ирихьэлӀэжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ирохьэлӀэж)

1. Зыгуэрым хуэзэжын, ӀущӀэжын.

рувстретиться с кем-чем-л. снова

СыкъыщыкӀуэжми сызэрыкӀуа автобус дыдэм срихьэлӀэжащ.

2. Зыгуэрым аргуэру а щӀыпӀэ дыдэм щыхуэзэжын.

рузастать снова на прежнем месте кого-что-л.

3. Зы зэман гуэрым хуэзэу зыщӀыпӀэ нэсыжын.

рууспеть, не опоздать к чему-л.

Шэджагъуашхэм срихьэлӀэжащ.

Kitapta geçtiği hali

ирихьэлӀэжын (ирохьэлӀэж) неперех. гл. 1. встретиться с кем-чем-л. снова / Зыгуэрым хуэзэжын, ӀущӀэжын. СыкъыщыкӀуэжми сызэрыкӀуа автобус дыдэм срихьэлӀэжащ. 2. застать снова на прежнем месте кого-что-л. / Зыгуэрым аргуэру а щӀыпӀэ дыдэм щыхуэзэжын. 3. успеть, не опоздать к чему-л. / Зы зэман гуэрым хуэзэу зыщӀыпӀэ нэсыжын. Шэджагъуашхэм срихьэлӀэжащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ирохьэлӀэж)

Зыгуэрым хуэзэжын, ӀущӀэжын. –57.

[Алыджыкъуэ:] Гъатхэ хадэ щӀэгъуэ хъуху ӀэнатӀэ гуэр сыӀуту сылажьэрэ ахъшэ хьэзыр тӀэкӀу си жыпым илъу сыздэкӀуэжым сахыхьэжмэ, дауи, нэхъыфӀт, пщӀэну щыткъым узрихьэлӀэжынур.— МелыӀыч, 449

+2 örnek

И унэгуащэр зэрылъхуэн хуейри махуэ зыбжанэ дэкӀати, махуэ къэс нобэ лъхуауэ срихьэлӀэжынщ, жиӀэу Астемыр гугъэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56

Чачи кӀэбгъу зищӀауэ мэкӀуэж, си джэду шыр къомыр псэууэ срихьэлӀэжащэрэт, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514

Atasözleri (1)

уи япэкӀэ бгъажэ мывэм урохьэлӀэж

Еплъ: япэкӀэ

Kitapta geçtiği hali

ИРИХЬЭЛӀЭЖЫН (ирохьэлӀэж) лъэмыӀ. (3). Зыгуэрым хуэзэжын, ӀущӀэжын. [Алыджыкъуэ:] Гъатхэ хадэ щӀэгъуэ хъуху ӀэнатӀэ гуэр сыӀуту сылажьэрэ ахъшэ хьэзыр тӀэкӀу си жыпым илъу сыздэкӀуэжым сахыхьэжмэ, дауи, нэхъыфӀт, пщӀэну щыткъым узрихьэлӀэжынур. МелыӀыч, 449. И унэгуащэр зэрылъхуэн хуейри махуэ зыбжанэ дэкӀати, махуэ къэс нобэ лъхуауэ срихьэлӀэжынщ, жиӀэу Астемыр гугъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 56–57. Чачи кӀэбгъу зищӀауэ мэкӀуэж, си джэду шыр къомыр псэууэ срихьэлӀэжащэрэт, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. ☐ Уи япэкӀэ бгъажэ мывэм урохьэлӀэж (1). Еплъ япэкӀэ.

Düzeltme Öner

ирихьэлӀэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.