къеджэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КЪЕДЖЭН (КЪЕДЖЭ/къреджэ); ÇAĞIRMAK (birini beriye ~)
ЕДЖЭН; (еджэ/йоджэ); КЪЕДЖЭН (къеджэ/къоджэ); OKUMAK, ÜNLEMEK
ДЖЭН (МАДЖЭ), ЕДЖЭН (еджэ/ йоджэ), КЪЕДЖЭН (къеджэ/къреджэ), къеджэжьын/къеджэжын (къеджэжьы/къреджэж), КЪЕГЪЭБЛЭГЪЭН (къырегъэблагъэ/кърегъэблагъэ); ÜNLEMEK; ÇAĞIRMAK
КЪЕДЖЭН → ЕДЖЭН; OKUMAK, ÇAĞIRMAK
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: еджэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къоджэ)
Еплъ: еджэн
(къоджэ)
Тхауэ тхылъым итыр е нэгъуэщӀ зыгуэрым тетхахэр къихын.
рупрочитать что-л.
Тхылъым къеджэн.
Kitapta geçtiği hali
къеджэн I (къоджэ) неперех. гл. см. еджэн I. II (къоджэ) неперех. гл. прочитать что-л. / Тхауэ тхылъым итыр е нэгъуэщӀ зыгуэрым тетхахэр къихын. Тхылъым къеджэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоджэ)
1. МакъкӀэ зыхуэбгъазэу зыгуэр зыбгъэдэшэн, гу зылъегъэтэн, уи дежкӀэ зыкъегъэгъэзэн.
Бгырыс бгъэ хужьу зэм лъагэу Щоуфэразэ уэгу щхъуантӀэм, Зэм бгыщхьэ щӀыӀэм Къызоджэр ахэр [стиххэм] макъ жьгъырукӀэ— Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116
+2 örnek
Тетыр къоджамэ, Алыхьыр къоджа хуэдэти, укъэмыкӀуэу хъурэт, иджы мыпхуэдэ цӀыху Ӏувым укъыщыхыхьэкӀэ узыхуэмызэн ухуэзэнкӀэ мэхъу— Хъуэпсэгъуэ нур, 112
[Сэлимэ и анэр] И пхъур гъуэлъыпӀэм ирилъхьэри телефоным ежэлӀащ, милицэ къриджэну, абы гу щылъитэм, Сэлимэ къэгужьеяуэ къыщылъэтащ, псэ зыӀутым укъеджэнкъым, милицэ дэнэ къэна жиӀэу, езыми зигъалӀэмэ, нэхъ къещтэ къыщыщӀар хэӀущӀыӀу хъу нэхърэ— Лъапсэ, 27
2. Зыгуэрым къалэн гуэр игъэзэщӀэн, къулыкъу ищӀэн.
[Чокэ Албиян жреӀэ:] Сэри къызэджэу дзэм сашэнуми хэт ищӀэрэ— Щынэхужьыкъуэ, 44
+1 örnek
Щымыхъужым, Бэлацэ и къуэ нэхъыжь Къазджэрий Къэбэрдей полъкум хэту зауэм щыӀар къраджэри икӀэщӀыпӀэкӀэ Псыхуабэ ягъэкӀуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 237
3. Зыгуэрым цӀэ гуэр фӀэщын, зыгуэрым цӀэ гуэркӀэ зыхуэгъэзэн.
[Алыджыкъуэ:] Езым [Илас] си цӀи си унэцӀи ищӀэххэркъым, «кащконщ» къызэрызэджэр, ӀуэхутхьэбзэкӀэ къысхуеймэ, «ей, кащкон, мыдэ къакӀуэт е модэ кӀуэт» - абы къыфӀигъэкӀыркъым— МелыӀыч, 468
+2 örnek
НыбжькӀэ дызэхуэдэтэкъым, балигъ хъуным нэса къытхэтти, ахэр «иныжьт», модрей цӀыкӀу защӀэм къызэрыдэджэр «жьыныбэт»— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522
И портфелым Ӏэдэуадэр Дэлъу щӀалэр дэни макӀуэ, Хэт и уни ар щӀолъадэ, МонтерыфӀщи куэд щӀагъакӀуэ, ИнженеркӀи къеджэ щыӀэщ, ЩӀалэ жаным дэгушыӀэу— Тисей, 478
(къоджэ)
1. Тхауэ тхылъым итыр е нэгъуэщӀ зыгуэрым тетхахэр къихын.
[Жансэхъу] И гуфӀакӀэм къыдихырт словари, ар амдэч пэлъытэу къеджэрт, нэмэзыбзэр къыжьэдэлъэлъу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618
+2 örnek
Дапщэ хъуами къыпхуэмыщӀэу Си сыхьэтри зэ къутэнщ, Мис итӀанэ стхам уэ къеджэ – Си зэманым гу лъыптэнщ— Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56
[Алим:] ПщыхьэщхьэкӀэ дышха нэужь, Алий ди общежитым къокӀуэри къытхэсщ, хъыбар къыджеӀэ, Истамбыл щилъэгъуар еӀуэтэж, е усэ фӀэкӀа имыту тхылъ фӀыцӀэшхуэ иӀэщи, абы урысыбзэкӀэ къеджэурэ адыгэбзэкӀэ къыджеӀэж— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
2. ГукӀэ зыгуэр жыӀэн.
Апчарэ иувыкӀри клубыжьым и сценэм ит хуэдэу зыкъыфӀэщӀыжауэ усэм къеджащ— Щынэхужьыкъуэ, 23
+1 örnek
Мащэм деж нахьэса иужь, дыуэ тращӀащ, молэри «йа-син» жыхуиӀэ сурэм къеджащ— Лъапсэ, 108
Kitapta geçtiği hali
КЪЕДЖЭН I (къоджэ) лъэмыӀ. (109). 1. (88). МакъкӀэ зыхуэбгъазэу зыгуэр зыбгъэдэшэн, гу зылъегъэтэн, уи дежкӀэ зыкъегъэгъэзэн. Бгырыс бгъэ хужьу зэм лъагэу Щоуфэразэ уэгу щхъуантӀэм, Зэм бгыщхьэ щӀыӀэм Къызоджэр ахэр [стиххэм] макъ жьгъырукӀэ. Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116. Тетыр къоджамэ, Алыхьыр къоджа хуэдэти, укъэмыкӀуэу хъурэт, иджы мыпхуэдэ цӀыху Ӏувым укъыщыхыхьэкӀэ узыхуэмызэн ухуэзэнкӀэ мэхъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. [Сэлимэ и анэр] И пхъур гъуэлъыпӀэм ирилъхьэри телефоным ежэлӀащ, милицэ къриджэну, абы гу щылъитэм, Сэлимэ къэгужьеяуэ къыщылъэтащ, псэ зыӀутым укъеджэнкъым, милицэ дэнэ къэна жиӀэу, езыми зигъалӀэмэ, нэхъ къещтэ къыщыщӀар хэӀущӀыӀу хъу нэхърэ. Лъапсэ, 27. 2. (4). Зыгуэрым къалэн гуэр игъэзэщӀэн, къулыкъу ищӀэн. [Чокэ Албиян жреӀэ:] Сэри къызэджэу дзэм сашэнуми хэт ищӀэрэ? Щынэхужьыкъуэ, 44. Щымыхъужым, Бэлацэ и къуэ нэхъыжь Къазджэрий Къэбэрдей полъкум хэту зауэм щыӀар къраджэри икӀэщӀыпӀэкӀэ Псыхуабэ ягъэкӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 237. 3. (17). Зыгуэрым цӀэ гуэр фӀэщын, зыгуэрым цӀэ гуэркӀэ зыхуэгъэзэн. [Алыджыкъуэ:] Езым [Илас] си цӀи си унэцӀи ищӀэххэркъым, «кащконщ» къызэрызэджэр, ӀуэхутхьэбзэкӀэ къысхуеймэ, «ей, кащкон, мыдэ къакӀуэт е модэ кӀуэт» - абы къыфӀигъэкӀыркъым. МелыӀыч, 468. НыбжькӀэ дызэхуэдэтэкъым, балигъ хъуным нэса къытхэтти, ахэр «иныжьт», модрей цӀыкӀу защӀэм къызэрыдэджэр «жьыныбэт». Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522. И портфелым Ӏэдэуадэр Дэлъу щӀалэр дэни макӀуэ, Хэт и уни ар щӀолъадэ, МонтерыфӀщи куэд щӀагъакӀуэ, ИнженеркӀи къеджэ щыӀэщ, ЩӀалэ жаным дэгушыӀэу. «Тисей», 478.
КЪЕДЖЭН II (къоджэ) лъэмыӀ. (60). 1. (56). Тхауэ тхылъым итыр е нэгъуэщӀ зыгуэрым тетхахэр къихын. [Жансэхъу] И гуфӀакӀэм къыдихырт словари, ар амдэч пэлъытэу къеджэрт, нэмэзыбзэр къыжьэдэлъэлъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618. Дапщэ хъуами къыпхуэмыщӀэу Си сыхьэтри зэ къутэнщ, Мис итӀанэ стхам уэ къеджэ – Си зэманым гу лъыптэнщ. Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56. [Алим:] ПщыхьэщхьэкӀэ дышха нэужь, Алий ди общежитым къокӀуэри къытхэсщ, хъыбар къыджеӀэ, Истамбыл щилъэгъуар еӀуэтэж, е усэ фӀэкӀа имыту тхылъ фӀыцӀэшхуэ иӀэщи, абы урысыбзэкӀэ къеджэурэ адыгэбзэкӀэ къыджеӀэж. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. 2. (4). ГукӀэ зыгуэр жыӀэн. Апчарэ иувыкӀри клубыжьым и сценэм ит хуэдэу зыкъыфӀэщӀыжауэ усэм къеджащ. Щынэхужьыкъуэ, 23. Мащэм деж нахьэса иужь, дыуэ тращӀащ, молэри «йа-син» жыхуиӀэ сурэм къеджащ. Лъапсэ, 108.