зэгъэпщэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

karşılaştırmakmukayese etmek
Doğuзэгъэпщэн
Batıзэгъэпшэнзэпяплъын
kıyaslamakbirbiriyle kıyaslamak
Doğuзэгъэпщэн
Batıзэгъэпшэн
Kitapta geçtiği hali

зэгъэпшэн/зэгъэпщэн (зэрегъапшэ/ зэрегъапщэ); зэпяплъын (зэпяплъы); KARŞILAŞTIRMAK 2 (mukayese etmek)

зэгъэпщэн/зэгъэпшэн; KARŞILAŞTIRMAK 2 (mukayese etmek)

зэгъэпшэн/зэгъэпщэн (зэрегъапшэ/ зэрегъапщэ); KIYASLAMAK (birbiriyle ~)

Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зрегъапщэ)

Зыр зым егъэпщэн, зэхуегъэплъын.

русравнить, сопоставить кого-что-л. друг с другом

КӀыхьагъыр зэгъэпщэн. Я дахагъкӀэ хъыджэбзитӀыр зэгъэпщэн.

(зрегъапщэ)

1. Уи Ӏэпкълъэпкъым ехьэлӀауэ къэпщын.

рупримерить что-л. на себя

Бостейр зэгъэпщэн.

2. Зэлъытын, зэхуэгъэдэн.

русравнить кого-л. с собой

Bu maddedeki ifadeler (1)

Ӏэзэ зэгъэпщэн

Еплъ: Ӏэзэ

Kitapta geçtiği hali

зэгъэпщэн I (зрегъапщэ) перех. гл. сравнить, сопоставить кого-что-л. друг с другом / Зыр зым егъэпщэн, зэхуегъэплъын. КӀыхьагъыр зэгъэпщэн. Я дахагъкӀэ хъыджэбзитӀыр зэгъэпщэн. II (зрегъапщэ) перех. гл. 1. примерить что-л. на себя / Уи Ӏэпкълъэпкъым ехьэлӀауэ къэпщын. Бостейр зэгъэпщэн. 2. сравнить кого-л. с собой / Зэлъытын, зэхуэгъэдэн. III: Ӏэзэ зэгъэпщэн см. Ӏэзэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэрегъапщэ)

Зыр адрейм елъытын, зэхуеплъын.

ЩӀегъуэжакъым, Тыркум я псэукӀэмрэ ди псэукӀэмрэ зэригъапщэри, ди цӀыхур гъуэгу тэмэм зэрытетыр нэхъри и фӀэщ хъуати [Къазджэрий].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663

+2 örnek

[Дэфэрэдж:] Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ, нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀэну зэщхьщ.— Лъапсэ, 6

Щам е Тыркум адыгэхэм грамматикэкӀэ дызэджэ тхылъым папщӀэ бзэхабзэ жаӀэ, а тӀур зэбгъапщэмэ, шэч къытепхьэ хъунукъым адыгэр тхэуэ зэрыщытам, я тхыгъэр нобэ дызэрытхэ хьэрфхэм ещхьу щымытами.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529

(зрегъапщэ)

КъурӀэныбзэкӀэ духьэ къибжурэ зыгуэр къопщэну хуит щӀын.

Молэм и дзэ гъуэжь хъуахэм дзэкугъуанэ куэд яӀэти, жьы къыжьэдэкӀыр пхуэмышэчыну мэ Ӏейт, арщхьэкӀэ, Ӏузизэ и щхьэр иримыгъэзэкӀыу молэр зригъапщэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

Kitapta geçtiği hali

ЗЭГЪЭПЩЭН I (зэрегъапщэ) лъэӀ. (7). Зыр адрейм елъытын, зэхуеплъын. ЩӀегъуэжакъым, Тыркум я псэукӀэмрэ ди псэукӀэмрэ зэригъапщэри, ди цӀыхур гъуэгу тэмэм зэрытетыр нэхъри и фӀэщ хъуати [Къазджэрий]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. [Дэфэрэдж:] Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ, нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀэну зэщхьщ. Лъапсэ, 6. Щам е Тыркум адыгэхэм грамматикэкӀэ дызэджэ тхылъым папщӀэ бзэхабзэ жаӀэ, а тӀур зэбгъапщэмэ, шэч къытепхьэ хъунукъым адыгэр тхэуэ зэрыщытам, я тхыгъэр нобэ дызэрытхэ хьэрфхэм ещхьу щымытами. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529.

ЗЭГЪЭПЩЭН II (зрегъапщэ) лъэӀ. (1). КъурӀэныбзэкӀэ духьэ къибжурэ зыгуэр къопщэну хуит щӀын. Молэм и дзэ гъуэжь хъуахэм дзэкугъуанэ куэд яӀэти, жьы къыжьэдэкӀыр пхуэмышэчыну мэ Ӏейт, арщхьэкӀэ, Ӏузизэ и щхьэр иримыгъэзэкӀыу молэр зригъапщэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 69.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kıyas

Düzeltme Öner

зэгъэпщэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.