зэхэлъхьэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пшыналъэ зэхэгъэувэн/зэхэлъхьэн/ пщыналъэ зэхэгъэуцон/зэхэлъхьан → орэд/уэрэд УСЫН; BESTELEMEK
ЗЫ шӀын/~ щӀын, ЗЫ шӀыжьын/~ щӀыжын, зэхэлъхьан/зэхэлъхьэн, зэхэгъэхьан/зэхыгъэхьэн, зэгогъэхьан/зэгуэгъэхьэн; BİRLEŞTİRMEK
зэхэлъхьан/зэхэлъхьэн; KARIŞTIRMAK
зэхэлъхьэн/зэхэлъхьан; KARIŞTIRMAK
зэхэлъхьан/зэхэлъхьэн, зэхэтэкъон/ зэхэкӀутэн; KARIŞTIRMAK (katı şeyleri birbirine katmak)
зэхэлъхьан/зэхэлъхьэн → ЗЫ шӀын; BİRLEŞTİRMEK
зэхэлъхьэн/зэхэлъхьан → ЗЫ шӀын; BİRLEŞTİRMEK
Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэхелъхьэ)
1. Зыгуэрхэр зэхэлъу зы щӀыпӀэ щыгъэтӀылъын е зыгуэрым илъхьэн.
русмешать, перемешать что-л. вместе (о многом)
Пхъыр, помидорыр, нартыху гъэва хьэдзэр зэхэплъхьэрэ дагъэ тепкӀэмэ, сыт хуэдэу салатыфӀ хъурэ. Т. Хь.
2. Зэхэлъытэн, зэхэбжэн.
руприбавить одно число к другому, произвести сложение
Бжыгъэхэр зэхэлъхьэн.
3. Зыгуэрхэр зэхэгъэзэрыхьауэ зэӀыщӀауэ зы щӀын (хущхъуэ сыт хуэдэ). Хущхъуэ зэхэлъхьэн. КӀытэ зэхилъхьащ.
руприготовить (напр. лекарство, краску и т. п.)
4. Унагъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэхэм яйр, яӀэщӀэлъыр зы щӀауэ жылэм зэдай, я мылъку зэхэлъ щӀын; Ӏуэху гуэр щхьэкӀэ (ахъшэ) зэхуэхьэсын. {Мусэ:} -Дэ колхозу дызэгуохьэ. Къуажэм шыгурэ выгуу дэтыр зэхыдолъхьэ. Акъ. З.
русложиться, устроить складчину
5. Зыгуэр къэгупсысын, тхын.
русочинить, сложить, составить что-л. (напр. песню, стихи)
Усэ зэхэлъхьэн. Уэрэд зэхэлъхьэн. {Къазджэрий:} -ЕгъэджакӀуэм лажьи-хъати иӀэкъым. Абы букварь къратар къиша къудейщ. Букварыр зэхэзылъхьар хэт жыфӀэмэ, сэращ. Ауэ сэри псалъэ фызот букварыр нэгъуэщӀу зэхэтлъхьэжыну. КӀ. А. Зауэ къэхъуамэ.. джэгуакӀуэхэмрэ сыринапщэхэмрэ зауэлӀхэр къызэщӀэзыӀэтэ усэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхалъхьэрт. Н. Ш. Хъуэрщэрыгъэхэр зэхилъхьэу, Ӏуэху щӀэн гугъухэр хъыджэбз цӀыкӀум ириту щӀидзащ {анэнэпӀэс бзаджэм}. Черк. таур.
6. ЕхьэлӀэн, зэхуэхьэсын (къару псори). Мурат и макъыр бгыщхьэмкӀэ къыщоӀу. Жэмал и къару псори зэхелъхьэ, абы нэхъ гъунэгъу зыхуищӀ и гугъэу и пщэр хешри мэгуо. Къ. Хь.
русобрать, напрячь (напр. силы)
Kitapta geçtiği hali
зэхэлъхьэн (зэхелъхьэ) перех. гл. 1. смешать, перемешать что-л. вместе (о многом) / Зыгуэрхэр зэхэлъу зы щӀыпӀэ щыгъэтӀылъын е зыгуэрым илъхьэн. Пхъыр, помидорыр, нартыху гъэва хьэдзэр зэхэплъхьэрэ дагъэ тепкӀэмэ, сыт хуэдэу салатыфӀ хъурэ. Т. Хь. 2. прибавить одно число к другому, произвести сложение / Зэхэлъытэн, зэхэбжэн. Бжыгъэхэр зэхэлъхьэн. 3. приготовить (напр. лекарство, краску и т. п.) / Зыгуэрхэр зэхэгъэзэрыхьауэ зэӀыщӀауэ зы щӀын (хущхъуэ сыт хуэдэ). Хущхъуэ зэхэлъхьэн. КӀытэ зэхилъхьащ. 4. сложиться, устроить складчину / Унагъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэхэм яйр, яӀэщӀэлъыр зы щӀауэ жылэм зэдай, я мылъку зэхэлъ щӀын; Ӏуэху гуэр щхьэкӀэ (ахъшэ) зэхуэхьэсын. {Мусэ:} -Дэ колхозу дызэгуохьэ. Къуажэм шыгурэ выгуу дэтыр зэхыдолъхьэ. Акъ. З. 5. сочинить, сложить, составить что-л. (напр. песню, стихи) / Зыгуэр къэгупсысын, тхын. Усэ зэхэлъхьэн. Уэрэд зэхэлъхьэн. {Къазджэрий:} -ЕгъэджакӀуэм лажьи-хъати иӀэкъым. Абы букварь къратар къиша къудейщ. Букварыр зэхэзылъхьар хэт жыфӀэмэ, сэращ. Ауэ сэри псалъэ фызот букварыр нэгъуэщӀу зэхэтлъхьэжыну. КӀ. А. Зауэ къэхъуамэ.. джэгуакӀуэхэмрэ сыринапщэхэмрэ зауэлӀхэр къызэщӀэзыӀэтэ усэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхалъхьэрт. Н. Ш. Хъуэрщэрыгъэхэр зэхилъхьэу, Ӏуэху щӀэн гугъухэр хъыджэбз цӀыкӀум ириту щӀидзащ {анэнэпӀэс бзаджэм}. Черк. таур. 6. переносное собрать, напрячь (напр. силы) / ЕхьэлӀэн, зэхуэхьэсын (къару псори). Мурат и макъыр бгыщхьэмкӀэ къыщоӀу. Жэмал и къару псори зэхелъхьэ, абы нэхъ гъунэгъу зыхуищӀ и гугъэу и пщэр хешри мэгуо. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэхелъхьэ)
1. Зыгуэр къэгупсысын, тхын (п.п., усэ, уэрэд н.къ.)
А уэрэдхэр езы Думэсарэ зэхилъхьэрт, е Астемыр хузэхилъхьэу, е и щхьэ Ӏуэху хэту, иныкъуэми и къуитӀым яхуиусу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 277
+2 örnek
Инал къэтэджащ: – ФынакӀуэ, «Инал и къафэ» жаӀэу къафэ щызэхалъхьакӀэ, едгъэуэнщ а къафэми, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597
Бжей мэзыжьхэм зэхалъхьауэ Сэ уи тхыдэм сегъэдэӀу.— Щхьэлыкъуэпс. «Батырыбжьэ», 21
2. Зыгуэрхэр зэхэгъэзэрыхьауэ, зэӀыщӀауэ зыгуэр къыхэщӀыкӀын (п.п., хущхъуэ с.ху.).
ЛӀыгъур цӀыкӀуи гу лъитащ: дадэ фоч гын зэхилъхьа и ужькӀэ, фокӀэщӀыр афэ джанэр зыфӀэлъым деж фӀэлъщи, къыфӀехри егъауэ, фоч гыныр хъуарэ мыхъуарэ зэхигъэкӀын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 101
+2 örnek
[Чачэ:] Щхьэ къагурымыӀуэрэ [Нахъуэ] цырибоныншэу хущхъуэ зэхэплъхьэ зэрымыхъур?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504
Фоч лъэдакъэри чэщейм къыхищӀыкӀри зэригъэпэщыжа нэужь, къабзэлъабзэуи илъэщӀыжри езым [ЛӀыгъур] зэхилъхьа фоч гынымкӀэ иузэдщ, игъэуэжри еплъати, Алыхьым къыузэритынт.— Лъапсэ, 111
3. Зыгуэрхэр зэхуэхьэсын; зы щӀын.
Щымыхъужым, ахъшэ зэхалъхьэри Исуф щхьэкӀэ шэсу уври кърагъэутӀыпщыжати, екӀуэлӀапӀэншэу уэрамым къыданэнт – аргуэру Мариамрэ Назифэрэ я деж къэкӀуащ, къелъэӀуну.— Лэчымэ, 397
+2 örnek
– Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, – Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым, – Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт. «— Тисей, 482
Астемыр къиувауэ къэпсалъэрт, колхоз зыдвгъэщӀи нэхъыфӀщ, ди мылъку зэхэтлъхьэрэ ди гуащӀэдэкӀри зы тщӀымэ, къуажэр унэнщ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627
4. Зэхэбжэн, зэхэлъытэн.
[Елдар псоми гу лъитат:] ЗэӀущӀэм хэту зи щхьэ фӀэхуа къомыр щилъагъум, езы Астемыррэ Нахъуэрэ гужьея хуэдэу зэрыщытыр – псори зэхилъхьэжри къыгурыӀуащ я Ӏуэху зэрымыщӀагъуэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660
+2 örnek
Борей Пыжьынэ зэрысцӀыхурэ Ӏэджи щӀащ, криминальнэ аборту абы къыхуэгъуари къыхуэмыгъуари зэхэлъхьи, игъэунэхъуар зыхуэдизыр къэпщӀэнщ, ауэ а цӀыхубзым и цӀэ ӀейкӀэ щыӀуар и анэ шыпхъу зи щхьэ закъуэ – зи лъакъуитӀу псэуар лӀа нэужьщ.— Лъапсэ, 20
Ди псыр къиуарэ, псыхьэлъахуэр Къуэм щызэхэслъхьэу зэзупсейрт.— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384
5. Зэхэгъэувэн. –641.
Уголовнэ кодекс жыпӀэнущи, гукӀэ ещӀэ [Мэмэт-щӀакъуэ], езым зэхилъхьа хуэдэу, зыгуэркӀэ следователь и ужьым къихьэмэ, хейуэ зэрыхэкӀын гъуэгу къегъуэтыф, следователым и Ӏуэхур фӀызэхегъэзэрыхьри.— Лъапсэ, 96
+2 örnek
Уеблэмэ, я нэхъыбитӀым ящыгъупщэжащ мыдрисэм щеджауэ зэрыщытар, ягури я псэри етауэ школым щрагъаджэ, алфавитыщӀэ зэхалъхьэ, тхылъ ятх, я акъыл къихь къагъанэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640
Сентябрым и 25-м Баку сынэсауэ фэзгъэлъагъунщ, жиӀэри Гитлер график
Kitapta geçtiği hali
ЗЭХЭЛЪХЬЭН (зэхелъхьэ) лъэӀ. (43). 1. (29). Зыгуэр къэгупсысын, тхын (п.п., усэ, уэрэд н.къ.) А уэрэдхэр езы Думэсарэ зэхилъхьэрт, е Астемыр хузэхилъхьэу, е и щхьэ Ӏуэху хэту, иныкъуэми и къуитӀым яхуиусу. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. Инал къэтэджащ: – ФынакӀуэ, «Инал и къафэ» жаӀэу къафэ щызэхалъхьакӀэ, едгъэуэнщ а къафэми, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597. Бжей мэзыжьхэм зэхалъхьауэ Сэ уи тхыдэм сегъэдэӀу. Щхьэлыкъуэпс. «Батырыбжьэ», 21. 2. (3). Зыгуэрхэр зэхэгъэзэрыхьауэ, зэӀыщӀауэ зыгуэр къыхэщӀыкӀын (п.п., хущхъуэ с.ху.). ЛӀыгъур цӀыкӀуи гу лъитащ: дадэ фоч гын зэхилъхьа и ужькӀэ, фокӀэщӀыр афэ джанэр зыфӀэлъым деж фӀэлъщи, къыфӀехри егъауэ, фоч гыныр хъуарэ мыхъуарэ зэхигъэкӀын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 101. [Чачэ:] Щхьэ къагурымыӀуэрэ [Нахъуэ] цырибоныншэу хущхъуэ зэхэплъхьэ зэрымыхъур? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504. Фоч лъэдакъэри чэщейм къыхищӀыкӀри зэригъэпэщыжа нэужь, къабзэлъабзэуи илъэщӀыжри езым [ЛӀыгъур] зэхилъхьа фоч гынымкӀэ иузэдщ, игъэуэжри еплъати, Алыхьым къыузэритынт. Лъапсэ, 111. 3. (5). Зыгуэрхэр зэхуэхьэсын; зы щӀын. Щымыхъужым, ахъшэ зэхалъхьэри Исуф щхьэкӀэ шэсу уври кърагъэутӀыпщыжати, екӀуэлӀапӀэншэу уэрамым къыданэнт – аргуэру Мариамрэ Назифэрэ я деж къэкӀуащ, къелъэӀуну. Лэчымэ, 397. – Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, – Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым, – Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт. «Тисей», 482. Астемыр къиувауэ къэпсалъэрт, колхоз зыдвгъэщӀи нэхъыфӀщ, ди мылъку зэхэтлъхьэрэ ди гуащӀэдэкӀри зы тщӀымэ, къуажэр унэнщ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627. 4. (3). Зэхэбжэн, зэхэлъытэн. [Елдар псоми гу лъитат:] ЗэӀущӀэм хэту зи щхьэ фӀэхуа къомыр щилъагъум, езы Астемыррэ Нахъуэрэ гужьея хуэдэу зэрыщытыр – псори зэхилъхьэжри къыгурыӀуащ я Ӏуэху зэрымыщӀагъуэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660. Борей Пыжьынэ зэрысцӀыхурэ Ӏэджи щӀащ, криминальнэ аборту абы къыхуэгъуари къыхуэмыгъуари зэхэлъхьи, игъэунэхъуар зыхуэдизыр къэпщӀэнщ, ауэ а цӀыхубзым и цӀэ ӀейкӀэ щыӀуар и анэ шыпхъу зи щхьэ закъуэ – зи лъакъуитӀу псэуар лӀа нэужьщ. Лъапсэ, 20. Ди псыр къиуарэ, псыхьэлъахуэр Къуэм щызэхэслъхьэу зэзупсейрт. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. 5. (3). Зэхэгъэувэн. Уголовнэ кодекс жыпӀэнущи, гукӀэ ещӀэ [Мэмэт-щӀакъуэ], езым зэхилъхьа хуэдэу, зыгуэркӀэ следователь и ужьым къихьэмэ, хейуэ зэрыхэкӀын гъуэгу къегъуэтыф, следователым и Ӏуэхур фӀызэхегъэзэрыхьри. Лъапсэ, 96. Уеблэмэ, я нэхъыбитӀым ящыгъупщэжащ мыдрисэм щеджауэ зэрыщытар, ягури я псэри етауэ школым щрагъаджэ, алфавитыщӀэ зэхалъхьэ, тхылъ ятх, я акъыл къихь къагъанэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640–641. Сентябрым и 25-м Баку сынэсауэ фэзгъэлъагъунщ, жиӀэри Гитлер график