кърегъэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
кърегъэтын каузатив к къетын / Къетын псалъэм и каузатив. ЩӀыхь тхылъ кърегъэтын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърегъэт)
Зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэну лъэкӀын. -98.
Зыбжанэ дэкӀрэ депутату хахмэ [«лэжьакӀуэшхуэр»], «маяк» хъумэ, хуэпщӀар къыпхуищӀэжынщ: щӀапӀэ ухуеймэ, щӀапӀэ къуригъэтынщ, уи сабий детсадым бгъэкӀуэну ухуеймэ, пхущӀигъэтӀысхьэнщ, е сымаджэ уиӀэу угузавэмэ, къыбдэӀэпыкъунщ.— Лъапсэ, 97
Kitapta geçtiği hali
КЪРЕГЪЭТЫН (кърегъэт) лъэӀ. (3). Зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэну лъэкӀын. Зыбжанэ дэкӀрэ депутату хахмэ [«лэжьакӀуэшхуэр»], «маяк» хъумэ, хуэпщӀар къыпхуищӀэжынщ: щӀапӀэ ухуеймэ, щӀапӀэ къуригъэтынщ, уи сабий детсадым бгъэкӀуэну ухуеймэ, пхущӀигъэтӀысхьэнщ, е сымаджэ уиӀэу угузавэмэ, къыбдэӀэпыкъунщ. Лъапсэ, 97-98.