къылъысын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къылъос)
1. КъыӀэрыхьэн, къыхуэзэн, къеуэлӀэн.
рудостаться кому-л.; выпасть на чью-л. долю
Лэгъупэжьым ЛӀыӀущ жиӀар идакъым: - И куэ лъэныкъуэм фӀэкӀа къыслъымысми, си Ӏыхьэр зыми естынукъым, - жиӀэри.— Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ
2. И чэзур къэсын.
рунастать, подойти (об очереди)
Къарэгъулыныр щӀалэм къылъысат.
Kitapta geçtiği hali
къылъысын (къылъос) неперех. гл. 1. достаться кому-л.; выпасть на чью-л. долю / КъыӀэрыхьэн, къыхуэзэн, къеуэлӀэн. * Лэгъупэжьым ЛӀыӀущ жиӀар идакъым: - И куэ лъэныкъуэм фӀэкӀа къыслъымысми, си Ӏыхьэр зыми естынукъым, - жиӀэри. Таур. хъыб. 2. настать, подойти (об очереди) / И чэзур къэсын. Къарэгъулыныр щӀалэм къылъысат.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къылъос)
1. КъыӀэрыхьэн, къыхуэзэн, къеуэлӀэн.
Кулисум сымэ къуажэм къыдэна щхьэкӀэ, махуэм хъудыр шынакъ къалъысмэ мэгуфӀэ.— Нэгъуху, 33
+2 örnek
Гупыр пщӀантӀэм дыщытӀысым, Расул жьантӀэр къылъысынт, Хэгъэрейуэ къалъытати ЯщӀыххакъым ар бысым.— Цада къуажэ. «Вагъуэ махуэ», 335
Нобэ Темботрэ Лурэ дуней гуфӀэгъуэр къалъысащ, Степан Ильич къэкӀуати, ауэ хьэлэмэтыр аракъэ – япэм и къэкӀуэкӀэм ещхьу гушыӀэу, къибыргъукӀыу къэкӀуакъым, шыгъуэгу хадэмкӀэ къыпхыкӀащ, зыми зыкъримыгъэлъагъуу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 221
2. И чэзур къэсын, къытехуэн.
Махуэ гуэрым дежурнэныр сэ [КӀыщокъуэм] къыслъысри псышэ сыкӀуэн хуей хъуащ, шызакъуэгум бошкӀэ иту пщӀэгъуалэжь гуэри щӀэщӀауэ – арат псышэ дызэрыкӀуэр.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519
+2 örnek
А щым [инэралымрэ полковникитӀымрэ] я гъусэт нэхъ зызыгъэӀэтащхьэу Къэбэрдейм исхэр, япэ дыдэ псэлъэныр къызылъысар Къылышбий и къуэр арат— Хъуэпсэгъуэ нур, 126
ХущӀыхьэгъуэ зэ къылъысрэ А иныжьыр шхэну тӀысмэ, ПӀастэ защӀэу лэгъупибл, Нарт санэпсу фэндырибл, Вы гъэшхари
Deyimler (4)
къылъысынур къылъыгъэсын
И Ӏыхьэр къыӀэрыгъэхьэн.
[Бекъан Хьэбибэ жреӀэ:] Апчарэ си гъусэу Сонэм нэгъакӀуэ. Абы къылъымысын къылъызгъэсынкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 230
къылъысынур къылъысын
И Ӏыхьэр къыӀэрыхьэн.
Хьэрун и нэфӀ зэщыхуам нэхъыбэ лъысырт, езым къылъысынури къылъысат, ирагъэсыкӀа илъэпкъым я унэр къищурэ и нэм къыфӀэнэ къигъэнакъым.— Нэгъуху, 19
къылъысыпхъэр къылъысын
Еплъ: къылъысыпхъэ
лей къылъысын
Еплъ: лей
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЛЪЫСЫН (къылъос) лъэмыӀ. (118). 1. (101). КъыӀэрыхьэн, къыхуэзэн, къеуэлӀэн. Кулисум сымэ къуажэм къыдэна щхьэкӀэ, махуэм хъудыр шынакъ къалъысмэ мэгуфӀэ. Нэгъуху, 33. Гупыр пщӀантӀэм дыщытӀысым, Расул жьантӀэр къылъысынт, Хэгъэрейуэ къалъытати ЯщӀыххакъым ар бысым. Цада къуажэ. «Вагъуэ махуэ», 335. Нобэ Темботрэ Лурэ дуней гуфӀэгъуэр къалъысащ, Степан Ильич къэкӀуати, ауэ хьэлэмэтыр аракъэ – япэм и къэкӀуэкӀэм ещхьу гушыӀэу, къибыргъукӀыу къэкӀуакъым, шыгъуэгу хадэмкӀэ къыпхыкӀащ, зыми зыкъримыгъэлъагъуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. 2. (12). И чэзур къэсын, къытехуэн. Махуэ гуэрым дежурнэныр сэ [КӀыщокъуэм] къыслъысри псышэ сыкӀуэн хуей хъуащ, шызакъуэгум бошкӀэ иту пщӀэгъуалэжь гуэри щӀэщӀауэ – арат псышэ дызэрыкӀуэр. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. А щым [инэралымрэ полковникитӀымрэ] я гъусэт нэхъ зызыгъэӀэтащхьэу Къэбэрдейм исхэр, япэ дыдэ псэлъэныр къызылъысар Къылышбий и къуэр арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 126. ХущӀыхьэгъуэ зэ къылъысрэ А иныжьыр шхэну тӀысмэ, ПӀастэ защӀэу лэгъупибл, Нарт санэпсу фэндырибл, Вы гъэшхари ◊ Къылъысынур къылъыгъэсын (1). И Ӏыхьэр къыӀэрыгъэхьэн. [Бекъан Хьэбибэ жреӀэ:] Апчарэ си гъусэу Сонэм нэгъакӀуэ. Абы къылъымысын къылъызгъэсынкъым. Щынэхужьыкъуэ, 230. Къылъысынур къылъысын (1). И Ӏыхьэр къыӀэрыхьэн. Хьэрун и нэфӀ зэщыхуам нэхъыбэ лъысырт, езым къылъысынури къылъысат, ирагъэсыкӀа илъэпкъым я унэр къищурэ и нэм къыфӀэнэ къигъэнакъым. Нэгъуху, 19. Къылъысыпхъэр къылъысын (1). Еплъ къылъысыпхъэ. Лей къылъысын (6). Еплъ лей.