къеӀусэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къоӀусэ)

Напэм къеӀусэн.

Еплъ: еӀусэн

Kitapta geçtiği hali

къеӀусэн (къоӀусэ) неперех. гл. см. еӀусэн. Напэм къеӀусэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къоӀусэ)

1. Зыгуэрым еӀэбын.

[Алыджыкъуэ:] Мы къэгъуэлъам мурад гуэр иӀэу пӀэрэ, жыхуиӀэу цӀыхубзыр къызэжьэу зы тэлайкӀэ хэлъащ, зимыгъэхъейуэ, сэ зызущэхуауэ сыщӀыщылъыр къыгурымыӀуэу си дежкӀэ зыкъыщигъазэм, сэшхуэм къеӀусэри занщӀэу къэскӀащ: - Мыр сыт?— МелыӀыч, 443

+2 örnek

Жейр нэбжьыцым къемыӀусэу Жыгым тесу жэщыр макӀуэ.— Си псэм мафӀэ къыщӀэнами. «Батырыбжьэ», 89

Си ужь ар [лӀэныгъэр] къихьэмэ, сыпежьэрт, СыблэкӀт и дамэр къызэӀусэу.— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55

2. Зыгуэрым зэран хъуэхъун, и жагъуэ щӀын. (къоӀух)

[Комендантым Алыджыкъуэ жреӀэ:] ЗылӀ къоӀусэну хуиткъым.— МелыӀыч, 467

+2 örnek

[Терек:] Си толъкъунхэм я къарууи А Тамари къеӀусакъым.— Терек. «Партыр ди пашэу», 124

лъэмыӀ. (1). Ехыу Ӏун, ищхьэмкӀэ икӀыу илъабжьэмкӀэ Ӏун [Гуэгушыхъу Мэзан джэдым ягу дахэ ещӀыр:] – Фымыгузавэ. Мазэ ныкъуэр лъэуей ищӀауэ къеӀухыу тесынщ [Джэлил], - жеӀэри.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493

Kitapta geçtiği hali

КЪЕӀУСЭН (къоӀусэ) лъэмыӀ. (10). 1. (6). Зыгуэрым еӀэбын. [Алыджыкъуэ:] Мы къэгъуэлъам мурад гуэр иӀэу пӀэрэ, жыхуиӀэу цӀыхубзыр къызэжьэу зы тэлайкӀэ хэлъащ, зимыгъэхъейуэ, сэ зызущэхуауэ сыщӀыщылъыр къыгурымыӀуэу си дежкӀэ зыкъыщигъазэм, сэшхуэм къеӀусэри занщӀэу къэскӀащ: - Мыр сыт? МелыӀыч, 443. Жейр нэбжьыцым къемыӀусэу Жыгым тесу жэщыр макӀуэ. Си псэм мафӀэ къыщӀэнами. «Батырыбжьэ», 89. Си ужь ар [лӀэныгъэр] къихьэмэ, сыпежьэрт, СыблэкӀт и дамэр къызэӀусэу. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55. 2. (3). зэхь. Зыгуэрым зэран хъуэхъун, и жагъуэ щӀын. [Комендантым Алыджыкъуэ жреӀэ:] ЗылӀ къоӀусэну хуиткъым. МелыӀыч, 467. [Терек:] Си толъкъунхэм я къарууи А Тамари къеӀусакъым. Терек. «Партыр ди пашэу», 124. КЪЕӀУХЫН (къоӀух) лъэмыӀ. (1). Ехыу Ӏун, ищхьэмкӀэ икӀыу илъабжьэмкӀэ Ӏун. [Гуэгушыхъу Мэзан джэдым ягу дахэ ещӀыр:] – Фымыгузавэ. Мазэ ныкъуэр лъэуей ищӀауэ къеӀухыу тесынщ [Джэлил], - жеӀэри. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493.

Düzeltme Öner

къеӀусэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.