зэхэлъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхэлъщ)
1. ЗэуӀуу щылъын.
рулежать вперемешку
Хьэпшыпхэр къетхъужьауэ зэхэлъщ. ЖьыщӀыгъэхэр зэхэлъщ.
2. Зэщымыщ лӀэужьыгъуэхэу зэхэтын.
русостоять из чего-л. разнородного, представлять собой смесь чего-л.
Къепхъыхыр куэду зэхэлът: дэшхуэ, кӀэнфет, бранык, ахъшэ жьгъей. КӀ. А.
3. Зыкъом, зыбжанэ зэгъэуӀуауэ щытын.
рубыть соединенным, составленным из нескольких частей, компонентов, единиц
Уэрэдыр едзыгъуитхуу зэхэлъщ.
Bu maddedeki ifadeler (3)
{я} насып зэхэлъын
Еплъ: насып
{я} шыгъупӀастэ зэхэлъын
Еплъ: шыгъупӀастэ
{я} Ӏуэху зэхэлъын
Еплъ: Ӏуэху
Kitapta geçtiği hali
зэхэлъын (зэхэлъщ) неперех. гл. 1. лежать вперемешку / ЗэуӀуу щылъын. Хьэпшыпхэр къетхъужьауэ зэхэлъщ. ЖьыщӀыгъэхэр зэхэлъщ. 2. состоять из чего-л. разнородного, представлять собой смесь чего-л. / Зэщымыщ лӀэужьыгъуэхэу зэхэтын. Къепхъыхыр куэду зэхэлът: дэшхуэ, кӀэнфет, бранык, ахъшэ жьгъей. КӀ. А. 3. быть соединенным, составленным из нескольких частей, компонентов, единиц / Зыкъом, зыбжанэ зэгъэуӀуауэ щытын. Уэрэдыр едзыгъуитхуу зэхэлъщ. {Я} насып зэхэлъын см. насып. {Я} шыгъупӀастэ зэхэлъын см. шыгъупӀастэ. {Я} Ӏуэху зэхэлъын см. Ӏуэху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхэлъщ)
Зыкъому зэхэтын.
Езы Абу-Деруиши и унэгуащэм мрамор фӀыцӀафэмрэ мрамор тхьэмбылыфэмрэ я дахагъэм дихьэхыу зэрыщытар и гум къэкӀыжати, щыгуфӀыкӀащ: «А мывэ зэмыфэгъуитӀыр зэхэлъу зы сатырыр фӀыцӀэу, зы сатырыр тхьэмбылыфэу мэжджытыр езгъэщӀмэ, дахащэ мыхъун уи гугъэ?»— Кхъэлэгъунэ, 376
+2 örnek
ГъущӀ зэхэлъу мывэ иныр – Швед лэжьакӀуэм арщ я тыгъэр, Я лэжьыгъэщ ар цӀыху минхэм, Арщ абыхэм яӀэр фӀыгъуэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 62
Мырзэ утыкум къоувэри икъукӀэ псалъэ хьэлэмэтхэр жеӀэ, усэ защӀэу зэхэлъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670
Deyimler (1)
[я] Ӏыхьэ зэхэлъын
Еплъ: Ӏыхьэ
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭЛЪЫН (зэхэлъщ) лъэмыӀ. (7). Зыкъому зэхэтын. Езы Абу-Деруиши и унэгуащэм мрамор фӀыцӀафэмрэ мрамор тхьэмбылыфэмрэ я дахагъэм дихьэхыу зэрыщытар и гум къэкӀыжати, щыгуфӀыкӀащ: «А мывэ зэмыфэгъуитӀыр зэхэлъу зы сатырыр фӀыцӀэу, зы сатырыр тхьэмбылыфэу мэжджытыр езгъэщӀмэ, дахащэ мыхъун уи гугъэ?» Кхъэлэгъунэ, 376. ГъущӀ зэхэлъу мывэ иныр – Швед лэжьакӀуэм арщ я тыгъэр, Я лэжьыгъэщ ар цӀыху минхэм, Арщ абыхэм яӀэр фӀыгъуэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 62. Мырзэ утыкум къоувэри икъукӀэ псалъэ хьэлэмэтхэр жеӀэ, усэ защӀэу зэхэлъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. ◊ [Я] Ӏыхьэ зэхэлъын (2). Еплъ Ӏыхьэ.