къыпыкӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыпокӀэ)
КӀыуэрэ зыгуэрым зыгуэр къыпыхъуэн, къыпидзэн.
рувырасти на чем-л.
МэракӀуэ къыпыкӀэн. Махуэ дэмыкӀыу а жыгым зы мыӀэрысэ къыпокӀэ.— Нартхэр
+1 örnek
Жылэм емыщхьым бабыщыщхьэ къыпокӀэ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
къыпыкӀэн (къыпокӀэ) неперех. гл. вырасти на чем-л. / КӀыуэрэ зыгуэрым зыгуэр къыпыхъуэн, къыпидзэн. * МэракӀуэ къыпыкӀэн. Махуэ дэмыкӀыу а жыгым зы мыӀэрысэ къыпокӀэ. Нарт. Жылэм емыщхьым бабыщыщхьэ къыпокӀэ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыпокӀэ)
КӀыуэрэ зыгуэр къыпыхъуэн, къыпидзэн (жыгым).
Жыгым къапыкӀари абы хуэдизу куэдщи, къекъутэ – жыг къудамэр щӀым щылъщ, пытыр зэрыпыту.— Нал къута, 209
+2 örnek
А [пфӀэдахэ] жыгым жьауэр дахэу идзми, КъыпыкӀэр Ӏеймэ, нэм хуамыхь.— Ӏэдакъэм щӀэкӀ. «Дамыгъэ», 219
Удзым къыпыкӀам уеплъмэ жьэжьей цӀыкӀум ещхьт зыгуэрым зэгуиуда хуэдэу.— Щынэхужьыкъуэ, 62
Atasözleri (1)
мыӀэрысэ къыпыкӀари къызыпыкӀа жыгым ещхьщ
Еплъ: мыӀэрысэ
Kitapta geçtiği hali
КЪЫПЫКӀЭН (къыпокӀэ) лъэмыӀ. (22). КӀыуэрэ зыгуэр къыпыхъуэн, къыпидзэн (жыгым). Жыгым къапыкӀари абы хуэдизу куэдщи, къекъутэ – жыг къудамэр щӀым щылъщ, пытыр зэрыпыту. Нал къута, 209. А [пфӀэдахэ] жыгым жьауэр дахэу идзми, КъыпыкӀэр Ӏеймэ, нэм хуамыхь. Ӏэдакъэм щӀэкӀ. «Дамыгъэ», 219. Удзым къыпыкӀам уеплъмэ жьэжьей цӀыкӀум ещхьт зыгуэрым зэгуиуда хуэдэу. Щынэхужьыкъуэ, 62. ☐ МыӀэрысэ къыпыкӀари къызыпыкӀа жыгым ещхьщ (1). Еплъ мыӀэрысэ.