къедзэкъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
къедзэкъэн (къодзакъэ) неперех. гл. см. едзэкъэн. * Хьэм и кӀэм утеувэмэ, къодзакъэ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къодзакъэ)
1. ДзэкӀэ зыгуэрым еӀэн, дзэкъапӀэ щӀын.
Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
+1 örnek
[Фэуаз:] Шым къызэдзэкъэн хуэдэу зещӀ, сэри хуэзмыдэххэнурати, фӀыуэ селъэдэкъэуащ, сяпэ ища си гъуситӀым сакӀэлъыпӀащӀэу— Анка, 381
2. ЩӀыӀэ, пщтырагъ с.ху. Ӏэпкълъэпкъым зэпхидзу зыхэщӀэн.
Дыгъэ лъагэр зэ къедзакъэм Дыгъэ къуэпсым пшэр хочыхьыр, А нур дахэм и пхъэ лъакъуэр ЗэпещӀыкӀыр хуэмышыхьу— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 77
Atasözleri (1)
насыпыншэм махъшэм тесми хьэ къодзакъэ
Еплъ: насыпыншэ
Kitapta geçtiği hali
КЪЕДЗЭКЪЭН (къодзакъэ) лъэмыӀ. (7). 1. (4). ДзэкӀэ зыгуэрым еӀэн, дзэкъапӀэ щӀын. Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. [Фэуаз:] Шым къызэдзэкъэн хуэдэу зещӀ, сэри хуэзмыдэххэнурати, фӀыуэ селъэдэкъэуащ, сяпэ ища си гъуситӀым сакӀэлъыпӀащӀэу. Анка, 381. 2. (1). зэхь. ЩӀыӀэ, пщтырагъ с.ху. Ӏэпкълъэпкъым зэпхидзу зыхэщӀэн. Дыгъэ лъагэр зэ къедзакъэм Дыгъэ къуэпсым пшэр хочыхьыр, А нур дахэм и пхъэ лъакъуэр ЗэпещӀыкӀыр хуэмышыхьу. Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 77. ☐ Насыпыншэм махъшэм тесми хьэ къодзакъэ (2). Еплъ насыпыншэ.