къызэщӀэкъуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къызэщӀекъуэ)
1. Къызэхуэтхъусын, къызэхуэкъусын.
русгрести что-л. (в кучу)
Мэкъур къызэщӀэкъуэн.
2. Зэхуэхьэсын, зэуӀу щӀын.
русобрать кого-что-л. вместе
ПхъэнкӀийр къызэщӀэкъуэн. Нарт Псэбыдэм псынщӀэу шы гуартэхэмрэ Ӏэщ хъушэхэмрэ къызэщӀикъуэри къежьащ, испыхэр кӀэщӀу и ужьым пхъэру иту.— Нартхэр
3. Еплъ: къехьэлӀэжын 2
Губгъуэм гъавэу илъыр къызэщӀэкъуэн.
4. КъыумыгъанэӀауэ псори зы щӀын.
руохватить (всех, все)
Къыфлъысар къызэщӀэткъуэри къыфхуэтшащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
+1 örnek
И пщӀэгъуалэр бом къыщӀеш, Шабзэу иӀэр къызэщӀекъуэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Kitapta geçtiği hali
къызэщӀэкъуэн (къызэщӀекъуэ) перех. гл. 1. сгрести что-л. (в кучу) / Къызэхуэтхъусын, къызэхуэкъусын. Мэкъур къызэщӀэкъуэн. 2. собрать кого-что-л. вместе / Зэхуэхьэсын, зэуӀу щӀын. * ПхъэнкӀийр къызэщӀэкъуэн. Нарт Псэбыдэм псынщӀэу шы гуартэхэмрэ Ӏэщ хъушэхэмрэ къызэщӀикъуэри къежьащ, испыхэр кӀэщӀу и ужьым пхъэру иту. Нарт. 3. см. къехьэлӀэжын 2. Губгъуэм гъавэу илъыр къызэщӀэкъуэн. 4. переносное охватить (всех, все) / КъыумыгъанэӀауэ псори зы щӀын. * Къыфлъысар къызэщӀэткъуэри къыфхуэтшащ. Хь. Хь. И пщӀэгъуалэр бом къыщӀеш, Шабзэу иӀэр къызэщӀекъуэ. Къэб. п. и ант.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къызэщӀекъуэ)
1. Зэхуэхьэсын, зыгуэр зэуӀу щӀын.
Езым [Мэмэт-щӀакъуэ] пиупщӀауэ гум илъыр иридзри джэдыр къызэщӀикъуэри кърилъхьауэ къыщежьэжым, мэз джэдыр къэзыукӀа къэзакъ щакӀуэхэм къалъэгъуащ.— Лъапсэ, 46
+1 örnek
Ауэ псалъэ къыбжьэдэкӀынщи «ущыӀэжкъым, Мыхуэ» жыхуаӀэм хуэдэу ухъунщ, - жиӀэрт Елдар [Нурхьэлий зыхуигъазэу], ахъшэр къызэщӀикъуэурэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 230
2. ӀэплӀэкӀэ къэщтэн.
[Дисэ] И насыпти, иджы Гунэуэс къыхуэзащ, бацэ уэншэкум мафӀэр къызэрыпылъэлъу пӀэм хэлъ фызыр къызэщӀикъуэри и ӀэплӀэм илъу бжэмкӀэ къеӀащ, и щыгъыным мафӀэ бзийр дарий лентӀ плъыжьым ещхьу пылъэлъу.— ГущӀэгъу, 424
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЗЭЩӀЭКЪУЭН (къызэщӀекъуэ) лъэӀ. (5). 1. (4). Зэхуэхьэсын, зыгуэр зэуӀу щӀын. Езым [Мэмэт-щӀакъуэ] пиупщӀауэ гум илъыр иридзри джэдыр къызэщӀикъуэри кърилъхьауэ къыщежьэжым, мэз джэдыр къэзыукӀа къэзакъ щакӀуэхэм къалъэгъуащ. Лъапсэ, 46. Ауэ псалъэ къыбжьэдэкӀынщи «ущыӀэжкъым, Мыхуэ» жыхуаӀэм хуэдэу ухъунщ, - жиӀэрт Елдар [Нурхьэлий зыхуигъазэу], ахъшэр къызэщӀикъуэурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 230. 2. (1). зэхь. ӀэплӀэкӀэ къэщтэн. [Дисэ] И насыпти, иджы Гунэуэс къыхуэзащ, бацэ уэншэкум мафӀэр къызэрыпылъэлъу пӀэм хэлъ фызыр къызэщӀикъуэри и ӀэплӀэм илъу бжэмкӀэ къеӀащ, и щыгъыным мафӀэ бзийр дарий лентӀ плъыжьым ещхьу пылъэлъу. ГущӀэгъу, 424.