кхъуакӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Языныкъуэ хьэпшыпхэм (ӀэлъэщӀым, стӀолтепхъуэм) я нэзым къыӀублэбл ухуэна, гъэща цӀыкӀухэр.
рубахрома
Пщащэр укӀытати, и напэр ехьэхауэ, и ӀэлъэщӀ кхъуакӀэр зэӀипщӀыкӀыу щыст.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
кхъуакӀэ бахрома / Языныкъуэ хьэпшыпхэм (ӀэлъэщӀым, стӀолтепхъуэм) я нэзым къыӀублэбл ухуэна, гъэща цӀыкӀухэр. * Пщащэр укӀытати, и напэр ехьэхауэ, и ӀэлъэщӀ кхъуакӀэр зэӀипщӀыкӀыу щыст. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Языныкъуэ хьэпшыпхэм (п.п. ӀэлъэщӀым, стӀолтепхъуэм) я нэзым къыӀублэбл ухуэна, гъэща, цӀыкӀу-цӀыкӀуу зыгуэгъэжа.
БжэӀупэм, бостей фӀыцӀэ кӀыхь хъужауэ, Ӏутт Ӏурарэ, и ӀэлъэщӀ кхъуакӀэр щӀым телъафэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584
+1 örnek
АрщхьэкӀэ фызыжьым щэху цӀыкӀуу ӀэлъэщӀ кхъуакӀэм къыщӀихщ кхъуей тыкъыри и жьэм жьэдилъхьащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512
Kitapta geçtiği hali
КХЪУАКӀЭ (2). Языныкъуэ хьэпшыпхэм (п.п. ӀэлъэщӀым, стӀолтепхъуэм) я нэзым къыӀублэбл ухуэна, гъэща, цӀыкӀу-цӀыкӀуу зыгуэгъэжа. БжэӀупэм, бостей фӀыцӀэ кӀыхь хъужауэ, Ӏутт Ӏурарэ, и ӀэлъэщӀ кхъуакӀэр щӀым телъафэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. АрщхьэкӀэ фызыжьым щэху цӀыкӀуу ӀэлъэщӀ кхъуакӀэм къыщӀихщ кхъуей тыкъыри и жьэм жьэдилъхьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512.