къехьэжьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кърехьэжьэ)
1. Еплъ: ехьэжьэн
Денейр кӀыфӀ къохъу, къэхъуа-къэщӀари умыщӀэу борэным зыкъыщӀещӀэри.. мывэмрэ уэсымрэ зэхэту кърехьэжьэ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. Уапэмылъэщу, къомыдэӀуэжу укъахьын (шы Ӏэлхэм, шы мыгъасэхэм). ЩӀалэр шы мыгъасэм щытетӀысхьэм кърихьэжьащ.
рупомчать, понести (сюда, о лошадях)
Kitapta geçtiği hali
къехьэжьэн (кърехьэжьэ) перех. гл. 1. см. ехьэжьэн. * Денейр кӀыфӀ къохъу, къэхъуа-къэщӀари умыщӀэу борэным зыкъыщӀещӀэри.. мывэмрэ уэсымрэ зэхэту кърехьэжьэ. Ӏуащхь. 2. помчать, понести (сюда, о лошадях) / Уапэмылъэщу, къомыдэӀуэжу укъахьын (шы Ӏэлхэм, шы мыгъасэхэм). ЩӀалэр шы мыгъасэм щытетӀысхьэм кърихьэжьащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърехьэжьэ)
Ӏуэху гуэр къыщӀэдзэн.
Зэ фронтым сокӀуэ, жиӀэри кърихьэжьауэ щытащ, зэ ПВО курс сокӀуэ, жиӀэри дигъэгузэващ.— Щынэхужьыкъуэ, 33
+1 örnek
[Астемыр Лу жреӀэ:] Спектакль къефхьэжьам иужь фити нэхъыфӀщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629
Kitapta geçtiği hali
КЪЕХЬЭЖЬЭН (кърехьэжьэ) лъэӀ. (2). Ӏуэху гуэр къыщӀэдзэн. Зэ фронтым сокӀуэ, жиӀэри кърихьэжьауэ щытащ, зэ ПВО курс сокӀуэ, жиӀэри дигъэгузэващ. Щынэхужьыкъуэ, 33. [Астемыр Лу жреӀэ:] Спектакль къефхьэжьам иужь фити нэхъыфӀщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629.