къехуэкӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(кърехуэкӀ)

1. Ехужьауэ къегъэжыхьын, зехуэн.

ругонять кого-л. (обычно о животных)

Мо жэщ кӀыфӀым кърихужьа иныжь шыбз гуартэр Псэбыдэм здихуну лъэныкъуэр имыщӀэу кърихуэкӀырт.— Нартхэр

2. Къегъэжыхьын, гъэкӀэрэхъуэн, зехуэн (топыр). Псым щхьэл шэрхъхэр кърехуэкӀ. Джэдум дзыгъуэ кърехуэкӀ.

рузаставлять двигаться, катиться, перемещаться в пространстве (напр. мяч, шар, машину)

3. Зыгуэрым къыкӀэлъыжыхьын, зехуэн.

рупреследовать кого-л., гоняться за кем-л.

Дыгъур къехуэкӀын.

4. Зыгуэр къебгъэщӀэну хэгъэзыхьын, зыгуэрым тебгъэчыныхьу зыгуэр гъэгузэвэн, гузэвэгъуэ хэдзэн.

рузаставлять, вынуждать кого-л. сделать что-л.; не давать житья, покоя

Ӏуэху ебгъэщӀэну къехуэкӀын.

Къэхухьын, хуурэ гъэбыдэн (бжыхькӀэ). Къэхухьауэ щытын (бжыхькӀэ). ПщӀантӀэр бжыхькӀэ къехуэкӀащ.

руа) (кърехуэкӀ) перех. гл. огородить что-л. чем-л. (напр. плетнем)

ЩӀапӀэр бжыхькӀэ кърихуэкӀри и кӀэм Ӏуэхур нигъэсат, Унэ ищӀу щыхуежьэм Бжэ хилъхьэну щыгъупщащ.— П. Б. б) (къехуэкӀащ)

+3 örnek

неперех. гл.— быть огороженным

чем-л.

напр. плетнем

Bu maddedeki ifadeler (1)

{и} лъэужь къехуэкӀын

Еплъ: лъэужь

Kitapta geçtiği hali

къехуэкӀын I (кърехуэкӀ) перех. гл. 1. гонять кого-л. (обычно о животных) / Ехужьауэ къегъэжыхьын, зехуэн. * Мо жэщ кӀыфӀым кърихужьа иныжь шыбз гуартэр Псэбыдэм здихуну лъэныкъуэр имыщӀэу кърихуэкӀырт. Нарт. 2. заставлять двигаться, катиться, перемещаться в пространстве (напр. мяч, шар, машину) / Къегъэжыхьын, гъэкӀэрэхъуэн, зехуэн (топыр). Псым щхьэл шэрхъхэр кърехуэкӀ. Джэдум дзыгъуэ кърехуэкӀ. 3. переносное преследовать кого-л., гоняться за кем-л. / Зыгуэрым къыкӀэлъыжыхьын, зехуэн. Дыгъур къехуэкӀын. 4. переносное заставлять, вынуждать кого-л. сделать что-л.; не давать житья, покоя / Зыгуэр къебгъэщӀэну хэгъэзыхьын, зыгуэрым тебгъэчыныхьу зыгуэр гъэгузэвэн, гузэвэгъуэ хэдзэн. Ӏуэху ебгъэщӀэну къехуэкӀын. {И} лъэужь къехуэкӀын см. лъэужь. II а) (кърехуэкӀ) перех. гл. огородить что-л. чем-л. (напр. плетнем) / Къэхухьын, хуурэ гъэбыдэн (бжыхькӀэ). * ЩӀапӀэр бжыхькӀэ кърихуэкӀри и кӀэм Ӏуэхур нигъэсат, Унэ ищӀу щыхуежьэм Бжэ хилъхьэну щыгъупщащ. П. Б. б) (къехуэкӀащ) неперех. гл. быть огороженным чем-л. (напр. плетнем) / Къэхухьауэ щытын (бжыхькӀэ). ПщӀантӀэр бжыхькӀэ къехуэкӀащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(кърехуэкӀ)

1. Ехужьауэ зыгуэр къегъэжыхьын, зехуэн. -59.

Зы лӀы ерыщ гуэрым шыр къыхуэмыубыдурэ зыкъомрэ кърихуэкӀа нэужь, шыр къыӀэщӀыхьащ, ауэ а шыр ишэу и унэ кӀуэжын и хьисэптэкъым, «ЛутӀэ, мы шым шэси ди унэ схуэшэт», - щыжиӀэм, ЛутӀэ а Ӏуэхутхьэбзэр хуимыщӀэу къэнэнт, «уэлэхьи, сшэнмэ», - жиӀэри занщӀэу шэсащ шы пцӀэгъуэплъыжьым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 259

+1 örnek

А тӀур [Хьэбибэрэ Иринэрэ] зэпсалъэу щысыху, Дани пщӀантӀэм дэлъэдауэ джэджьей кърехуэкӀ.— Щынэхужьыкъуэ, 58

2. ГъэкӀэрэхъуэн, зехуэн, къегъэжьыхын.

– Уи адэм уригъусэу щакӀуэ укӀуэн жыхуэпӀэр уфӀэмащӀэ, топ къепхуэкӀыу уэрамым удэтыну аракъым, - жиӀэу дади зы бэлыхьышхуэ и къуэм хуищӀэ хуэдэу фэ зытрегъауэ.— Лъапсэ, 66

3. Зыгуэрым къыкӀэлъыжыхьын, зехуэн.

И къамэр кърипхъуэтауэ е бжэгъу иӀыгъыу Долэт къижыхьырт, щӀалэ цӀыкӀухэр кърихуэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 244

+1 örnek

[Римммэ Илэ жреӀэ]: Хэт апхуэдизу къефхуэкӀар? Унэидзыхьэ фыкӀуауэ арат?— Гъуэгуанэ, 116

Kitapta geçtiği hali

КЪЕХУЭКӀЫН (кърехуэкӀ) лъэӀ. (8). 1. (3). Ехужьауэ зыгуэр къегъэжыхьын, зехуэн. Зы лӀы ерыщ гуэрым шыр къыхуэмыубыдурэ зыкъомрэ кърихуэкӀа нэужь, шыр къыӀэщӀыхьащ, ауэ а шыр ишэу и унэ кӀуэжын и хьисэптэкъым, «ЛутӀэ, мы шым шэси ди унэ схуэшэт», - щыжиӀэм, ЛутӀэ а Ӏуэхутхьэбзэр хуимыщӀэу къэнэнт, «уэлэхьи, сшэнмэ», - жиӀэри занщӀэу шэсащ шы пцӀэгъуэплъыжьым. Хъуэпсэгъуэ нур, 259. А тӀур [Хьэбибэрэ Иринэрэ] зэпсалъэу щысыху, Дани пщӀантӀэм дэлъэдауэ джэджьей кърехуэкӀ. Щынэхужьыкъуэ, 58-59. 2. (1). ГъэкӀэрэхъуэн, зехуэн, къегъэжьыхын. - Уи адэм уригъусэу щакӀуэ укӀуэн жыхуэпӀэр уфӀэмащӀэ, топ къепхуэкӀыу уэрамым удэтыну аракъым, - жиӀэу дади зы бэлыхьышхуэ и къуэм хуищӀэ хуэдэу фэ зытрегъауэ. Лъапсэ, 66. 3. (4). зэхь. Зыгуэрым къыкӀэлъыжыхьын, зехуэн. И къамэр кърипхъуэтауэ е бжэгъу иӀыгъыу Долэт къижыхьырт, щӀалэ цӀыкӀухэр кърихуэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 244. [Римммэ Илэ жреӀэ]: Хэт апхуэдизу къефхуэкӀар? Унэидзыхьэ фыкӀуауэ арат? Гъуэгуанэ, 116.

Düzeltme Öner

къехуэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.