зэрылъагъун

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

görüşmek
DoğuзэрылъагъунзэӀущӀэнзэхуэзэн
BatıзэрэлъэгъунзэӀукӀэнзэфэзэн
Kitapta geçtiği hali

зэрылъагъун/зэрэлъэгъун; GÖRÜŞMEK

зэрэлъэгъун/зэрылъагъун (зэрэлъэгъу/зэролъагъу); зэӀукӀэн/зэӀущӀэн (зэӀокӀэ/зэӀуощӀэ); зэфэзэн/зэхуэзэн (зэфэзэ/зэхуозэ); GÖRÜŞMEK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэролъагъу)

1. Зым зыр илъагъун, я нэ зэтеплъэн.

рувидеть друг друга

Адэмрэ и къуэмрэ игъащӀэм зэрылъэгъуатэкъым, зэрыцӀыхуатэкъым.— Нартхэр

+2 örnek

Ӏэсятрэ а Къызбрун дэс цӀыхубз Ӏэзэмрэ зэныбжьэгъушхуэщ. Зэрымылъагъумэ, зэхуозэш, зэшитӀ я бынуи зэхуогумащӀэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Уафэр къыщыхъуэпскӀкӀэ, мэз Ӏув зыкӀэрыт къуэ кӀуэцӀ куур плъагъурт. Езы щӀалэ цӀыкӀуитӀыр зэрылъагъужтэкъым.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

2. ЗэкӀэлъыкӀуэн, зэрыгъуэтын, зэпыщӀауэ щытын.

рувидеться друг с другом; навещать друг друга

ЩӀалитӀым я адэхэр зэныбжьэгъуфӀу, я шыгъупӀастэ зэхэлъу къэгъуэгурыкӀуат, езыхэри зэрыгъэгъуащэртэкъым, гуфӀэгъуэ яӀэми нэщхъеягъуэ яӀэми зэрылъагъурт.

Bu maddedeki ifadeler (2)

жагъуэу зэрылъагъун

Еплъ: жагъуэу

фӀыуэ зэрылъагъун

Еплъ: фӀыуэ

Kitapta geçtiği hali

зэрылъагъун (зэролъагъу) неперех. гл. 1. видеть друг друга / Зым зыр илъагъун, я нэ зэтеплъэн. * Адэмрэ и къуэмрэ игъащӀэм зэрылъэгъуатэкъым, зэрыцӀыхуатэкъым. Нарт. Ӏэсятрэ а Къызбрун дэс цӀыхубз Ӏэзэмрэ зэныбжьэгъушхуэщ. Зэрымылъагъумэ, зэхуозэш, зэшитӀ я бынуи зэхуогумащӀэ. Щ. Ӏ. Уафэр къыщыхъуэпскӀкӀэ, мэз Ӏув зыкӀэрыт къуэ кӀуэцӀ куур плъагъурт. Езы щӀалэ цӀыкӀуитӀыр зэрылъагъужтэкъым. Д. М. 2. переносное видеться друг с другом; навещать друг друга / ЗэкӀэлъыкӀуэн, зэрыгъуэтын, зэпыщӀауэ щытын. ЩӀалитӀым я адэхэр зэныбжьэгъуфӀу, я шыгъупӀастэ зэхэлъу къэгъуэгурыкӀуат, езыхэри зэрыгъэгъуащэртэкъым, гуфӀэгъуэ яӀэми нэщхъеягъуэ яӀэми зэрылъагъурт. Жагъуэу зэрылъагъун см. жагъуэу. ФӀыуэ зэрылъагъун см. фӀыуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэролъагъу)

ЗэкӀэлъыкӀуэн, зэпыщӀауэ щытын.

[Мэтхъэным жиӀэу:] Дызэрыгъэлъагъу, хъун? Инал дэрэ гъуэгуанэ мащӀэ здызэпытчакъым, зы фалъэм дишхыкӀащ. Уэри, Астемыр, гъусэ укъытхуэхъумэ, си гуапэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569

+2 örnek

Уэр щхьэкӀи зыгуэр къыздэсхьащ, Астемыр, – жиӀэри Мэтхъэныр Астемыр дежкӀэ еплъэкӀащ, – Ӏэджи щӀащ дызэрызэрымылъагъурэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566

[Асэтин джыназ Хъазбулатым Къылышбий и къуэм къыжриӀэу:] Дэ дызэрымылъагъумэ, хэт зэрылъагъун?— Хъуэпсэгъуэ нур, 116

Deyimler (2)

гурэ псэкӀэ зэрылъагъун

Еплъ: гу

фӀыуэ зэрылъагъун

Еплъ: фӀыуэ

Kitapta geçtiği hali

ЗЭРЫЛЪАГЪУН (зэролъагъу) лъэмыӀ. (4). ЗэкӀэлъыкӀуэн, зэпыщӀауэ щытын. [Мэтхъэным жиӀэу:] Дызэрыгъэлъагъу, хъун? Инал дэрэ гъуэгуанэ мащӀэ здызэпытчакъым, зы фалъэм дишхыкӀащ. Уэри, Астемыр, гъусэ укъытхуэхъумэ, си гуапэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Уэр щхьэкӀи зыгуэр къыздэсхьащ, Астемыр, – жиӀэри Мэтхъэныр Астемыр дежкӀэ еплъэкӀащ, – Ӏэджи щӀащ дызэрызэрымылъагъурэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566. [Асэтин джыназ Хъазбулатым Къылышбий и къуэм къыжриӀэу:] Дэ дызэрымылъагъумэ, хэт зэрылъагъун? Хъуэпсэгъуэ нур, 116. ◊ Гурэ псэкӀэ зэрылъагъун (2). Еплъ гу I. ФӀыуэ зэрылъагъун (5). Еплъ фӀыуэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

görüşmek temas

Düzeltme Öner

зэрылъагъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.