къыжьэдэлъэлъын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыжьэдолъэлъ)

1. Къыжьэдэхун, къыӀурылъэлъын, къыжьэдэщэщын.

русыпаться изо рта

2. ПӀащӀэу, куэду псалъэ къыжьэдэкӀын, къыӀурылъэлъын.

русыпаться, беспрерывно произноситься (о словах)

Мыгувэу бзаджэ къыжьэдэлъэлъу шур къэсащ.— ЩакӀуэ Талъостэн

Kitapta geçtiği hali

къыжьэдэлъэлъын (къыжьэдолъэлъ) неперех. гл. 1. сыпаться изо рта / Къыжьэдэхун, къыӀурылъэлъын, къыжьэдэщэщын. 2. переносное сыпаться, беспрерывно произноситься (о словах) / ПӀащӀэу, куэду псалъэ къыжьэдэкӀын, къыӀурылъэлъын. * Мыгувэу бзаджэ къыжьэдэлъэлъу шур къэсащ. Щ. Т.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыжьэдолъэлъ)

1. Жьэм иутхыурэ къыжьэдэкӀын (Ӏупсыр).

Комендантыр къэтэджри директорыр зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу къеплъурэ жиӀащ, и Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу: - Тхьэр уогъэпцӀ нахуэу!— МелыӀыч, 472

+1 örnek

– Мыр лӀо зищӀысыр? ФызэбгрыкӀ!! – жиӀэу ихъуилъырт зы афицар ныбэкъ сырыху гуэр, гуэгуш гъэшхам хуэдэу и жьэгъур къыщӀэтӀэтӀу, щыпсалъэкӀэ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу, и жьэ къупщхьэри щӀэсысу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

2. ПсынщӀэу псалъэ куэд къыжьэдэкӀын.

Матренэ и жьэм псалъэр къыжьэдэлъэлъ щхьэкӀэ, и Ӏуэху щӀэн къанэртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556

+2 örnek

Абы [Дисэ] гыбзэ псалъэр къыжьэдэлъэлъырт, гъэмахуэ жьапщэм мыӀэрысэр къызэрыпигъэлъэлъым хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 103

– Мо унэ укъызыщӀэкӀыжам щхьэ къуамытрэ? – лӀым мылицэм я унэмкӀэ и щхьэр ещӀри [Алыджыкъуэ жреӀэ] аргуэру гупыр зэщӀегъэдыхьэшхэ, зыр зым пэрыуэу къажьэдолъэлъ: - Зы гъуэлъыпӀэ зыдэбгъэувын ямыӀэ уи гугъэ?— МелыӀыч, 452

Deyimler (1)

мафӀэр и жьэм къыжьэдэлъэлъын

Еплъ: мафӀэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЫЖЬЭДЭЛЪЭЛЪЫН (къыжьэдолъэлъ) лъэмыӀ. (8). 1. (2). Жьэм иутхыурэ къыжьэдэкӀын (Ӏупсыр). Комендантыр къэтэджри директорыр зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу къеплъурэ жиӀащ, и Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу: - Тхьэр уогъэпцӀ нахуэу! МелыӀыч, 472. – Мыр лӀо зищӀысыр? ФызэбгрыкӀ!! – жиӀэу ихъуилъырт зы афицар ныбэкъ сырыху гуэр, гуэгуш гъэшхам хуэдэу и жьэгъур къыщӀэтӀэтӀу, щыпсалъэкӀэ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу, и жьэ къупщхьэри щӀэсысу. Хъуэпсэгъуэ нур, 174. 2. (5). зэхь. ПсынщӀэу псалъэ куэд къыжьэдэкӀын. Матренэ и жьэм псалъэр къыжьэдэлъэлъ щхьэкӀэ, и Ӏуэху щӀэн къанэртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. Абы [Дисэ] гыбзэ псалъэр къыжьэдэлъэлъырт, гъэмахуэ жьапщэм мыӀэрысэр къызэрыпигъэлъэлъым хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 103. – Мо унэ укъызыщӀэкӀыжам щхьэ къуамытрэ? – лӀым мылицэм я унэмкӀэ и щхьэр ещӀри [Алыджыкъуэ жреӀэ] аргуэру гупыр зэщӀегъэдыхьэшхэ, зыр зым пэрыуэу къажьэдолъэлъ: - Зы гъуэлъыпӀэ зыдэбгъэувын ямыӀэ уи гугъэ? МелыӀыч, 452. ◊ МафӀэр и жьэм къыжьэдэлъэлъын (1). Еплъ. мафӀэ.

Düzeltme Öner

къыжьэдэлъэлъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.