ехьэжьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ирехьэжьэ)

Зыгуэр зыщӀыпӀэ хьын.

руунести кого-что-л. куда-л.

Хъуэжэ зытеса ху самэр жьым ирихьэжьэри ежьэжащ.— ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

ехьэжьэн (ирехьэжьэ) перех. гл. унести кого-что-л. куда-л. / Зыгуэр зыщӀыпӀэ хьын. * Хъуэжэ зытеса ху самэр жьым ирихьэжьэри ежьэжащ. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ирехьэжьэ)

1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ пхьыным хуежьэн. –480.

[Шурэ:] Къытэ пэгуным дэп ирилъхьэри зигъэхуабэу щысти хьэхэр банэри ӀукӀауэ жьым хъуаскӀэ ирихьэжьэу мэкъум хидза е нэгъуэщӀ.— Алъхъо, 75

+2 örnek

Псы къиуам дэухыпӀэ хуащӀыху, мо псы уэр гъуахъуэу къехыр пхуэубыдынт, псыӀущӀэр ирихьэжьэри гъэ псом ялэжьар зэ кӀуэдыгъуэу кӀуэдыжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515

Хьэмбылур зы джэдым ирихьэжьэмэ, адрейхэр кӀэлъыжэрт къытрахын я гугъэу, арщхьэкӀэ езыхьэжьам жэрыжэм тету иригъэлъэтэхырти, псори зэгъусэу адакъэм дежкӀэ къагъэзэжырт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479

2. Бзылъхугъэр унэидзыхьэу къэхьын.

КӀий-гуо щхьэкӀэ къимыгъанэу, шум цӀыхубзыр ирихьэжьэри ежьэжащ.— Лъапсэ, 31

+2 örnek

Ари зыгуэрщ, Жыраслъэн хъыджэбз дахэ цӀыкӀур ипхъуатэрэ ирихьэжьэмэ, дауэ хъуну?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518

Къазджэрий уасэкӀэ хъыджэбзыр и дэлъху нэхъыжьым къыӀихыфыну къару лъэпкъ бгъэдэлътэкъым, епхьэжьэнуи хъунутэкъым – хамэ къэралт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667

3. Хъыбар гуэр хэхьэн, хэӀущӀыӀу щӀын.

Бот кӀыщым щӀэтщ, махуэ къэс дапщэ къакӀуэрэ уи деж, псалъэ зырыз а къомым ирахьэжьэрэ цӀыхум яхыхьэжмэ, зэхахар яӀуэтэжынкъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 222

+1 örnek

«Бахъсэн событкӀэ» еджэу я къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, арщхьэкӀэ, Къалмыкъ БетӀал зэреплъымкӀэ, къигъэкӀын хуейт, уеблэмэ хэӀущӀыӀу щӀын дэнэ къэна, и хъыбарыр ехьэжьэн хуеят: Совет властыр якъутэжыну Ислъэмей къуажэр хуежьат, жаӀэу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525

4. ПщӀыгъуу зыгуэр зыдэхьын.

ЦӀыху зэрызехьэ къомыр къыщызэдеӀэм, сэшхуэ кӀыхь зыкӀэрыщӀа татри, и тӀысыпӀэмкӀэ мыарэзыуэ къэгубжьа Бэтокъуи, Астемыри, Бэлацэрэ Долэтрэ зэрагъусэу, ирахьэжьэри, унэм зэрыщӀэгуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 323

5. Зыгуэр къыщӀэдзэн.

Утемыгушхуауэ, Ӏуэху епхьэжьар хьэкъкӀэ уи фӀэщ мыхъуауэ, революцэ пхуэщӀынукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

+1 örnek

[Инал:] ХабзэщӀэ етхьэжьам и противыр, революцэми и противщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

Kitapta geçtiği hali

ЕХЬЭЖЬЭН (ирехьэжьэ) лъэӀ. (19). 1. (7). Зыгуэр зыщӀыпӀэ пхьыным хуежьэн. [Шурэ:] Къытэ пэгуным дэп ирилъхьэри зигъэхуабэу щысти хьэхэр банэри ӀукӀауэ жьым хъуаскӀэ ирихьэжьэу мэкъум хидза е нэгъуэщӀ. Алъхъо, 75. Псы къиуам дэухыпӀэ хуащӀыху, мо псы уэр гъуахъуэу къехыр пхуэубыдынт, псыӀущӀэр ирихьэжьэри гъэ псом ялэжьар зэ кӀуэдыгъуэу кӀуэдыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Хьэмбылур зы джэдым ирихьэжьэмэ, адрейхэр кӀэлъыжэрт къытрахын я гугъэу, арщхьэкӀэ езыхьэжьам жэрыжэм тету иригъэлъэтэхырти, псори зэгъусэу адакъэм дежкӀэ къагъэзэжырт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479–480. 2. (3). зэхь. Бзылъхугъэр унэидзыхьэу къэхьын. КӀий-гуо щхьэкӀэ къимыгъанэу, шум цӀыхубзыр ирихьэжьэри ежьэжащ. Лъапсэ, 31. Ари зыгуэрщ, Жыраслъэн хъыджэбз дахэ цӀыкӀур ипхъуатэрэ ирихьэжьэмэ, дауэ хъуну? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518. Къазджэрий уасэкӀэ хъыджэбзыр и дэлъху нэхъыжьым къыӀихыфыну къару лъэпкъ бгъэдэлътэкъым, епхьэжьэнуи хъунутэкъым – хамэ къэралт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. 3. (6). зэхь. Хъыбар гуэр хэхьэн, хэӀущӀыӀу щӀын. Бот кӀыщым щӀэтщ, махуэ къэс дапщэ къакӀуэрэ уи деж, псалъэ зырыз а къомым ирахьэжьэрэ цӀыхум яхыхьэжмэ, зэхахар яӀуэтэжынкъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 222. «Бахъсэн событкӀэ» еджэу я къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, арщхьэкӀэ, Къалмыкъ БетӀал зэреплъымкӀэ, къигъэкӀын хуейт, уеблэмэ хэӀущӀыӀу щӀын дэнэ къэна, и хъыбарыр ехьэжьэн хуеят: Совет властыр якъутэжыну Ислъэмей къуажэр хуежьат, жаӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. 4. (1). ПщӀыгъуу зыгуэр зыдэхьын. ЦӀыху зэрызехьэ къомыр къыщызэдеӀэм, сэшхуэ кӀыхь зыкӀэрыщӀа татри, и тӀысыпӀэмкӀэ мыарэзыуэ къэгубжьа Бэтокъуи, Астемыри, Бэлацэрэ Долэтрэ зэрагъусэу, ирахьэжьэри, унэм зэрыщӀэгуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 323. 5. (2). Зыгуэр къыщӀэдзэн. Утемыгушхуауэ, Ӏуэху епхьэжьар хьэкъкӀэ уи фӀэщ мыхъуауэ, революцэ пхуэщӀынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. [Инал:] ХабзэщӀэ етхьэжьам и противыр, революцэми и противщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529.

Düzeltme Öner

ехьэжьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.