къезэуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къозауэ)

1. Еплъ: езэуэн

А бгъуэнщӀагъыжьым укъису уи закъуэу укъезэуэнут дзэ псом?— Ӏуащхьэмахуэ

2. Хуабжьу къеузын.

рупричинять сильную боль

Абы {Куарсэ} и уӀэгъэхэр къезауэрт.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

къезэуэн (къозауэ) неперех. гл. 1. см. езэуэн. * А бгъуэнщӀагъыжьым укъису уи закъуэу укъезэуэнут дзэ псом? Ӏуащхь. 2. переносное причинять сильную боль / Хуабжьу къеузын. * Абы {Куарсэ} и уӀэгъэхэр къезауэрт. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къозауэ)

1. Зыгуэрым удын гъущэ едзын.

[Мариам:] Исуф къигъэзэжрэ къызэрызгъэпцӀар къищӀэмэ, дунейм сытрихужынщ, псори зи зэраныр сэрауэ жиӀэнщи, къозэуэну хьэзырыпсщ— Лэчымэ, 394

+1 örnek

Гъунэгъум я гуэгушыхъум гу лъитащ, а тӀур [Джэлилрэ адакъэ хужьымрэ] зэгъусэу къезауэмэ, зыгуэр яхузэфӀэкӀынкӀэ зэрыхъунуми, зимыгъэгувэу кӀэбгъу зищӀри пщӀантӀэм дэкӀыжащ— Бабыщыкъуэ адакапщ, 488

2. Зыгуэрым ӀэщэкӀэ еуэн, зыгуэр уӀэгъэ щӀын.

Псалъэм къыдэкӀуэу яжриӀащ [Махъсидэ Алий сэлэтхэм]: дыуэ зыпщӀэхэлъым шэ къытехуэркъым, жиӀэри… Сэ дыуэ зыпщӀэхэслъхьэнщи, фыкъызэуэ, къыстехуэнукъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 121

+1 örnek

ИтӀани езым [Рахьим] и гур дахэ ищӀыжырт: «Ягъэ кӀынкъым, фоч зыгъэуэфыни, къамэкӀэ къызэуэни унэм щӀэскъым, хэт сыщышынэн», - жиӀэрт и куитӀ кӀэзызыр имыгъэкӀэзызын и гугъэу ӀитӀымкӀэ иӀыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143

3. Зыгуэрым пэувын Ӏэщэ пӀыгъыу.

Абы [Хьэбас] и хъыбарыр дымыухыурэ, нэгъуэщӀ хъыбари къэсащ: зи хэку зыбгынэну зыфӀэмыфӀхэм ящыщу Ӏэджэ, Ӏэщэ зиӀэм къищтэщ, зимыӀэм бжэгъу иӀыгъыу, къуршым ихьэжауэ властым къезауэу къаублащ, жаӀэри— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532

Deyimler (1)

гур къезэуэн

Еплъ: гу

Kitapta geçtiği hali

КЪЕЗЭУЭН (къозауэ) лъэмыӀ. (10). 1. (3). Зыгуэрым удын гъущэ едзын. [Мариам:] Исуф къигъэзэжрэ къызэрызгъэпцӀар къищӀэмэ, дунейм сытрихужынщ, псори зи зэраныр сэрауэ жиӀэнщи, къозэуэну хьэзырыпсщ. Лэчымэ, 394. Гъунэгъум я гуэгушыхъум гу лъитащ, а тӀур [Джэлилрэ адакъэ хужьымрэ] зэгъусэу къезауэмэ, зыгуэр яхузэфӀэкӀынкӀэ зэрыхъунуми, зимыгъэгувэу кӀэбгъу зищӀри пщӀантӀэм дэкӀыжащ. Бабыщыкъуэ адакапщ, 488. 2. (2). Зыгуэрым ӀэщэкӀэ еуэн, зыгуэр уӀэгъэ щӀын. Псалъэм къыдэкӀуэу яжриӀащ [Махъсидэ Алий сэлэтхэм]: дыуэ зыпщӀэхэлъым шэ къытехуэркъым, жиӀэри… Сэ дыуэ зыпщӀэхэслъхьэнщи, фыкъызэуэ, къыстехуэнукъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. ИтӀани езым [Рахьим] и гур дахэ ищӀыжырт: «Ягъэ кӀынкъым, фоч зыгъэуэфыни, къамэкӀэ къызэуэни унэм щӀэскъым, хэт сыщышынэн», - жиӀэрт и куитӀ кӀэзызыр имыгъэкӀэзызын и гугъэу ӀитӀымкӀэ иӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 143. 3. (2). Зыгуэрым пэувын Ӏэщэ пӀыгъыу. Абы [Хьэбас] и хъыбарыр дымыухыурэ, нэгъуэщӀ хъыбари къэсащ: зи хэку зыбгынэну зыфӀэмыфӀхэм ящыщу Ӏэджэ, Ӏэщэ зиӀэм къищтэщ, зимыӀэм бжэгъу иӀыгъыу, къуршым ихьэжауэ властым къезауэу къаублащ, жаӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. ◊ Гур къезэуэн (3). Еплъ гу I.

Düzeltme Öner

къезэуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.