къепыджын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къопыдж)
Зыгуэрым бжьакъуэкӀэ жьэхэуэн.
[Шурэ Астемыр жреӀэ]: Нобэ и натӀэм сеӀусати къызэпыджащ, шкӀэ бзаджэ цӀыкӀу хъуащ.— Алъхъо, 75
+1 örnek
– [Щыхьым] И пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, и пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, къопыджынщ, и пхэмкӀэ зыкъедзи, и къурмакъейр зэпыупщӀ, - жиӀэу зыгуэрым и макъ мэзым къыхэӀукӀащ.— Лъапсэ, 72
Kitapta geçtiği hali
КЪЕПЫДЖЫН (къопыдж) лъэмыӀ. (3). Зыгуэрым бжьакъуэкӀэ жьэхэуэн. [Шурэ Астемыр жреӀэ]: Нобэ и натӀэм сеӀусати къызэпыджащ, шкӀэ бзаджэ цӀыкӀу хъуащ. Алъхъо, 75. – [Щыхьым] И пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, и пэмкӀэ убгъэдэмыхьэ, къопыджынщ, и пхэмкӀэ зыкъедзи, и къурмакъейр зэпыупщӀ, - жиӀэу зыгуэрым и макъ мэзым къыхэӀукӀащ. Лъапсэ, 72.