зэхэсын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхэсщ)
1. ЗэхэтӀысхьауэ щысын, гупу щысын.
русидеть вместе, одной компанией
Зэгуэрым лэжьэгъуэ нэужьым дышхэри мафӀэ тщӀыжауэ дыуэршэру дызэхэст. Ӏуащхь. Адыгэ хабзэжьым тету жэщ щӀыхьэху ящӀауэ, Къанэху, Мэрян, Дахэлинэ, Хъанигуащэ, нэгъуэщӀ фызитӀ зэхэст. Т. Хь. Я щыгъыныжь, Ӏэпслъэпс сыт ядыжу зы пщыхьэщхьэ гуэрым мэлыхъуэхэр мафӀэм къетӀысэкӀауэ зэхэст. КӀ. А.
2. Зы унагъуэу, зэхэмыкӀауэ псэун.
ружить вместе, одной семьей
Антинокъуэрэ Къанболэтрэ зэхэсу псэуащ. Н. Ш.
3. ЗэуӀуу зы щӀыпӀэм щысын (я пщыӀэхэр зэхэту); зы хьэблэу щысын. ИпэкӀэ вакӀуэ щытекӀым пхъэӀэщэ зыбгъупщӀ зэхэсу зэдэлажьэрт. фольк.
рураспологаться, находиться, жить в одном месте (о многих)
Kitapta geçtiği hali
зэхэсын (зэхэсщ) неперех. гл. 1. сидеть вместе, одной компанией / ЗэхэтӀысхьауэ щысын, гупу щысын. Зэгуэрым лэжьэгъуэ нэужьым дышхэри мафӀэ тщӀыжауэ дыуэршэру дызэхэст. Ӏуащхь. Адыгэ хабзэжьым тету жэщ щӀыхьэху ящӀауэ, Къанэху, Мэрян, Дахэлинэ, Хъанигуащэ, нэгъуэщӀ фызитӀ зэхэст. Т. Хь. Я щыгъыныжь, Ӏэпслъэпс сыт ядыжу зы пщыхьэщхьэ гуэрым мэлыхъуэхэр мафӀэм къетӀысэкӀауэ зэхэст. КӀ. А. 2. жить вместе, одной семьей / Зы унагъуэу, зэхэмыкӀауэ псэун. Антинокъуэрэ Къанболэтрэ зэхэсу псэуащ. Н. Ш. 3. распологаться, находиться, жить в одном месте (о многих) / ЗэуӀуу зы щӀыпӀэм щысын (я пщыӀэхэр зэхэту); зы хьэблэу щысын. ИпэкӀэ вакӀуэ щытекӀым пхъэӀэщэ зыбгъупщӀ зэхэсу зэдэлажьэрт. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхэсщ)
1. ЗэхэтӀысхьэу, гупу щысын. –67.
Бэлацэ и жагъуэтэкъым гуащэр къызэрелъэӀу и Ӏуэхутхьэбзэр хуищӀэну, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы дыдэр къалэм щӀэкӀуэн хуей щыӀэт – зыкъом лъандэрэ фэтыджэн ямыӀэу пщыхьэщхьэкӀэ кӀыфӀу зэхэст.— Хъуэпсэгъуэ нур, 305
+2 örnek
Хьэжыжь зыкъом къекӀуэлӀам абэ ящыгъыу, хьэжы сарыкъ плъыжри ящхьэрыгъыу зэхэст.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654
И къуэ нэхъыжьым лӀыжьыр гу цӀыкӀум иригъэтӀысхьэри, и къуэш курытым я пщӀантӀэм дишэри къыдинащ, къуэ курытым, пшапэр зэрызэхэуэу, гу цӀыкӀур лӀыжьыр зэрису и къуэш нэхъыщӀэм деж ишэри къыдинащ, нэхъыщӀэми и адэр и унэ щигъэӀэн имыдэу, и къуэш нэхъыжьым деж жэщым ишэжауэ нэху къекӀати, лӀыжьу хьэблэм дэсыр зэхуэсауэ зэкъуэшищым егийуэ зэхэсу, Мэмэт-щӀакъуэр яӀущӀати, езыри зыщӀэгупсысыжри, тхьэм елъэӀуащ: «Мыбы хуэдэу жьыкъат сыхъужыхукӀэ, ялыхь сумыгъэпсэу!»— Лъапсэ, 66
2. Ӏэнэм зэдыпэрысын.
Унэми джэгур щокӀуэкӀ, нэхъыжьхэр къэмытэджу зэхэсщ, я хъуэхъуэн щамыгъэту.— Лъапсэ, 117
+2 örnek
Аргуэру шхын гуэшын къамыублатэмэ, нэхъыбэри зэхэсынт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177
ХьэгъуэлӀыгъуэ гуэр къэхъуауэ ефэ-ешхэ гупышхуэ зэхэст, къызэщӀэплъауэ.— Лъапсэ, 45
3. Чэнджэщ гуэр щхьэкӀэ е Ӏуэхугъуэ гуэр яӀэу зэӀущӀэ егъэкӀуэкӀын.
Къуажэ Советым Нахъуэ, Астемыр, Къазджэрий, Исхьэкъ, Ахья сымэ щызэхэтӀысхьауэ зэхэсщ, пщэдей зэхэтыну зэӀущӀэм щыжаӀэнумкӀэ зэчэнджэщу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645
+1 örnek
Консилиумыр куэдрэ зэхэсакъым, псом жаӀэри зэтехуати.— Лъапсэ, 10
4. ЗэуӀуу зы щӀыпӀэм щысын, зы хьэблэу псэун.
Адыгэр игъащӀэм лъэпкъ-лъэпкъкӀэрэ, хьэблэ-хьэблэкӀэрэ зэхэсу я хабзэщ.— Нал къута, 291
+1 örnek
Зыкъомри зэхэсащ къайгъэ къамыгъэхъейуэ, къалэм кӀуэрэ псы къашэу, бэзэрым зыхуейр къыщащэхуу, лэжьапӀэ зыгъуэтри ӀэнатӀэм Ӏуувауэ, зымыгъуэтым хьэрычэт ищӀэу, мэжджытым кӀуэнури кӀуэуэ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭСЫН (зэхэсщ) лъэмыӀ. (54). 1. (32). ЗэхэтӀысхьэу, гупу щысын. Бэлацэ и жагъуэтэкъым гуащэр къызэрелъэӀу и Ӏуэхутхьэбзэр хуищӀэну, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы дыдэр къалэм щӀэкӀуэн хуей щыӀэт – зыкъом лъандэрэ фэтыджэн ямыӀэу пщыхьэщхьэкӀэ кӀыфӀу зэхэст. Хъуэпсэгъуэ нур, 305. Хьэжыжь зыкъом къекӀуэлӀам абэ ящыгъыу, хьэжы сарыкъ плъыжри ящхьэрыгъыу зэхэст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. И къуэ нэхъыжьым лӀыжьыр гу цӀыкӀум иригъэтӀысхьэри, и къуэш курытым я пщӀантӀэм дишэри къыдинащ, къуэ курытым, пшапэр зэрызэхэуэу, гу цӀыкӀур лӀыжьыр зэрису и къуэш нэхъыщӀэм деж ишэри къыдинащ, нэхъыщӀэми и адэр и унэ щигъэӀэн имыдэу, и къуэш нэхъыжьым деж жэщым ишэжауэ нэху къекӀати, лӀыжьу хьэблэм дэсыр зэхуэсауэ зэкъуэшищым егийуэ зэхэсу, Мэмэт-щӀакъуэр яӀущӀати, езыри зыщӀэгупсысыжри, тхьэм елъэӀуащ: «Мыбы хуэдэу жьыкъат сыхъужыхукӀэ, ялыхь сумыгъэпсэу!» Лъапсэ, 66–67. 2. (8). Ӏэнэм зэдыпэрысын. Унэми джэгур щокӀуэкӀ, нэхъыжьхэр къэмытэджу зэхэсщ, я хъуэхъуэн щамыгъэту. Лъапсэ, 117. Аргуэру шхын гуэшын къамыублатэмэ, нэхъыбэри зэхэсынт. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. ХьэгъуэлӀыгъуэ гуэр къэхъуауэ ефэ-ешхэ гупышхуэ зэхэст, къызэщӀэплъауэ. Лъапсэ, 45. 3. (4). Чэнджэщ гуэр щхьэкӀэ е Ӏуэхугъуэ гуэр яӀэу зэӀущӀэ егъэкӀуэкӀын. Къуажэ Советым Нахъуэ, Астемыр, Къазджэрий, Исхьэкъ, Ахья сымэ щызэхэтӀысхьауэ зэхэсщ, пщэдей зэхэтыну зэӀущӀэм щыжаӀэнумкӀэ зэчэнджэщу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645. Консилиумыр куэдрэ зэхэсакъым, псом жаӀэри зэтехуати. Лъапсэ, 10. 4. (4). ЗэуӀуу зы щӀыпӀэм щысын, зы хьэблэу псэун. Адыгэр игъащӀэм лъэпкъ-лъэпкъкӀэрэ, хьэблэ-хьэблэкӀэрэ зэхэсу я хабзэщ. Нал къута, 291. Зыкъомри зэхэсащ къайгъэ къамыгъэхъейуэ, къалэм кӀуэрэ псы къашэу, бэзэрым зыхуейр къыщащэхуу, лэжьапӀэ зыгъуэтри ӀэнатӀэм Ӏуувауэ, зымыгъуэтым хьэрычэт ищӀэу, мэжджытым кӀуэнури кӀуэуэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404.