къитӀысхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къотӀысхьэ)
1. КъыщӀэкӀын (вагъуэхэр, мазэр). Нэхущ вагъуэр къитӀысхьащ.
ру2. появиться (о небесных светилах)
Еплъ: итӀысхьэн. 2
Kitapta geçtiği hali
къитӀысхьэн (къотӀысхьэ) неперех. гл. 1. см. итӀысхьэн. 2. появиться (о небесных светилах) / КъыщӀэкӀын (вагъуэхэр, мазэр). Нэхущ вагъуэр къитӀысхьащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къотӀысхьэ)
1. Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и пащхьэм щытӀысын.
ИкӀэм-икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну.— КӀапсэ кӀапэ, 17
+2 örnek
Бэлацэ гур къигъэувыӀащ, Тембот къажэу щилъагъум: - КъитӀысхьэ, сэлэт, - жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 302
Тхылъ иӀыгъыу аргуэру цӀыкӀухэм я пащхьэ къитӀысхьэри урокым къыщӀидзащ [Къазджэрий]: - Зы сыкъеджэнщи, фыкъедаӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610
2. ЗыщӀыпӀэ гуэрым псэупӀэ щыгъуэтын.
Къалэм дэсри абы пэгъунэгъу къуажищым дэсым и нэхъыбитӀри адыгэт, ижь-ижьыжкӀэ мы щӀыналъэм муслъымэным дахэсу дыпсэунщ, жаӀэу къитӀысхьауэ.— Лэчымэ, 389
Kitapta geçtiği hali
КЪИТӀЫСХЬЭН (къотӀысхьэ) лъэмыӀ.(9). 1. (8). Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и пащхьэм щытӀысын. ИкӀэм-икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну. КӀапсэ кӀапэ, 17. Бэлацэ гур къигъэувыӀащ, Тембот къажэу щилъагъум: - КъитӀысхьэ, сэлэт, - жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 302. Тхылъ иӀыгъыу аргуэру цӀыкӀухэм я пащхьэ къитӀысхьэри урокым къыщӀидзащ [Къазджэрий]: - Зы сыкъеджэнщи, фыкъедаӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610. 2. (1). зэхь. ЗыщӀыпӀэ гуэрым псэупӀэ щыгъуэтын. Къалэм дэсри абы пэгъунэгъу къуажищым дэсым и нэхъыбитӀри адыгэт, ижь-ижьыжкӀэ мы щӀыналъэм муслъымэным дахэсу дыпсэунщ, жаӀэу къитӀысхьауэ. Лэчымэ, 389.