- уэздыгъей
лӀэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыха жыг лъэпкъыгъуэщ. Уэздыгъей лӀэужьыгъуэу дунейм 100-м нэс тетщ, абыхэм ящыщыу Къафкъасым 40 къыщокӀыр, а псоми уарохьэлӀэр. Ди Хэкум къыщыкӀ уэздыгъейхэм м 30 -40-м нэс я лъэгагъщ. Къущхьэхъу бгыжьхэм, къуэ дурэшхэм, быдапӀэхэм, Ӏэщ, цӀыху зыдэмыхbэф щӀыпӀэхэм куэду къыщокӀыр. И пхъэм псэуалъэ къыхащӀыкӀыр