зэщӀэгъэнэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЗэщӀэнэн псалъэм и каузатив.
рукаузатив к зэщӀэнэн
Софят тракторыр зэщӀигъанэри шэсащ. Щ. Ӏ. АрщхьэкӀэ, щӀалэ цӀыкӀур шхын хуабэншэу къигъэнэныр игу темыхуэу, Зырамыкум мафӀэр зэщӀигъанэри пщэфӀэну шыуаныр зэфӀидзащ. Т. Хь. Дыгъэр пшэ фӀыцӀэ гуэрэн кӀыхьым къухьэри уафэм и щӀэлъэныкъуэр лыгъэ зэфэзэщу зэщӀигъэнащ. КӀ. Т.
Kitapta geçtiği hali
зэщӀэгъэнэн каузатив к зэщӀэнэн I / ЗэщӀэнэн I псалъэм и каузатив. Софят тракторыр зэщӀигъанэри шэсащ. Щ. Ӏ. АрщхьэкӀэ, щӀалэ цӀыкӀур шхын хуабэншэу къигъэнэныр игу темыхуэу, Зырамыкум мафӀэр зэщӀигъанэри пщэфӀэну шыуаныр зэфӀидзащ. Т. Хь. Дыгъэр пшэ фӀыцӀэ гуэрэн кӀыхьым къухьэри уафэм и щӀэлъэныкъуэр лыгъэ зэфэзэщу зэщӀигъэнащ. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀегъанэ)
1. Ежьэжын папщӀэ къызэщӀэгъэплъэн, лажьэу щӀегъэдзэн.
Къазджэрий унэмкӀэ ежьащ, асыхьэту къигъэзэжри машинэ зэщӀагъэнэжам екӀуалӀэри и хьэзырылъэм къриха зы хьэзыр хужь дахэ Лу хуишиящ: – Мэ, фэеплъу, нэгъуэщӀ сиӀатэми, уэстынут, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537
+1 örnek
Локотош мотоциклыр зэщӀигъанэри асыхьэту ункӀыфӀыжащ.— Нал къута, 242
2. ЗэщӀэгъэстын, къэгъэлыдын.
– Бысымым примусыжь гуэр зэщӀигъанэну дурэшым къыдихащ.— МелыӀыч, 447
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:] Тхьэм ещӀэ, и лӀым гу щимыхуэу зауэм ягъэкӀуа, езы цӀыхубзым сигъэтӀысри пэшхьэкур зэщӀигъэнащ, пхъэ гъур тӀэкӀу щылъыр ирилъхьащ.— МелыӀыч, 440
ЗэщӀагъанэ псынщӀэу мафӀэ, ЦӀыкӀухэм дадэр зэдагъафӀэ. «— Тисей, 483
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭГЪЭНЭН (зэщӀегъанэ) лъэӀ. (9). 1. (4). Ежьэжын папщӀэ къызэщӀэгъэплъэн, лажьэу щӀегъэдзэн. Къазджэрий унэмкӀэ ежьащ, асыхьэту къигъэзэжри машинэ зэщӀагъэнэжам екӀуалӀэри и хьэзырылъэм къриха зы хьэзыр хужь дахэ Лу хуишиящ: – Мэ, фэеплъу, нэгъуэщӀ сиӀатэми, уэстынут, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537. Локотош мотоциклыр зэщӀигъанэри асыхьэту ункӀыфӀыжащ. Нал къута, 242. 2. (5). ЗэщӀэгъэстын, къэгъэлыдын. – Бысымым примусыжь гуэр зэщӀигъанэну дурэшым къыдихащ. МелыӀыч, 447. [Алыджыкъуэ:] Тхьэм ещӀэ, и лӀым гу щимыхуэу зауэм ягъэкӀуа, езы цӀыхубзым сигъэтӀысри пэшхьэкур зэщӀигъэнащ, пхъэ гъур тӀэкӀу щылъыр ирилъхьащ. МелыӀыч, 440. ЗэщӀагъанэ псынщӀэу мафӀэ, ЦӀыкӀухэм дадэр зэдагъафӀэ. «Тисей», 483.