхужьыкъуэ, 27
+1 örnek
[Хьэбибэ] «Къыстеплъхьэр си хьэлъэу» жиӀэ щхьэкӀэ [Алыхьыр] къыдэӀэпыкъуу и гугъэт.— Щынэхужьыкъуэ, 28
Atasözleri (1)
алыхьым къыптрилъхьэм, фошыгъу шей уефэнщ
Еплъ: алыхь
Kitapta geçtiği hali
КЪЫТЕЛЪХЬЭН (къытрелъхьэ) лъэӀ. (31). 1. (15). Зыгуэрым и щӀыӀум зыгуэр щыгъэтӀылъын. Си сэшхуэм уи Ӏэр къытеплъхьауэ, Хьэзыр Ӏупэхум нэр тенати, ЖысӀэну псалъэр пфӀэгуауати, Нэщхъейуи си пащхьэм уэ уитати. Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61. [Фэуаз:] Езы шыми и щхьэр си дамэм къытрилъхьэрти, щатэрт е си Ӏэм къепэщэщырт, зыкъысщихъуэрт, къызэӀусэмэ, фӀэфӀу. Анка, 382. Студентым зегъэпсчэуӀури и тхылъыр къытрелъхьэ [стӀолым]. КӀапсэ кӀапэ, 16. 2. (4). зэхь. Зыгуэрым къалэн гуэр игъэзэщӀэну и пщэм дэлъхьэн, къалэн щыщӀын. [Щхьэлмывэкъуэ дэсхэм:] Дапщэщ страшынэм ахъшэ хэхыным щыщӀидзэнур, дапщэ бейм лъысыну, дапщэ къулейсызым къытралъхьэнур? Хъуэпсэгъуэ нур, 217. Къуажэм нэхъыжьу дэсыр зэхуэсри унафэ ящӀащ: Кургъуокъуэ иукӀа Мэремкъан Къасбот и унэм ӀукӀыу Ӏэпхъуэну, лъы уасэу шы, жэм, щэкӀ-фэкӀ къытралъхьами итын хуейуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 202. 3. (1). зэхь. Гъэкъуэншэн. [Дэфэрэдж:] «Халат» жыхуиӀэр «хьэлэч» жиӀэ хуэдэу къыфӀэщӀауэ Ӏэмэпсымэхэр къезыт сестрар къэуӀэбжьащ, зэгуагъэжауэ стӀолым телъ цӀыхубзыр лӀэмэ, къытралъхьэнкӀэ шынауэ ищӀэнур имыщӀэу и нитӀыр къихурт, модрейми маскэр и жьэм Ӏулъщи, дахэ-дахэу жиӀэр къыбгурыӀуэркъым. Лъапсэ, 8. 4. (1). зэхь. ПцӀы кӀэрылъхьэн. Езым [мэзхъумэм] хабзэшхуэ хэлът, цӀыхум щӀахэмыхьэри арат, «укъагъапцӀэ», «уагъэпудыж» жиӀэу, мэзым щӀэтрэ хьэкӀэкхъуэкӀэм якӀэлъыплъмэ, нэхъ къайгъэншэу псэун и гугъэу. Иджы игъащӀэм и гум къэмыкӀар къытралъхьэ. Лъапсэ, 94. 5. (3). зэхь. Гузэвэгъуэ гуэр зыгуэрым къылъыгъэсын. Бот аргуэру къуажэм дэкӀын идакъым, е и Данизэт къавэу къызэрикӀухьым къигъэна, е нэгъуэщӀ зыгуэркӀэ гузэва, сытми, яхудэкӀакъым, къыттралъхьэр тшэчынщ, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 282. Гууншэу жэм псэф ящӀыну жаӀэ. Ари хъыджэбз ӀэщӀагъэ. АтӀэ аращ, зауэм къыптрилъхьэмэ, умыщӀэн щыӀэ. Щынэхужьыкъуэ, 22. ◊ Алыхьым къытрилъхьэн (2). Еплъ Алыхь I. Къытралъхьэ и хьэлъэщ (2). ЦӀыху жыӀэщӀэм, бэшэчым щхьэкӀэ жаӀэ псэлъафэщ. [Хьэбибэ Алыхьым йолъэӀу:] Сызэрыфызабэу сылӀэжыху сыкъэгъани, си быным уи нэӀэ къытегъэт. Я гуащӀэрэ гущӀэгъурэ зиӀэ, сыкъыболъагъу, къыстеплъхьэр си хьэлъэу сопсэу. Щынэхужьыкъуэ, 27-28. [Хьэбибэ] «Къыстеплъхьэр си хьэлъэу» жиӀэ щхьэкӀэ [Алыхьыр] къыдэӀэпыкъуу и гугъэт. Щынэхужьыкъуэ, 28. ☐ Алыхьым къыптрилъхьэм, фошыгъу шей уефэнщ (2). Еплъ Алыхь I.