зэлъыӀухын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэлъыӀуех)

1. ЗэщӀэкъуэн, щхьэж и пӀэ игъэувэн.

руубрать, прибрать, привести в порядок что-л.

Унэр зэлъыӀухын. СтӀрлыр зэлъыӀухын. ПщӀантӀэр зэлъыӀухын.

2. ГъэщӀэрэщӀэн, дахэу гъэпсын (унэ кӀуэцӀсыт хуэдэхэр).

руобставить, меблировать что-л.

Восточнэ унэлъащӀэкӀэ зэлъыӀуха пэш иным щӀэхуэ къудейт хьэщӀэхэмрэ тырку хэгъэрейхэмрэ.— Шортэн Аскэрбий

Bu maddedeki ifadeler (1)

нэгур зэлъыӀухын

Еплъ: нэгу

Kitapta geçtiği hali

зэлъыӀухын (зэлъыӀуех) перех. гл. 1. убрать, прибрать, привести в порядок что-л. / ЗэщӀэкъуэн, щхьэж и пӀэ игъэувэн. Унэр зэлъыӀухын. СтӀрлыр зэлъыӀухын. ПщӀантӀэр зэлъыӀухын. 2. обставить, меблировать что-л. / ГъэщӀэрэщӀэн, дахэу гъэпсын (унэ кӀуэцӀсыт хуэдэхэр). * Восточнэ унэлъащӀэкӀэ зэлъыӀуха пэш иным щӀэхуэ къудейт хьэщӀэхэмрэ тырку хэгъэрейхэмрэ. Ш. А. Нэгур зэлъыӀухын см. нэгу.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэлъыӀуех)

ЗэщӀэкъуэн, щхьэж и пӀэ игъэувэжын.

Арыншэми ебгъаджэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

(зэлъыӀухащ)

ЗэщӀэкъуауэ щытын.

Нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ хадэм здисым [Дэрдэхь] зиплъыхьмэ, унэ зэтетыр къабзэу зэлъыӀухащ, Ӏэхуитлъэхуитщ, щхьэгъубжэр зэщӀолыдэ, щхьэгуэуи щӀащи, унащхьэм джэгу щыпщӀ хъун хуэдизу инщ, пщӀантӀэ кӀуэцӀым жыг хъарзынэхэр зэмылӀэужьыгъуэу дэтщ, жыг щӀагъыр жьыщӀэхущ, бассейн тӀэкӀуи псы къабзабзэ щхъуантӀэ хъужауэ изу итщ.— Аргъуей, 387

+1 örnek

ПэшиплӀрэ пщэфӀапӀэрэ хэту ящӀа унэр зы пэшым къыщӀэкӀрэ адрейм щӀыхьэурэ зэлъыӀуех, егъэкъабзэ, мэжьыщӀэ, мэпщафӀэ, и лӀым и щыгъын къабзэу, и шхын хьэзыру сыт щыгъуи кърырегъэхьэлӀэж [Нэху].— Кхъэлэгъунэ, 375

Kitapta geçtiği hali

ЗЭЛЪЫӀУХЫН I (зэлъыӀуех) лъэӀ. (14). ЗэщӀэкъуэн, щхьэж и пӀэ игъэувэжын. Арыншэми ебгъаджэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528.

ЗЭЛЪЫӀУХЫН II (зэлъыӀухащ) лъэмыӀ. (22). ЗэщӀэкъуауэ щытын. Нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ хадэм здисым [Дэрдэхь] зиплъыхьмэ, унэ зэтетыр къабзэу зэлъыӀухащ, Ӏэхуитлъэхуитщ, щхьэгъубжэр зэщӀолыдэ, щхьэгуэуи щӀащи, унащхьэм джэгу щыпщӀ хъун хуэдизу инщ, пщӀантӀэ кӀуэцӀым жыг хъарзынэхэр зэмылӀэужьыгъуэу дэтщ, жыг щӀагъыр жьыщӀэхущ, бассейн тӀэкӀуи псы къабзабзэ щхъуантӀэ хъужауэ изу итщ. Аргъуей, 387. ПэшиплӀрэ пщэфӀапӀэрэ хэту ящӀа унэр зы пэшым къыщӀэкӀрэ адрейм щӀыхьэурэ зэлъыӀуех, егъэкъабзэ, мэжьыщӀэ, мэпщафӀэ, и лӀым и щыгъын къабзэу, и шхын хьэзыру сыт щыгъуи кърырегъэхьэлӀэж [Нэху]. Кхъэлэгъунэ, 375.

Düzeltme Öner

зэлъыӀухын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.