къурмакъей зэрыубыдын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
къурмакъей
Жьэ кӀуэцӀымрэ тхьэмбылымрэ зэрипхыу, щыбауэкӀэ хьэуар зэрызекӀуэр.
ЩакӀуэ гужьеям зыкъищӀэжри, щыхьым и щхьэр пиӀуэнтӀыкӀыу щыхуежьэм, къарууншэ щыхьым и къурмакъейм сэ жан щӀэлъыкӀар хуигъазэри зэпиупщӀащ, лъыкъуалэр щакӀуэм къытрикӀэу— Лъапсэ, 72
+2 örnek
– [Щыхьым] И пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, и пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, къопыджынщ, и пхэмкӀэ зыкъедзи, и къурмакъейр зэпыупщӀ, - жиӀэу зыгуэрым и макъ мэзым къыхэӀукӀащ— Лъапсэ, 72
Жыжьэу идакъым, хьэӀуцыдзым зэгуэр яубыдри къурмакъейр щач пэтати— Кхъухь пхэнж, 507
Deyimler (2)
къурмакъей зэрыубыдын
Хуабжьу зэзэуэн.
Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ, лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэроубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
+1 örnek
Губгъуэрысхэмрэ къалэдэсхэмрэ бжьэцу зэрызехьэу, пащӀэгъэлыгъуэ джэгу хэлъ жыхуаӀэу, лъэныкъуитӀым зызэраупсеят, я къурмакъейр зэрыубыдауэ— Кхъэлэгъунэ, 377
къурмакъейр хэчын
Махуэ псом пщӀантӀэм дэта шыр къуркъуркъу жиӀэу псы ефэу зыдыхэтым, гум иситӀыр къызэрыгъэгубжьащи, я къурмакъейр зэрыхэчыным нэсащ— Лъапсэ, 50
Еплъ: къурмакъей зэрыубыдын
Kitapta geçtiği hali
КЪУРМАКЪЕЙ (8). Жьэ кӀуэцӀымрэ тхьэмбылымрэ зэрипхыу, щыбауэкӀэ хьэуар зэрызекӀуэр. ЩакӀуэ гужьеям зыкъищӀэжри, щыхьым и щхьэр пиӀуэнтӀыкӀыу щыхуежьэм, къарууншэ щыхьым и къурмакъейм сэ жан щӀэлъыкӀар хуигъазэри зэпиупщӀащ, лъыкъуалэр щакӀуэм къытрикӀэу. Лъапсэ, 72. – [Щыхьым] И пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, и пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, къопыджынщ, и пхэмкӀэ зыкъедзи, и къурмакъейр зэпыупщӀ, - жиӀэу зыгуэрым и макъ мэзым къыхэӀукӀащ. Лъапсэ, 72. Жыжьэу идакъым, хьэӀуцыдзым зэгуэр яубыдри къурмакъейр щач пэтати. Кхъухь пхэнж, 507. ◊ Къурмакъей зэрыубыдын (2). Хуабжьу зэзэуэн. Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ, лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэроубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Губгъуэрысхэмрэ къалэдэсхэмрэ бжьэцу зэрызехьэу, пащӀэгъэлыгъуэ джэгу хэлъ жыхуаӀэу, лъэныкъуитӀым зызэраупсеят, я къурмакъейр зэрыубыдауэ. Кхъэлэгъунэ, 377. Къурмакъейр хэчын (1). Еплъ къурмакъей зэрыубыдын. Махуэ псом пщӀантӀэм дэта шыр къуркъуркъу жиӀэу псы ефэу зыдыхэтым, гум иситӀыр къызэрыгъэгубжьащи, я къурмакъейр зэрыхэчыным нэсащ. Лъапсэ, 50-51.