къыдэгъэкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КъыдэкӀын псалъэм и каузатив.
рукаузатив к къыдэкӀын
Губгъуэ унэм сокӀуэ, блын газет къыдэгъэкӀын хуейщ ныщхьэбэ.— Къущхьэ СулътӀан
Kitapta geçtiği hali
къыдэгъэкӀын каузатив к къыдэкӀын / КъыдэкӀын псалъэм и каузатив. * Губгъуэ унэм сокӀуэ, блын газет къыдэгъэкӀын хуейщ ныщхьэбэ. Къу. С.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдегъэкӀ)
1. Зыгуэр зэрыбкӀэ традзэн.
Сэ [КӀыщокъуэм] стхыр апхуэдэу наӀуэ хъуамэ, Тхылъ къыдэзгъэкӀмэ, сигу хэмыщӀт.— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233
+2 örnek
Япэм адыгэбзэкӀэ тхылъ зэзэмызэ къыдагъэкӀыу, газет гуэри традзэу, школ тӀэкӀуи къызэӀуахауэ, я цӀыкӀухэр адыгэбзэкӀэ ирагъаджэу илъэгъуати, Къазджэрий и гугъэт абы лъандэрэ я Ӏуэхум куэд хэхъуауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
[Локотош сэлэтхэм яжреӀэ:] – ГурыӀуэгъуэмэ, зырызу фыкъыхэкӀыурэ мыбы Ӏэ къытевдзэ, Сталиным къыдигъэкӀа приказымкӀэ фыарэзы дэнэ къэна, ар зэрывгъэпэжынур къигъэлъагъуэу.— Нал къута, 259
2. Фейдэ къегъэщӀын.
«Схуэхьэж е схуэхъуэж» щыжиӀэкӀэ, зыгуэр къыдэбгъэкӀ мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633
3. Ахъшэр дунейм къытегъэхьэн.
Ростов е Тэрчкъалэ къыщыдагъэкӀа ахъшэ къыщрати къэхъурт— Хъуэпсэгъуэ нур, 205
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЭГЪЭКӀЫН (къыдегъэкӀ) лъэӀ. (15). 1. (13). зэхь. Зыгуэр зэрыбкӀэ традзэн. Сэ [КӀыщокъуэм] стхыр апхуэдэу наӀуэ хъуамэ, Тхылъ къыдэзгъэкӀмэ, сигу хэмыщӀт. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. Япэм адыгэбзэкӀэ тхылъ зэзэмызэ къыдагъэкӀыу, газет гуэри традзэу, школ тӀэкӀуи къызэӀуахауэ, я цӀыкӀухэр адыгэбзэкӀэ ирагъаджэу илъэгъуати, Къазджэрий и гугъэт абы лъандэрэ я Ӏуэхум куэд хэхъуауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. [Локотош сэлэтхэм яжреӀэ:] – ГурыӀуэгъуэмэ, зырызу фыкъыхэкӀыурэ мыбы Ӏэ къытевдзэ, Сталиным къыдигъэкӀа приказымкӀэ фыарэзы дэнэ къэна, ар зэрывгъэпэжынур къигъэлъагъуэу. Нал къута, 259. 2. (1). къызэр. Фейдэ къегъэщӀын. «Схуэхьэж е схуэхъуэж» щыжиӀэкӀэ, зыгуэр къыдэбгъэкӀ мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633. 3. (1). Ахъшэр дунейм къытегъэхьэн. Ростов е Тэрчкъалэ къыщыдагъэкӀа ахъшэ къыщрати къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 205.