исын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ИСЫН 1/щӀэсын (унэм ~) (Ар гъэпсэфыгъо мафэрэ унэм есы: O, tatil günlerinde evde bulunur/oturur: Ар гъэпсэхугъуэ махуэрэ унэм щӀосыр); BULUNMAK (bulunuyor olmak)
ИСЫН 2/щӀэсын (ИС(щ)/щӀэсщ) (непэ/нобэ УНЭМ СИС(щ)/ сыщӀэсщ: Bugün evdeyim; ~ УИС(щ)/ ущӀэсщ: ~ evdesin; ~ ИС(щ)/щӀэсщ: ~ evdedir); BULUNMAK (evde; bulunuyor durumda olmak)
исын/ыстын/ысын; YAKMAK (bir şeyin bir şeyi ~sı)
ыстын/ысын/исын; YAKMAK (bir şeyin bir şeyi ~sı)
ысын/ыстын/исын (ЕС(ы)/есты); YAKMAK (bir şeyin bir şeyi ~sı)
исын/ысын/ыстын; YANMAK
стын/СЫН (мэсты/МЭС(ы); исын/ыстын/ысын (есты, ЕС(ы); машӀо кӀэнэн (~кӀэнэ); мафӀэ щӀэнэн (~щӀонэ); машӀо/мафӀэ ХЭНЭН (~хэнэ/хонэ); YANMAK
Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ес)
1. МафӀэм и бзийм, и пщтырагъым зыгуэр зэрипхъуэн, фӀамыщӀ, сахуэ ищӀын.
русгореть
МафӀэм исын.
2. Дыгъэм игъэгъун.
русгореть от палящего солнца (о растительности)
ПщӀащэхэр дыгъэм исащ.
3. Дыгъэм щӀыфэр трисыкӀын.
руобгореть, сгореть на солнце (о человеке)
ЩӀалэр дыгъэм исащ.
4. ЩӀыӀэр зыгуэрым егуэуэн.
рузамерзнуть, озябнуть
ЩӀыӀэм исын.
(исщ)
1. Зыгуэрым и кӀуэцӀым и кум щыӀэн, щыщысын.
русидеть где-л., внутри чего-л.
Джэдур гъуэлъыпӀэм исщ.
2. ЩӀыпӀэ гуэр зэпымыууэ щыпсэун.
рупроживать, жить постоянно где-л.
Ди хэкум лъэпкъ зэмылӀэужьыгъуэ куэд исщ.
Kitapta geçtiği hali
исын I (ес) неперех. гл. 1. сгореть / МафӀэм и бзийм, и пщтырагъым зыгуэр зэрипхъуэн, фӀамыщӀ, сахуэ ищӀын. МафӀэм исын. 2. сгореть от палящего солнца (о растительности) / Дыгъэм игъэгъун. ПщӀащэхэр дыгъэм исащ. 3. переносное обгореть, сгореть на солнце (о человеке) / Дыгъэм щӀыфэр трисыкӀын. ЩӀалэр дыгъэм исащ. 4. замерзнуть, озябнуть / ЩӀыӀэр зыгуэрым егуэуэн. ЩӀыӀэм исын. II (исщ) неперех. гл. 1. сидеть где-л., внутри чего-л. / Зыгуэрым и кӀуэцӀым и кум щыӀэн, щыщысын. Джэдур гъуэлъыпӀэм исщ. 2. проживать, жить постоянно где-л. / ЩӀыпӀэ гуэр зэпымыууэ щыпсэун. Ди хэкум лъэпкъ зэмылӀэужьыгъуэ куэд исщ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(исщ)
1. Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и кум щыӀэн, щыщысын.
Адакъэ хъунур джэдыкӀэм ису маӀуэ, жыхуаӀэм хуэдэу, адакъэщӀэр джэду пщӀантӀэм дэтым ебжьыфӀэкӀыу, адакъэ купрауз дахэшхуэ мэхъури, зыхэта бабыщ быным яхэмыхьэжыххэу и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу хуиту пщӀантӀэм дэтщ, уеплъмэ, уи гур хигъахъуэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
+2 örnek
Гъэмахуэ шылэу Дуней дахэгъуэу, Узэгугъуахэм уагъэгуфӀэжу, Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари – Уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, Псы къэмыжари диным икӀынущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395
Лу упэлъэщыну Ӏэмал зимыӀэт, абы хуэдизу и Ӏуэхур дэкӀуеяти, «Инал и машинэм ису къэкӀуэжащ Астемыр и къуэр», - жаӀамэ, зэхэзыхым игъэщӀагъуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546
2. ЩӀыпӀэ гуэр зэпымыууэ щыпсэун.
– Сэри сыкӀуэдауэ къэслъытэжыркъым, – жиӀэри Елдар и гум кърихур къажриӀэну иукъуэдиящ, – Инал лӀы лъэщщ, акъылкӀи абы хуэдэ хэкум ису сэ сщӀэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542
+2 örnek
Ауз къэс лъэпкъ зырызыххэ исщ, я хабзэкӀи, я Дуней тетыкӀэкӀи зэхуэмыдэу.— Нал къута, 257
Цада къуажэр къырщ зэрысыр, Пшэр шхыӀэну къытепӀащ.— Цада къуажэ. «Вагъуэ махуэ», 335
3. Зымыгъэхъеин, имыӀуэху земыхуэн.
[Астемыр Думэсарэ жреӀэ:] Уи пӀэ ис!— Хъуэпсэгъуэ нур, 174
(ес)
1. МафӀэм и бзийм, и пщтырагъым зыгуэр зэрипхъуэн, фӀамыщӀ сахуэ ищӀын.
Апчарэ мафӀэм пэропхъуэри, мафӀэм ис бэлагъыр къыпэрехыж.— Щынэхужьыкъуэ, 25
+2 örnek
[Алим] ПщӀантӀэм дыкъыдохьэжри – зэрыщытащ, унэм дыщӀохьэжри – ари аращ, ауэ тета шхыныр исри Ӏисраф хъуащ, пшхы мыхъужыну.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
Къум джафэм и махуэр Дыгъэпсу хуабейщ, Бэуэни слъэмыкӀыу Лыгъаем щӀыр ес…— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 32
2. Зыгуэрым щӀыӀэ еуэкӀын, егуэуэн.
Хьэбибэ и щхьэгъусэ Темыркъан мыгъуэр псэути, зэлӀзэфызыр гъуэрыгъуэу щыст, жэмыр лъхуэрэ шкӀэр щӀыӀэм исым, жаӀэу гузавэу.— Щынэхужьыкъуэ, 9
+1 örnek
Си лъагъуныгъэм, щӀалэ лъапцӀэу, Уэшхыпсым хэту къиущыхьырт, Лъэдакъэр плъыжьу щӀыӀэм исырт, ИтӀани мафӀэр псэкӀэ ихьырт.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216
Kitapta geçtiği hali
ИСЫН I (исщ) лъэмыӀ. (60). 1. (33). Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и кум щыӀэн, щыщысын. Адакъэ хъунур джэдыкӀэм ису маӀуэ, жыхуаӀэм хуэдэу, адакъэщӀэр джэду пщӀантӀэм дэтым ебжьыфӀэкӀыу, адакъэ купрауз дахэшхуэ мэхъури, зыхэта бабыщ быным яхэмыхьэжыххэу и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу хуиту пщӀантӀэм дэтщ, уеплъмэ, уи гур хигъахъуэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. Гъэмахуэ шылэу Дуней дахэгъуэу, Узэгугъуахэм уагъэгуфӀэжу, Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари – Уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, Псы къэмыжари диным икӀынущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395. Лу упэлъэщыну Ӏэмал зимыӀэт, абы хуэдизу и Ӏуэхур дэкӀуеяти, «Инал и машинэм ису къэкӀуэжащ Астемыр и къуэр», - жаӀамэ, зэхэзыхым игъэщӀагъуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. 2. (16). ЩӀыпӀэ гуэр зэпымыууэ щыпсэун. – Сэри сыкӀуэдауэ къэслъытэжыркъым, – жиӀэри Елдар и гум кърихур къажриӀэну иукъуэдиящ, – Инал лӀы лъэщщ, акъылкӀи абы хуэдэ хэкум ису сэ сщӀэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. Ауз къэс лъэпкъ зырызыххэ исщ, я хабзэкӀи, я Дуней тетыкӀэкӀи зэхуэмыдэу. Нал къута, 257. Цада къуажэр къырщ зэрысыр, Пшэр шхыӀэну къытепӀащ. Цада къуажэ. «Вагъуэ махуэ», 335. 3. (1). зэхь. Зымыгъэхъеин, имыӀуэху земыхуэн. [Астемыр Думэсарэ жреӀэ:] Уи пӀэ ис! Хъуэпсэгъуэ нур, 174.
ИСЫН II (ес) лъэмыӀ. (8). 1. (5). МафӀэм и бзийм, и пщтырагъым зыгуэр зэрипхъуэн, фӀамыщӀ сахуэ ищӀын. Апчарэ мафӀэм пэропхъуэри, мафӀэм ис бэлагъыр къыпэрехыж. Щынэхужьыкъуэ, 25. [Алим] ПщӀантӀэм дыкъыдохьэжри – зэрыщытащ, унэм дыщӀохьэжри – ари аращ, ауэ тета шхыныр исри Ӏисраф хъуащ, пшхы мыхъужыну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. Къум джафэм и махуэр Дыгъэпсу хуабейщ, Бэуэни слъэмыкӀыу Лыгъаем щӀыр ес…ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 32. 2. (3). Зыгуэрым щӀыӀэ еуэкӀын, егуэуэн. Хьэбибэ и щхьэгъусэ Темыркъан мыгъуэр псэути, зэлӀзэфызыр гъуэрыгъуэу щыст, жэмыр лъхуэрэ шкӀэр щӀыӀэм исым, жаӀэу гузавэу. Щынэхужьыкъуэ, 9. Си лъагъуныгъэм, щӀалэ лъапцӀэу, Уэшхыпсым хэту къиущыхьырт, Лъэдакъэр плъыжьу щӀыӀэм исырт, ИтӀани мафӀэр псэкӀэ ихьырт. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. ◊ Пэцыр мафӀэм исын (1). Еплъ пэц. Шхуми шэми исын (1). Еплъ шху.