къурыкъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Бжэгъу кӀыхь, къурагъ гъум.
ружердь, шест
Сосрыкъуэ къурыкъу гуэр къихьауэ, Ӏэюб зригъэщхьу, щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэуэ къиӀэтырт. Ӏуащхь.
2. Шы къызэраубыдыж Ӏэмэпсымэ (бжэгъу кӀыхьым кӀапсэ ищӀауэ); аркъэн.
ружердь с привязанной к нему веревкой, используемая в качестве аркана
Зэ щхьэрыутӀыпщ хъуа иужь, а шым къурыкъу ебдзу къыумубыдмэ, зиугъэубыдыжынукъым.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр
3. Еплъ: къурагъ 2
Kitapta geçtiği hali
къурыкъу 1. жердь, шест / Бжэгъу кӀыхь, къурагъ гъум. Сосрыкъуэ къурыкъу гуэр къихьауэ, Ӏэюб зригъэщхьу, щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэуэ къиӀэтырт. Ӏуащхь. 2. к.-з. жердь с привязанной к нему веревкой, используемая в качестве аркана / Шы къызэраубыдыж Ӏэмэпсымэ (бжэгъу кӀыхьым кӀапсэ ищӀауэ); аркъэн. * Зэ щхьэрыутӀыпщ хъуа иужь, а шым къурыкъу ебдзу къыумубыдмэ, зиугъэубыдыжынукъым. Черк. фольк. 3. см. къурагъ 2.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Бжэгъу кӀыхь, къурагъ гъум.
Аслъэныр зыгуэр жиӀэну и жьэр щызэтрих дыдэм бжэщхьэӀу хуэдэу щылъ къурыкъум къыщхьэпрыпщу цыжьбанэ къыщыщӀыхьэм къурыкъур гъумыщэти, къыщхьэпредзри къыдырым и пащхьэм къохутэ, кхъухьыпщыр игъэдыхьэшхыу— Кхъухь пхэнж, 505
+1 örnek
Сосрыкъуэ къурыкъу гуэр къихьауэ, Ӏэюб зригъэщхьу, щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэуэ къиӀэтырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600
Kitapta geçtiği hali
КЪУРЫКЪУ (4). Бжэгъу кӀыхь, къурагъ гъум. Аслъэныр зыгуэр жиӀэну и жьэр щызэтрих дыдэм бжэщхьэӀу хуэдэу щылъ къурыкъум къыщхьэпрыпщу цыжьбанэ къыщыщӀыхьэм къурыкъур гъумыщэти, къыщхьэпредзри къыдырым и пащхьэм къохутэ, кхъухьыпщыр игъэдыхьэшхыу. Кхъухь пхэнж, 505. Сосрыкъуэ къурыкъу гуэр къихьауэ, Ӏэюб зригъэщхьу, щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ зэуэ къиӀэтырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600.