къурагъ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Чы кӀыхь.

рушест

КъурагъкӀэ мыӀэрысэр къыпыгъэхун. Чы къурагъ.

2. Пасэ зэманым къагъэсэбэпу щыта кӀыхьагъ къызэрапщ щапхъэ (арщынипщӀ е къулашиплӀ мэхъу).

рустаринная мера длины (равна 10 аршинам или 4 маховым саженям)

Къурагъищ и кӀыхьагъщ.

Bu maddedeki ifadeler (2)

къурагъ еупсеин

руприставить шест к следующему по старшинству брату жениха или сестре невесты в знак того, что теперь разрешается выйти замуж или жениться.

Кулэ яшащ, Тагуэ къурагъыр ираупсеящ.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр

къурагъым фӀэӀун

рупредать что-л. огласке.

Къурагъым щхьэ фӀэпӀуа мыр, апхуэдизрэ щхьэ фытепсэлъыхьрэ, нэгъуэщӀ щымыӀэж хуэдэ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

къурагъ 1. шест / Чы кӀыхь. КъурагъкӀэ мыӀэрысэр къыпыгъэхун. Чы къурагъ. 2. устар. старинная мера длины (равна 10 аршинам или 4 маховым саженям) / Пасэ зэманым къагъэсэбэпу щыта кӀыхьагъ къызэрапщ щапхъэ (арщынипщӀ е къулашиплӀ мэхъу). Къурагъищ и кӀыхьагъщ. Къурагъ еупсеин приставить шест к следующему по старшинству брату жениха или сестре невесты в знак того, что теперь разрешается выйти замуж или жениться. * Кулэ яшащ, Тагуэ къурагъыр ираупсеящ. Черк. фольк. Къурагъым фӀэӀун предать что-л. огласке. * Къурагъым щхьэ фӀэпӀуа мыр, апхуэдизрэ щхьэ фытепсэлъыхьрэ, нэгъуэщӀ щымыӀэж хуэдэ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Чы кӀыхь, баш.

Абгъуэншэ бзухэр хадэм къихьэм, Хуэзыгъэдалъэм зи къурагъ, Ӏыхьлыншэу губгъуэм къинэ щӀалэу, ЗэхуищӀыжакъэ и щӀыбагъ— Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… Батырыбжьэ, 37

+1 örnek

Зи щхьэ ин пыӀэ къуацэщ, жи, къурагъыр къыуагъапщэмэ, уи крушкӀэри инщ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534

Deyimler (1)

къурагъыр егъэпщэн

И чэзур къэсын, чэзур къылъысын.

Зи щхьэ ин пыӀэ къуацэщ, жи. Къурагъыр къыуагъапщэмэ, уи крушкӀэри инщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534

Kitapta geçtiği hali

КЪУРАГЪ (2). Чы кӀыхь, баш. Абгъуэншэ бзухэр хадэм къихьэм, Хуэзыгъэдалъэм зи къурагъ, Ӏыхьлыншэу губгъуэм къинэ щӀалэу, ЗэхуищӀыжакъэ и щӀыбагъ. Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… «Батырыбжьэ», 37. Зи щхьэ ин пыӀэ къуацэщ, жи, къурагъыр къыуагъапщэмэ, уи крушкӀэри инщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534. ◊ Къурагъыр егъэпщэн (1). И чэзур къэсын, чэзур къылъысын. Зи щхьэ ин пыӀэ къуацэщ, жи. Къурагъыр къыуагъапщэмэ, уи крушкӀэри инщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534.

Düzeltme Öner

къурагъ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.