ку

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

araba
Ortakмашын(э)автомобильтакси
Doğuгу
Batıку
odak
Ortakкупсэ
Doğuкузэхуаку
Batıгупчгузэфагу
oto
Ortakмашын(э)
Doğuгу
Batıку
Kitapta geçtiği hali

гу/ку, МАШЫН(Э); ARABA, OTO, OTOMOBİL, TAKSİ

ку/гу, МАШЫН(Э), АВТОМОБИЛЬ, ТАКСИ; ARABA, OTO, OTOMOBİL, TAKSİ

КУПСЭ, гупч, гу/ку, зэфагу/зэхуаку; ODAK

МАШЫН(Э), ку/гу; OTO, OTOMOBİL

гу/ку, гупч → КУПСЭ; ODAK

ку/гу → КУПСЭ; ODAK

Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: купсэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Адыгэ алфавитым и етӀощӀанэ хьэрф.

рудвадцатая буква кабардино-черкесского алфавита

1. КӀуэцӀ.

русердцевина

Дэм и кур нэщӀщ. Пхъэм и кур щащ.

2. ЗэхуэдитӀым деж, зыгуэрым ику, утыку.

русередина, центр

Къербэч къуажэм и кумкӀэ дэкӀ уэрамышхуэмкӀэ еунэтӀ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

+1 örnek

Хъуэжэ пщӀантӀэм и кум къызэрысу къыщӀэпхъуэжащ.— ӀуэрыӀуатэ

3. Зыгуэрхэм я зэхуаку.

рупространство между кем-чем-л.

Мес модэ мо Ӏуащхьэ жыжьэу плъагъумрэ мы Ӏуащхьэмрэ я кур ди къыздэжапӀэщ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан

Bu maddedeki ifadeler (1)

хьитӀым я кум къыдэкӀа

Еплъ: хьэ

Kitapta geçtiği hali

ку I двадцатая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и етӀощӀанэ хьэрф. II 1. сердцевина / КӀуэцӀ. Дэм и кур нэщӀщ. Пхъэм и кур щащ. 2. середина, центр / ЗэхуэдитӀым деж, зыгуэрым ику, утыку. * Къербэч къуажэм и кумкӀэ дэкӀ уэрамышхуэмкӀэ еунэтӀ. Хь. Хь. Хъуэжэ пщӀантӀэм и кум къызэрысу къыщӀэпхъуэжащ. фольк. 3. пространство между кем-чем-л. / Зыгуэрхэм я зэхуаку. * Мес модэ мо Ӏуащхьэ жыжьэу плъагъумрэ мы Ӏуащхьэмрэ я кур ди къыздэжапӀэщ. КӀ. Т., Акъ. З. ХьитӀым я кум къыдэкӀа см. хьэ I.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(50)

1. КӀуэцӀ.

Хьэлыгъу Ӏэджэ ихуэу унэм ЩӀэтщ хьэкушхуэ и кур хуиту.— Тисей, 485

+2 örnek

Борэн кӀыфӀыр къыкъуэкӀауэ Уэсыр мэзым щеухуэнщӀ, мазэм и фэри пыкӀауэ Къуапэр пӀийми, и кур нэщӀщ.— Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23

Молэм и дзэ гъуэжь хъуахэм дзэкугъуанэ куэд яӀэти, жьы къыжьэдэкӀыр пхуэмышэчыну мэ Ӏейт, арщхьэкӀэ, Ӏузизэ и щхьэр иримыхьэкӀыу молэр зригъапщэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

2. ЗэхуэдитӀым деж, зыгуэрым ику. -52.

Бэзэрыр щызэхуэсыр къалэ гъунэрауэ щытами, иджы къалэку хъужат, ихъуреягъкӀэ унэшхуэхэр къращӀэкӀауэ.— МелыӀыч, 447

+2 örnek

Тетым и унэр тӀууэ зэтеттэкъым, чырбыш унэ кӀыхьт, къэнжалыщхьэ телъу, и кум деж дэкӀуеипӀэ тӀэкӀу иӀэу, щхьэгъубжэхэр нэхут, шындэбзий лъэныкъуэр хадэмкӀэ гъэзат, абыкӀэ жыг хадэ тӀэкӀуи, мывэ сэрейм къыщхьэпрыщу, жыг хадэм уфӀэкӀмэ, нэпкъым тету унэ зытӀущи щытт, абы унэмысу члисэ щыту, члисэм и ижьырабгъумкӀэ иджыблагъэ ящӀын яуха къэбэрдей школышхуэр тӀууэ зэтет унэшхуэу плъагъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113

Къуажэм дэс псори къыщышынэрти [Щэрданым], псыри къыщышынэн игугъа хъунт, Мухьэмэд и шыр псым къыхихуэу щалъагъум, псыхъуэм дэта цӀыхухэр зэщӀэкӀиящ, арщхьэкӀэ игъэзэжу ауан зригъэщӀынт, къыхыхьэри, псым и кум къэмысу Шур щӀигъэмбрыуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 51

3. ЩӀыпӀэ гуэрхэм я зэхуаку.

КъалэкӀыхьымрэ Мэздэгурэ я кум Ӏэщу дэтым бжыгъэ иӀэкъым.— Нал къута, 237

+2 örnek

АрщхьэкӀэ сэшхуэ пцӀанэр дякум дэслъхьащи, сыхуэсакъыурэ си лъакъуэр соукъуэдий [Алыджыкъуэ].— МелыӀыч, 443

Хьэжыр хьэлъэ-хьэлъэу, ину хэгупсысыхьу унэмкӀэ къигъэзэжауэ, куэбжэмрэ унэмрэ я кум лъэбакъуэ дапщэ дэлъми къипщ хуэдэу, къэкӀуэжырт, и щхьэр къыфӀэхуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 70

4. ЗэӀыхьлыхэм я зэхущытыкӀэ. -428.

Зэкъуэшищым я кум къайгъэ лъэпкъ дэмылъу зэгурыӀуэрт, я шыпхъу цӀыкӀури фӀыщэу ялъагъурти, гъунэгъухэр ягъэгуфӀэт, цӀыху хъарзынэ къазэрыхэкӀа абыхэм, жаӀэу.— Къалэн, 427

5. ЩытыкӀэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэ – мыцӀыкӀу мыин.

Блыщхьэ къэс къалэм бэзэр ин щызэхуэсырти абы яшэрт щхьэл мывэ зэмылӀэужьы-гъуэхэр – ини, ику ити, цӀыкӀуи – сыт хуэдэ ухуейми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 49

Kitapta geçtiği hali

КУ ( 50). 1. (3). КӀуэцӀ. Хьэлыгъу Ӏэджэ ихуэу унэм ЩӀэтщ хьэкушхуэ и кур хуиту. «Тисей», 485. Борэн кӀыфӀыр къыкъуэкӀауэ Уэсыр мэзым щеухуэнщӀ, мазэм и фэри пыкӀауэ Къуапэр пӀийми, и кур нэщӀщ. Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23. Молэм и дзэ гъуэжь хъуахэм дзэкугъуанэ куэд яӀэти, жьы къыжьэдэкӀыр пхуэмышэчыну мэ Ӏейт, арщхьэкӀэ, Ӏузизэ и щхьэр иримыхьэкӀыу молэр зригъапщэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. 2. (17). ЗэхуэдитӀым деж, зыгуэрым ику. Бэзэрыр щызэхуэсыр къалэ гъунэрауэ щытами, иджы къалэку хъужат, ихъуреягъкӀэ унэшхуэхэр къращӀэкӀауэ. МелыӀыч, 447. Тетым и унэр тӀууэ зэтеттэкъым, чырбыш унэ кӀыхьт, къэнжалыщхьэ телъу, и кум деж дэкӀуеипӀэ тӀэкӀу иӀэу, щхьэгъубжэхэр нэхут, шындэбзий лъэныкъуэр хадэмкӀэ гъэзат, абыкӀэ жыг хадэ тӀэкӀуи, мывэ сэрейм къыщхьэпрыщу, жыг хадэм уфӀэкӀмэ, нэпкъым тету унэ зытӀущи щытт, абы унэмысу члисэ щыту, члисэм и ижьырабгъумкӀэ иджыблагъэ ящӀын яуха къэбэрдей школышхуэр тӀууэ зэтет унэшхуэу плъагъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. Къуажэм дэс псори къыщышынэрти [Щэрданым], псыри къыщышынэн игугъа хъунт, Мухьэмэд и шыр псым къыхихуэу щалъагъум, псыхъуэм дэта цӀыхухэр зэщӀэкӀиящ, арщхьэкӀэ игъэзэжу ауан зригъэщӀынт, къыхыхьэри, псым и кум къэмысу Шур щӀигъэмбрыуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 51-52. 3. (20). ЩӀыпӀэ гуэрхэм я зэхуаку. КъалэкӀыхьымрэ Мэздэгурэ я кум Ӏэщу дэтым бжыгъэ иӀэкъым. Нал къута, 237. АрщхьэкӀэ сэшхуэ пцӀанэр дякум дэслъхьащи, сыхуэсакъыурэ си лъакъуэр соукъуэдий [Алыджыкъуэ]. МелыӀыч, 443. Хьэжыр хьэлъэ-хьэлъэу, ину хэгупсысыхьу унэмкӀэ къигъэзэжауэ, куэбжэмрэ унэмрэ я кум лъэбакъуэ дапщэ дэлъми къипщ хуэдэу, къэкӀуэжырт, и щхьэр къыфӀэхуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 70. 4. (7). зэхь. ЗэӀыхьлыхэм я зэхущытыкӀэ. Зэкъуэшищым я кум къайгъэ лъэпкъ дэмылъу зэгурыӀуэрт, я шыпхъу цӀыкӀури фӀыщэу ялъагъурти, гъунэгъухэр ягъэгуфӀэт, цӀыху хъарзынэ къазэрыхэкӀа абыхэм, жаӀэу. Къалэн, 427-428. 5. (3). зэхь. ЩытыкӀэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэ – мыцӀыкӀу мыин. Блыщхьэ къэс къалэм бэзэр ин щызэхуэсырти абы яшэрт щхьэл мывэ зэмылӀэужьы-гъуэхэр – ини, ику ити, цӀыкӀуи – сыт хуэдэ ухуейми. Хъуэпсэгъуэ нур, 49.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

orta

Düzeltme Öner

ку
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.