куэбжэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
къэлапчъ, кӀыбыпчъ/щӀыбыбжэ, Ӏагупчъ(э)/Ӏуэгубжэ, щагупчъ(э), куэбжэ; DIŞ KAPI
къэлапчъ(э)/куэбжэ; KAPI (avlu ~su)
куэбжэ/щагупчъ(э) → къэлапчъ; DIŞ KAPI, (avlu ~sı)
щагупчъ(э)/куэбжэ → къэлапчъ; DIŞ KAPI
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: къэлапчъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПщӀантӀэм дыхьэпӀэ-дэкӀыпӀэу хэлъ бжэ.
руворота
Куэбжэр хуэщӀыжын.
+1 örnek
Къагъазэри шу къомыр Хъуэжэ и куэбжэм и деж къызэхэувыӀыхьащ.— ӀуэрыӀуатэ
Bu maddedeki ifadeler (3)
куэбжи набжи имыӀэн
руне иметь ничего, не иметь ни кола, ни двора.
куэбжэ дыхьэпщӀэ
Нысэ къэзышам и Ӏыхьлыхэр пщӀантӀэм дэмыхьэ щӀыкӀэ ят пщӀэ.
русвадебный обряд - плата за право въезда во двор жениха (когда родственники едут к нему на свадьбу)
куэбжэ цӀыкӀу
Лъэсыр пщӀантӀэм зэрыдыхьэ-зэрыдэкӀ бжэ.
рукалитка
Куэбжэ цӀыкӀур Ӏухын.
Kitapta geçtiği hali
куэбжэ ворота / ПщӀантӀэм дыхьэпӀэ-дэкӀыпӀэу хэлъ бжэ. Куэбжэр хуэщӀыжын. * Къагъазэри шу къомыр Хъуэжэ и куэбжэм и деж къызэхэувыӀыхьащ. фольк. Куэбжи набжи имыӀэн не иметь ничего, не иметь ни кола, ни двора. куэбжэ дыхьэпщӀэ этн. свадебный обряд - плата за право въезда во двор жениха (когда родственники едут к нему на свадьбу) / Нысэ къэзышам и Ӏыхьлыхэр пщӀантӀэм дэмыхьэ щӀыкӀэ ят пщӀэ. куэбжэ цӀыкӀу калитка / Лъэсыр пщӀантӀэм зэрыдыхьэ-зэрыдэкӀ бжэ. Куэбжэ цӀыкӀур Ӏухын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ПщӀантӀэм дыхьэпӀэ-дэкӀыпӀэу хэлъ бжэ.
Исхьэкъ куэбжитӀ къигъанэмэ, ещанэм деж къэувыӀэурэ гъуоуэ зэрыджэм ещхьу, Лу сымэ зэзэмызэ зыгуэрым и куэбжэм деж къыщыувыӀэрти щыджэгурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643
+2 örnek
Езы Бейбарс куэбжэмкӀэ къыщыдыхьэжым къепхъыхыу дыщэ ахъшэ къытрапхъат, апхуэдизкӀэ лӀыгъэ зэрихьам пщӀэшхуэ хуащӀати.— Лъапсэ, 101
Мастэнэм икӀыу и пкъыр псыгъуэщ, ГъущӀ куэбжэ хуэзэм щхьэпрокӀыр.— ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204
Kitapta geçtiği hali
КУЭБЖЭ (92). ПщӀантӀэм дыхьэпӀэ-дэкӀыпӀэу хэлъ бжэ. Исхьэкъ куэбжитӀ къигъанэмэ, ещанэм деж къэувыӀэурэ гъуоуэ зэрыджэм ещхьу, Лу сымэ зэзэмызэ зыгуэрым и куэбжэм деж къыщыувыӀэрти щыджэгурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643. Езы Бейбарс куэбжэмкӀэ къыщыдыхьэжым къепхъыхыу дыщэ ахъшэ къытрапхъат, апхуэдизкӀэ лӀыгъэ зэрихьам пщӀэшхуэ хуащӀати. Лъапсэ, 101. Мастэнэм икӀыу и пкъыр псыгъуэщ, ГъущӀ куэбжэ хуэзэм щхьэпрокӀыр. ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204.